Дыгъэгъазэм и 27-р Урысейм и КъегъэлакIуэм и махуэщ. Нобэ илъэс 35-рэ ирокъу Урысейм КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэр.
А лъэхъэнэм IэнатIэр зэтеуващ, дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзыр цIыхухэм я лIыгъэмрэ IэщIагъэмрэ я дамыгъэ хъуащ. Нобэ Урысей МЧС-р сыт хуэдэ щытыкIэ гугъуми зэпэщу бгъэдыхьэф IэнатIэ лъэщщ.
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм екIуу зэфIегъэкI къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ апхуэдэхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжынымкIэ я къалэнхэр.
IэнатIэм и лэжьакIуэхэр махуэ къэс, я гъащIэм емыблэжу, пэрохьэ цIыхухэр мафIэсхэм, псы-дзэхэм, щIы хъейхэм, нэгъуэщI къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къыщегъэлыным.
ЛэжьакIуэхэм я псэемыблэжагъыр къыщагъэлъагъуэ дэтхэнэ Iуэхуми. А IэщIагъэм ирилажьэхэм я хьэл-щэным щынэхъыщхьэр къызэрымыкIуэ щытыкIэхэми нэгъуэщIхэми деж зэщIэкъуауэ, мыгужьейуэ я къалэнхэр ягъэзэщIэнырщ. Дэтхэнэми къыгуроIуэ IэщIагъэм пылъ шынагъуэр, ауэ цIыхухэм ядэIэпыкъуну зэрыхуейр япэ ирагъэщ. Абыхэм псом хуэмыдэу куууэ зыхащIэ жыла-гъуэм деж щаIэ жэуаплыныгъэшхуэр, хуэныкъуэ дэтхэнэми зыщIэгъэкъуэным хуэхьэзыру щытын зэрыхуейр.
Нобэ IэнатIэм игъэлъапIэ юбилейм дигу къегъэкIыж махуэ къэс ди къэралым и дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм хуэсакъхэм яхуэфащэ гулъытэ яхуэщIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ министерствэм щылажьэхэм мы махуэм псалъэ дахэ хужаIэ, щIыхь тхылъхэмрэ дипломхэмрэ ират, цIэ лъапIэхэр хуагъэфащэ, хъуэхъу телеграммэхэм къахуоджэ.
ФIыщIэ фхудощI фи лIыгъэм, Iуэхум фызэрыхуэпэжым папщIэ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.