Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ. ЖыпIэнурамэ, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ тротуаррэ лъэс лъагъуэ цIыкIуу псори зэхэту километр 50-м щIигъу зыхуей хуагъэзащ е щIэуэ яухуащ.

ПэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зэрагъэзэщIам и фIыгъэкIэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм: еджапIэхэм, сымаджэщхэм, сабий садхэм, спорт комплексхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм, нэгъуэщIхэми екIуалIэ лъэс лъагъуэхэр зэпэщ ящIащ, цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, тротуарыщIэхэр щаухуащ Дей, Малкэ, Ташлы-Тала, Каменкэ, Нейтринэ, Александровскэ жылэхэм я уэрамхэм икIи уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIагъэнэхуащ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ Налшык къалэм Нэгумэмрэ КIыщокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэми икIи ахэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Ауэ мы щIыпIэхэм, асфальт мыхъуу, тротуар плиткэхэр щралъхьащ. Ислъэмей, Нартан, Зэрэгъыж къуажэхэми лъэс лъагъуэщIэхэр щаукъуэдиящ.

Лэжьыгъэхэр щIыпIэ псоми щрагъэкIуэкIащ щыIэ мардэхэм тету, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэщыным, пIалъэ жыжьэкIэ ахэр зэрызекIуэным хуэунэтIауэ икIи 2026 гъэм абыхэм пащэнущ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.