|
|
ЕхъулIэныгъэхэр къахудэкIуэну!
31 декабря, 2025 - 06:03
ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ пщIэшхуэ зиIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хуэлажьэхэм.
ХьэщIэхэм яхэтащ щIыхь зиIэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, композиторхэр, уэрэджыIакIуэхэр, режиссёрхэр, театрым и актёрхэр, сурэтыщIхэр, IэпщIэлъапщIэхэр, архитекторхэр, щIыхь зиIэ къэфакIуэ ансамблхэм, библиотекэхэм, творческэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэр хуабжьу гуапэ- рэ нэхуу екIуэкIащ, дэтхэнэ зыми и гукъыдэжыр къыхуиIэту.
«ЗэIущIэм цIыху зэчиифIэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм дыщытепсэлъыхьащ: улахуэм и инагъым, нэхъыфIу лажьэхэр къызэрыхэгъэщыпхъэм, дяпэкIэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я унэтIыныгъэ хъунухэм. Къыхалъхьа жэр-дэм щхьэхуэхэм къытезгъэзэну мурад сщIащ, - щитхыжащ КIуэкIуэ Казбек и интернет напэкIуэцIым. - Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм сыт щыгъуи гуащIэу зыхащIэ зэманым къигъэув къалэнхэр. ГъащIэр къызэрыбгурыIуэн хуейри, лъэпкъ щIэиным и мыхьэнэри, ахэр хъума зэрыхъуну щIыкIэри абыхэм цIыхубэм деж нахьэсыф, ди къэралым щыпсэу цIыхухэри зэкъуегъэувэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм щхьэж и IэщIагъэм увыпIэ лъагэ щеубыд, я IэдакъэщIэкIхэм псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къыхэщрэ езыхэм къатехуэ жэуаплыныгъэр зэрызыхащIэм и щыхьэту къэуву.
ХьэщIэ лъапIэхэм гурэ псэкIэ фIыщIэ яхуэсщIащ, ИлъэсыщIэ угъурлы техьэну сехъуэхъуащ. Дэтхэнэ зыми абы творческэ ехъулIэныгъэхэр къыхуздихьыну си гуапэщ».
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|