|
|
ГукъэкIым фIэщхъуныгъэ къыщыпхилъхьэкIэ
22 декабря, 2025 - 06:17
Жылагъуэм къыбгъэдэкI жэрдэмыр лъэныкъуэ куэдкIэ гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхухэр зэхуэзышэри, зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщыну гукъэкI езыгъэщIри жылагъуэ гъащIэм гулъытэ щызымыгъуэт е къэIэтын хуей Iуэхугъуэхэрщ. Япэрауэ, зы гупсысэм зэкъуигъэувэ, унафэрэ кIуэрабгъурэ зыгъуэтыпхъэ Iуэхухэм я гумэщIыгъуэм зэришалIэ цIыхухэм я фIыгъэкIэ къэрал хабзэм ихъумэну хьэкъ зыщищIыж жылагъуэ хуитыныгъэхэм «бэуапIэ» ягъуэт, етIуанэрауэ, къыхалъхьэ жэрдэмхэм Iэмалхэр утыкум къралъхьэ, цIыхубэмрэ къэралымрэ зэпызыщIэ «лъэмыжыр» тралъхьэ.
ЩIыналъэхэм къыщыхъу зэпэщIэтыныгъэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр зыдж щIэныгъэлIхэм, е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, конфликтологхэм, зэрыжаIэмкIэ, социальнэ щытыкIэ щхьэхуэхэм къашэнкIэ хъуну бырсырхэр зыхуэгъэужьыхыфынур жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я закъуэщ. Къэралым Iэмалрэ хэкIыпIэрэ къызыхуимыгъуэта Iуэху зэхэмыбзыр «ищIагъхэм» къыщежьэ жэрдэмкIэ зыгъэупщIыIуф зэгухьэныгъэхэрщ граждан зэхущытыкIэхэр зыгъэпсыр, лъэныкъуэхэм я гупсысэкIэрэ Iуэху еплъыкIэрэ зэхалъхьэжурэ цIыхубэр зыхуэныкъуэ, лъэданэ ина гуныкъуэгъуэхэр зэфIэзыхыр. А конфликтолог дыдэхэм зэрыжаIамкIэ, Кавказ щIыналъэм хуэдэу сыт хуэдиз гугъуехь пэщIэмыувэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр жыджэру икIи купщIафIэу щылажьэ хэгъэгу Урысейм иIэкъым.
Кавказым ит жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьэкIэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэну нэщэнэ зыбжанэ къыхагъэкI: япэрауэ, дэтхэнэри Iуэхугъуэ щхьэхуэм толажьэ, нэхъыбэ къызэщIрагъэубыдэн, зыхуагъэувыж къалэнхэр нэхъыфIу ягъэзэщIэн папщIэ; етIуанэрауэ, ахэр зэрощIэ, зэрызэдэлэжьэн хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ, акъыл зэхэдзэ ящ1; ещанэрауэ, зэгухьэныгъэхэр зэдыщIэкIыу зытелажьэр лъэпкъым и щыIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ къалэнхэм я закъуэкъым, гулъытэшхуэ ягъуэт цIыхум и псэкупсэ дунейр езыгъэфIакIуэ Iуэхухэми.
Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, щолажьэ адыгэбзэм фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зи пщэ дэзымылъхьэж, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр, тхыдэмрэ географиемрэ джыныр къалэну къэзыщта Адыгэ тхыдэ-географие зэгухьэныгъэр, нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ литературэр фIыуэ зылъагъухэм, щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ кIэлъыплъхэм, узыншагъэр гъащIэм щынэхъыщхьэу къэзылъытэхэм, нэгъуэщI куэдми епха я зэгухьэныгъэхэр. Абы къегъэлъагъуэ щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм хэтхэм дунейр зэрыщхъуэкIэплъыкIэр къазэрыгурыIуэр. Зи лэжьыгъэрэ зи Iуэху щIэкIэкIэ щIэщыгъуэ, жэрдэм хьэлэмэтхэр къыхилъхьэурэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэр гъунэгъуу зэрешалIэ щыIэкIэ-псэукIэ узыншэр гъащIэм и лъабжьэу гъэувын хуейуэ къэзылъытэ, абы телажьэ «Аннэ» гупыр. Иджыблагъэ абы къызэригъэпэщащ «Пасэрей IэщIагъэхэм яхэлъ щIэр» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтыр.
ЩIалэгъуалэм я унэм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэлзэ Мысост Екатеринэ, КъБР-м лъэпкъ политикэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт Анатолэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм гъуазджэмрэ художественнэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI ПащIэ Рамед, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Тарим Алисэ, нэгъуэщIхэри.
Утыку кърахьа гъэлъэгъуэныгъэм хэлъ сурэтхэр, Iэпэщысэхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр зи IэдакъэщIэкIыр «Аннэ» хасэм хэтхэмрэ абыхэм дарэгъу къахуэхъуа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэмрэщ. КъБР-м лъэпкъ политикэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и субсидиехэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм етынымкIэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм къыщыхэжаныкIат «Аннэ» хасэр. А текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэфIэкIхэр утыку кърахьащ. Къыхэгъэщын хуейщ министерствэм хасэм кърита грантым ипкъ иткIэ лэжьыгъэ 70 зэригъэхьэзырар, ахэр унэтIыныгъэ зыбжанэм ятещIыхьауэ зэригъэпсар. Апхуэдэу, иужьрей гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ гуащэхэмрэ удззэхэблэхэмрэ я плIанэпэ щхьэхуэ, иIэщ пхъэм, гъущIыкIэм, тIатIийм къыхэщIыкIа сурэтхэм, уахуэзэнущ къэкIыгъэ щхьэхуэхэм я тхьэмпэхэм къыхэщIыкIа IэрыкIхэм.
