ЖыгыщIэр зэрыбгъэшым елъытауэщ зэрыкIынур

Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ XXXIV ду­нейп­со Хъуромэ (Рождест­венс­кэ) егъэджэныгъэхэм хы­­хьэ X щIыналъэ Парламент зэхуэсыр. «ЩIэныгъэм­рэ цIыхугъэмрэ - хьэл-щэ­ным, гъэунэхуныгъэхэм я джэлэсщ» - арат зытеухуар. 
Зэхуэсым хэтащ Пяти­горск­, Черкесск Архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис мус­лъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, федеральнэ инспектору КъБР-м щыIэ КъуэщIысокъуэ Тимур, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс, депутатхэр, республикэм и министерст­­вэхэм я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, СВО-м хэт­хэм­рэ ветеранхэмрэ, нэ­гъуэщI­хэри.
- Хабзэ зэрыхъуауэ, дыгъэ­гъа­зэм и кIэм едгъэкIуэкI Парламент зэхуэсхэм дыщытопсэлъыхь жылагъуэм дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ­хэм, нобэрей гугъуехьхэм, абы­хэм я хэкIыпIэхэм. Абы дызэкъуегъэувэ щIыналъэ уна­фэщIхэр, депутатхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, - жиIащ зэхуэсыр къыщызэIуихым КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - XXI лIэщIыгъуэм щIэныгъэмрэ техникэмрэ къызэрымыкIуэу заужьащ. Ахэр къэзыгъэсэбэп цIыхубэми и щIэныгъэм, зэхэ­щIыкIым нэхъри хегъахъуэ. АрщхьэкIэ IэмалыщIэхэм гъэ­у­нэхуныгъэхэри къакIэлъокIуэ. Ди зэманым нэхъыщхьэр а зэхъуэкIыныгъэхэм цIыху псо­ми я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэр - хьэл-щэн дахэр, псэ къулейр, щэнхабзэр - ирамы­гъэ­кIуэтэкIынырщ. Ахэращ гъэсэныгъэм и лъабжьэу ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкIыр. Ди лъэпкъ хабзэхэм, тхыдэм и пэжыпIэм, щэнхабзэ щIэиным щIэблэр щIэпIыкIыныр Iуэху тыншкъым, зэгъусэу фIэкIаи дыпэлъэщынукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ мы зэманым ди къэралым Iуэху куэд зэфIегъэкI. ТхакIуэшхуэ Толстой Лев жиIэгъащ: «ЩIэныгъэм гъэсэ­ныгъэ щIымыгъумэ, зыри и уасэкъым». Ар лъабжьэ хуэпщI хъуну къыщIэкIынщ нобэрей ди зэхуэсым».
Бжыгъэ технологием и лъэхъэнэм цIыхум къыхуихьым, гъэсэныгъэр сабиигъуэм къы­зэрыщыщIидзэм тепсэ­лъы­хьащ Архиепископ Феофилакт: «ЖыгыщIэр зэрыбгъэшым елъы­тауэщ зэрыкIынур. Ап­хуэдэ дыдэу щIэблэр зыщIэдгъэдэIум хуэдэущ и гъуэгур зэриунэтIынур». Епископ Задонский Тихон 18-нэ лIэщIы­гъуэм жиIауэ щыта мы псалъэхэр ди нобэми мыхьэ­нэшхуэ яIэщ. Абы лъандэрэ абы и купщIэр мыкIуэдауэ, иджыпс­туи ди гъуэгугъэлъагъуэ пэлъытэщ».
Сыжажэ Алим жиIащ сыт хуэдэ фIыгъуэми и лъабжьэр зэ­къуэтыныгъэр зэрыарар. Абы къыхигъэщащ динри щэн­хабзэри зэхуэмыдэу дунейм къыщIытригъэхьар «ды­зэ­ныкъуэкъун» папщIэ мы­хъуу, ахэр гуапагъэм и мы­хьэнэр зыхэтщIэнымкIэ, зым адрейр къыгурыIуэу зэде­кIуэкIынымкIэ, IуэхуфIхэм зэгъусэу елэжьынымкIэ зэрыIэмалыфIыр. «Псори зэщхьу ды­къигъэщIамэ, зыри тфIэ­гъэ­щIэгъуэнынутэкъым. Лъэ­п­къ нэхъыфI е нэхъ Iей щыIэкъым, дызэрыцIыхун, дызэгурыIуэн хуейуэ аращ. ЦIыху нэмысын­шэм псори егъэпуд, зигу къабзэм зэIусэм псэ хелъхьэф. ЦIыху еджар и Хэкуми хуэпэ­жынущ, къэралым кърита ­къулыкъури и щхьэ IуэхукIэ къи­мы­гъэсэбэпу, сэбэп нэхъыбэу зэрыхъуным, псапэ ищIэ­ным хущIэкъунущ. Апхуэ­дэ дуней тетыкIэщ гъэунэхуныгъэхэм дызэрыпхыкIыфынур», - жиIащ абы. 
КъыдэкIуэтей щIэблэм я гъэ­сэныгъэм епха Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, нэгъуэщIхэри.
Парламент зэхуэсхэр илъэсипщI хъуауэ зэрекIуэкIым и щIыхькIэ, дамыгъэ лъапIэхэр зэIущIэм щатащ. ЩIалэгъуа­лэр гъэсэнымрэ дин зэгуры­Iуэныгъэ щыIэнымрэ хэлъ­хьэ­ныгъэ зэрыхуищIым папщIэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ Пятигорск, Черкесск Архиепископ Феофилакт. Хабзэубзыху IуэхущIапIэ и Уна­фэщIым и ФIыщIэ тхылъ иратащ щIыналъэ Хъуромэ пар­ламент зэхуэсхэр егъэкIуэ­кIыныр зыгъэхьэзырахэм. 
Егоровэ Татьянэ къыхуа­гъэфэщащ Пятигорск, Чер­кес­ск Епархием «За труды на благо Пятигорской Епархии» дыжьын медалыр. Архиерейскэ щIыхь тхылъыр иратащ КъБР-м и Парламентым Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спор­тымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 
КъищынэмыщIауэ, абдеж щагъэлъэпIащ «Егъэджа­кIуэм и щэнхабзэ лIыгъэм папщIэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр. ЩIыхь тхылъ­хэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ Феофилакт яритыжащ уры­сы­б­зэмрэ литературэмкIэ егъэ­­джакIуэхэу Диденкэ Оль­гэрэ (Александровская станицэм и ещанэ школ) Щомахуэ Ларисэрэ (Тэрч къалэм дэт курыт школ №2), тхыдэр езыгъэдж Тэнащ Залинэ (Урыху къуажэм дэт школ №1), Благовещенкэ щыщхэу Жашуевэ Хьэуа (инджылызыбзэмкIэ егъэджа­кIуэ), ПщыцIыкIу Джульеттэ (тхы­дэмкIэ егъэджакIуэ) сы­мэ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.