Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

Мы тхыдэ Iуэхугъуэр 1827 гъэм щIышылэм и 11-м къэхъуащ, уэркъ унэцIэ зезыхьэ балъкъэр лIыкIуэхэр Урысейм гухьэну лъаIуэу Ставрополь щыкIуам. Пащтыхьыдзэм и унафэщIу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ генерал ­Эммануэль балъкъэр таубийхэм къабгъэдэкI тхьэрыIуэр къищтащ икIи ар пащтыхь Николай II и деж нигъэсащ. Абдеж къыщежьащ балъкъэрхэмрэ урысхэмрэ я зэкъуэтыныгъэр.
Зэхыхьэм зэхуишэсат Къэбэрдей-Балъкъэрым и министерствэхэм, Iуэху­щIапIэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэм и цIыхухэр, жылагъуэ лэ­жьакIуэхэр, республикэм щыпсэу­хэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. 
Театр щIыхьэпIэм щагъэуват балъкъэрхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэхэр щагъэлъагъуэ дапхъэхэр. Абы хагъэхьащ балъкъэр лъэпкъым сурэтыщI гъуазджэмкIэ иIэ зэфIэ­кIыр къыщыгъэлъэгъуа «Моя Бал­кария» выставкэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр.
Балъкъэр лъэпкъым и тхыдэм трау­хуа концертыр ягъэдэхащ Газаев Алим, Текуев Амур, Габуевэ Зухра, Жубоев Жамболэт, Хъыжьрокъуэ ­СулътIан, Жаникаев Эльдар, Атмурзаевэ Танзиля, Абэнокъуэ Альмирэ, Габаев Тенджыз, «Балкария» Iуэры­Iуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблым, «Гордость Кавказа», «Арабеск», «Кабардинка», «Терские казаки» ансамблхэм, КъБР-м и Музыкэ театрым и хорым, нэгъуэщIхэми. 
 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.02.2026 - 09:29

Нэхъыжьхэм я дежщ къыщежьар

Дунейр къызэриухуар апхуэдэущи, зи щIалэгъуэхэм я жыджэрагъым, зэхэщIыкIым, гупсысэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ дэтхэнэ къэралми и къэкIуэнур: щIэблэ узыншэ, зэхэщIыкI куу зиIэ, щIэныгъэм хуэпабгъэ к

16.02.2026 - 09:28

Къэшэж Иннэ и фэеплъым деж

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и гупэм къит арт-ухуэныгъэм, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэ

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.