«Пасэрей IэщIагъэхэм яхэлъ щIэр» пэхуэщIэм и гъуазэр Жиздюк Маринэщ. Гъэлъэгъуэныгъэм хасэм хэт цIыхубз 30-м я IэдакъэщIэкIхэр къызэщIиубыдащ. Абыхэм я гукъэкIхэр зыунэтIар КъБР-м и сурэтыщI цIэрыIуэ Мысачэ Верэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мысачэ Верэ лъэпкъ гуащэхэр щIынымкIэ къэрал псом къыщалъытэ IэщIагъэрылажьэщ, абы и гуащэ зэужьхэр щIыпIэ куэдым щызэбгрыкIащ, лъэпкъ музей зыбжанэм щахъумэ, унагъуэ гъэтIылъыгъэхэми мымащIэу уащрихьэлIэнущ. ЦIыху IэпщIэлъапщIэм и щIэныгъэр теухуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэм зегъэужьыным, лъэпкъитIым я гъащIэм къыхэшэжыным.
КъулыкъущIэхэм гулъытэшхуэ зыхуащIа гъэлъэгъуэныгъэм и гуращэ нэхъыщхьэр зытеухуар цIыхум и ныбжьыр хэкIуатэми, и зэфIэкIхэмрэ щIэныгъэхэмрэ зэрыщIэмыужьыхэр къигъэлъэгъуэнырщ, жылагъуэр зэгухьэмэ, псэукIэми щыIэкIэми кIуэрабгъу хьэлэмэтхэр къигъэлъэгъуэнкIэ зэрыхъунур я фIэщ щIынырщ.
Iуэхугъуэ щIагъуэр къыщызэIуихым, Жиздюк Верэ къыхигъэщащ хасэм къекIуалIэхэр я ныбжьым емылъытауэ зэрыжыджэр, цIыхухэм яхыхьэныр, ахэр фIым къыхуеджэныр, щыIэныгъэр зыгъэдахэ гукъэкIхэр нэхъыбэу къыхалъхьэныр къыхэзых жэрдэмщIакIуэу зэрыщытхэр.
– Ди гупыр къыщызэдгъэпэщым, мыпхуэдэ утыку дихьэнуми, ди зэфIэкIхэр тхуэгъэлъагъуэу гъэлъэгъуэныгъэхэр къытхузэгъэпэщынуми тщIакъым, зыщIэдубгъун къару къытлъыкъуэкIынуи ди гугъакъым. Зы жыгыр мэз хъуркъым, жаIэ. Апхуэдэ дыдэуи, сыт хуэдизу гукъэкI щIагъуэ умыщIми, зы цIыхукIэ къыпхуэIэтынукъым. Дызэхыхьащ, ди гуращэхэмкIэ дызэрыщIащ, зым адрейр игъэгушхуэри, гъуэгу дытеуващ. Лъэпкъым и бзэри, и щэнхабзэри, и псэкупсэ къэгъэщIыгъэхэри хъумэн хуейщ. Ауэ ахэр пхъумэ къудейкIэ зэфIэкIынукъым, псэ яхэлъхьэн, гъащIэм къыхэхьэжын, яхуэфащэ увыпIэр егъэгъуэтыжын хьэкъри цIыхухэм диIэщ. Ди IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэм «Пасэрей IэщIагъэхэм яхэлъ щIэр» жытIэри фIэтщащ, ди блэкIар нобэм зэрыхэтыр, тIури зэщIыгъуу пщэдейм зэрыхуэкIуэр къэдгъэлъэгъуэн, щхьэж и гуащIэкIэ ди щыIэныгъэр дгъэдэхэну къару зэрыдиIэр нэрылъагъу тщIын щхьэкIэ. УнэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъхэр щыIэщи, ахэр къыдогъэблагъэ, дызыщагъэгъуазэхэмрэ къытхалъхьэ есэныгъэхэмкIэ адэкIэ докIуатэ. IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жыхуаIэращи, дызэрыцIыхукIэрэ, гъунэгъу зызэхуэтщIкIэрэ мыпхуэдэ дахагъэр дощIри, ди гуапэу а лэжьыгъэм щыщ хъуну гупыж зиIэхэр къыдогъэблагъэ, – жиIащ Жиздюк Маринэ.
ХьэщIэхэм ялъэгъуар гуапэ ящыхъуащ, псэкIэ укъэзыгъэщIэлэж IэщIагъэ дахэ языхэзми зэраIэр къыхагъэщащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм зи гуащIэдэкI хэзылъхьа Мысачэ Верэрэ Жиздюк Маринэрэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «дыжьын волонтер» цIэ лъапIэр яхуигъэфэщащ. Нэхъыщхьэращи, «Аннэ» хасэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэм щагъэлъагъуэ пэхуэщIэм зиубгъуауэ КъБР-м Лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и центрым дыгъэгъазэм и 24-м къыщызэIуахынущ.
ЦIыхухэм гукъыдэж дахэ езыт, жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, зи ныбжь хэкIуэтахэм щыIэныгъэм хуаIэ гукъыдэжыр къэIэтынымкIэ жэрдэм узыншэхэр къыхэзылъхьа «Аннэ» хасэм и Iуэху ефIэкIуэну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ Динэ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|