Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэсым хэтхэм

ЗЭРЫЗАХУИГЪЭЗАР

ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ!
Си гум къыбгъэдэкI сэлам фызох Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэсым кърихьэлIахэм. Хабзэ хъуауэ, ар йокIуэкI гъэ еджэ­гъуэщIэм и пэ къихуэу.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъур творческэ Iуэху зехьэкIэщ. Фэ вбгъэдэлъ Iэзагъым, жэуаплыныгъэ зыхэфщIэу лэжьыгъэм фызэрыпэрытым, дуней еплъыкIэ къулей зэрывиIэм елъытащ къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIым и куууагъыр, абыхэм лъапIэныгъэу къалъытэну Iуэхугъуэхэр зыхуэдэнур. Си фIэщ мэхъу: ди егъэджакIуэхэр яполъэщ иджырей егъэджэныгъэм къигъэув къалэн нэхъыщхьэм - зи щхьэ хущытыж, жылагъуэм хэзагъэ, ди къэралым хуэфащэ цIыху къэгъэтэджыным.
Зэманым къыфхуигъэув мардэхэм ящыщщ егъэджэныгъэм и фIагъыр хэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэху зехьэкIэщIэхэмрэ методикэщIэхэмрэ къэфлъыхъуэныр. СызэригугъэмкIэ, нобэрей зэхуэсым къыщыфIэтыну Iуэхугъуэхэмрэ къыщыхэфлъхьэну жэрдэмыщIэхэмрэ сэбэп хъунущ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зиужьынымкIэ. Дэ къыдбгъэдэкIыу фыкъы­догъэгугъэ: республикэм и унафэщIхэм дяпэкIи тлъэкI псори тщIэнущ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ.
Ди егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, ди республикэм щыпсэу цIыху псоми си гум къыбгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэхэмкIэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, ЩIэныгъэхэм я ­махуэмкIэ. Узыншагъэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну си ­гуапэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.