Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, «Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Бахъсэн щIыналъэм и Псыхъурей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэ щаухуэ, тIысыпIэу 300 иIэу.
Метр зэбгъузэнатIэу мин 1,4-м щIигъу зрагъэубыда ухуэныгъэщIэр щаIэтащ абы ипэкIэ щыта, 1959 гъэм яхуа унэжьыр здэщытам деж. Иджыпсту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я гъусэу ЩэнхабзэмкIэ унэм къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIынущ. Абы и фIыгъэкIэ, унэ кIуэцIым щрагъэкIуэкIыну концертхэм, зэхуэсхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм, щIыналъэ зэпеуэхэм, н.къ. къадэкIуэу, къуажэдэсхэм IэмалыфIхэр яIэнущ хьэуа къабзэм хэсу загъэпсэхуну, абдежым щызэхуэсыну, я нэгу зыщрагъэужьыну, Iуэхугъуэ гуэрхэри къыщызэрагъэпэщыну.
ИджыпстукIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэщIэм и блынхэр яIэтащ, унащхьэр тралъхьащ, бжэ-щхьэгъубжэхэр хагъэуващ, инженер коммуникацэхэр, хуабэр ирашалIэ, пэшхэр къращIыкI. Гулъытэ хэха хуащIынущ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм. Абыхэм щхьэкIэ пандусхэр ягъэувынущ, ищхьэ къатхэм удэзышей подъемник хэтынущ, гъуэгугъэлъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, бжэIупэ IухьэпIэм машинэ гъэувыпIэ щащIынущ.
2026 гъэм лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
ХьэпцIейм и уэрамхэр
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и Хамидие (ХьэпцIей) къуажэм щыпсэухэм я лъэIукIэ Къудеймрэ Бориймрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр зыхуей хуагъэзэнущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну щIыпIэхэм километри 4,9-рэ я кIыхьагъщ.
ХьэпцIей къуажэр районым щынэхъ пхыдза жылэхэм хохьэ икIи цIыху мин I,7-м щIигъу щопсэу. Илъэс куэд щIауэ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр абы и уэрамхэм щрагъэкIуэкIакъым, гъуэгухэри екIэкIуащ, псом хуэмыдэу бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм ущызекIуэну гугъу хъуащ.
Уэрамхэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, гъуэгущхьэхэр абыхэм щытратхъунщIыкIынущ, я лъабжьэхэр ягъэбыдэнущ, иужькIэ, асфальтыщIэ тралъхьэжынурэ псы жапIэхэри хуащIынущ. Абыхэм къадэкIуэу, лъэс лъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, социальнэ ухуэныгъэхэм: сымаджэщ, еджапIэ, къуажэ администрацэм и хэщIапIэ, н.къ. я бжэIупэхэм уIухьэну нэхъ тынш ящIу, ахэр зыхуей хуагъэзэнущ.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.