«Лъы тыи, гъащIэр къегъэл!»

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Сымаджэщ нэхъыщхьэм лъы тыным теухуа Iуэху щекIуэкIащ. Лъы зыхрагъэшыну абы къекIуэлIащ IэнатIэхэм, Урысей МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ щыIэм я лэжьакIуэхэр. 

Полицейхэр куэдрэ ирохьэлIэ щытыкIэ гугъухэм икIи къагуроIуэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ ихуам и чэзум дэIэпыкъун зэрыхуейр, псом хуэмыдэу лъы хуэныкъуэм. 
Къудамэм и унафэщIхэм къызэрагъэпэща Iуэхум хэтащ полицэм и лэжьакIуэ 40-м нэблагъэ. Зэман куэд хъуауэ донорхэм къахыхьащ лъы ятыну мурад зыщIахэр. ЯпэщIыкIэ псори медицинэ къэпщытэныгъэм пхыкIащ.
Медицинэ IуэхущIапIэм и администрацэм полицейхэм фIыщIэ яхуищIащ щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм гъащIэхэр къыщегъэлыным къыщагъэсэбэпыну лъы гъэтIылъыгъэм хэплъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ. 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.03.2026 - 09:14

Щыпэрытщ къэралпсо зэхыхьэхэми

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерст­вэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.03.2026 - 09:13

Щэнхабзэм хузэфIэкIахэр Балъкъ къыщапщытэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджы­благъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

17.03.2026 - 09:03

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

16.03.2026 - 14:57

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к