|
|
ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI
14 января, 2026 - 08:07
Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэбелджыла зэIущIэ. Iуэхур ирырагъэхьэлIащ Урыс географие зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 180-рэ зэрырикъумрэ ди республикэм абы и къудамэ къызэрыщызэIуахрэ илъэс 45-рэ зэрыхъумрэ.
ЗэIущIэм хэтащ къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ пэрытхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ ягъэзэщIахэм, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, щIалэгъуалэм папщIэ къызэрагъэпэща Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. Лъахэр къэхутэныр, щIыуэпсыр хъумэныр, дунейм и щэхухэр къэтIэщIыныр, джыныр - куэд къызэщIиубыдащ зэгухьэныгъэм хэтхэм я IуэхущIафэм.
«Урыс географие зэгухьэныгъэм» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм щIыналъэм Iуэху куэд зэрыщилэжьыр зэIущIэм къыщыхагъэщащ. Псом хуэмыдэу щхьэпэщ, курыт еджапIэм щIэсхэмрэ студентхэмрэ ди щIыуэпсыр хъумэным зэрыдрагъэхьэхыр, абы и тхыдэм теухуауэ щIэщыгъуэ куэд зэрырагъащIэр, щIыпIэ дахэхэм щIалэгъуалэм зэрызыщрагъэплъыхьыр.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|