Урысейм щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Абей Виктор къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъу махуэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм къыщызэIуахащ абы и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. ЦIыху куэд зэхуишэсат ди щIыналъэми къэралми пщIэ щызиIэу щыта, цIыхугухэм гуапэу къина сурэтыщIым…
Гъэлъэгъуэныгъэм и гугъу тщIын ипэ къихуэу, щIэджыкIакIуэхэм ягу къэдгъэкIыжынщ абы и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ ехьэлIа гуэрхэр. Абей Виктор 1935 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м Сталинград (иджыпсту Волгоградщ) къалэм къыщалъхуащ. 1942 гъэм абы и унагъуэр Челябинск Iэпхъуащ. Курыт еджапIэм щIэсурэ, абы зыщигъэсащ заводым и изостудием. Школыр къызэриухыу Свердловск и художественнэ училищэм щIэтIысхьащ (1951 - 1956). КъыкIэлъыкIуэ 1956 - 1962 илъэсхэм абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ ХудожествэхэмкIэ Тбилиси дэт академием. 1962 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэуващ Виктор икIи академие щIэныгъэ зиIэ япэ адыгэ сурэтыщIу лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ. Зиужьурэ, зэман-зэманкIэрэ къигъэщIын лъэкIащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэр, щэнхабзэр зи лъабжьэ сурэтхэр. А лъэхъэнэм щыщIэдзауэ Абейм и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм республикэм щригъэкIуэкI гъэлъэгъуэныгъэ псоми. 1973 гъэм къыщыщIэдзауэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ, 1974 - 1982 гъэхэм - Налшык и художественнэ советым хэтащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсиблым а IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу, 1989 - 1992 гъэхэм абы и тхьэмадэу щытащ. 1992 - 2005 гъэхэм ар щытащ «Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэ» къэралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и секретару, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и унафэщIу.
1992 гъэм Абей Виктор къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр. Абы и IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьащ чыристан диныр илъэс минитI, Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ирихьэлIэу ящIа гъэлъэгъуэныгъэхэм, «IX Россия», «X Россия» урысейпсо, «Юг России», «За мир на Кавказе» щIыналъэ гъэлъэгъуэныгъэхэм. «Урысейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI» щIыхьыцIэр 2000 гъэм къыфIащащ.
Иджы Абейм «Разный» фIащауэ къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым узэрыщIыхьэу псэгъэтынш-хуабагъэ гуэр зыхыбощIэ. ДэнэкIи щыболъагъу удз гъэгъахэр, псы ежэххэр, бгыхэмрэ къуршхэмрэ, цIыхур зыщыужа, шей щызэдефэ уэршэрхэр, берычэтыгъэр къэзыгъэлъагъуэ Iэнэгухэр, пхъэщхьэмыщхьэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, нэгъуэщI куэди. Анэм и гумащIагъэри, лъахэм и хуабагъэри, цIыхум и гумрэ и псэмрэ я къабзагъэри, щхьэгъубжэм адэкIэ щыплъагъу дуней узыIэпызышэри… куэд мэхъу Виктор къытхузэIуихыр. Псом ящхьэращи, дэтхэнэ сурэтми къищым уIэбэмэ, улъэIэсынущ, апхуэдизкIэ нэIурытщи, щIэхъумаи гъэпщкIуаи хэткъым, гурыIуэгъуафIэ-гъэткIугъуафIэу лэжьыгъэхэр зэщIожьыуэ. Абы щыгъуэми, къызэрыгуэкIыу къыпщыхъу лэжьыгъэхэм апхуэдизкIэ гупсысэ куу хэлъщи, уеплъыху-кIэ нэхъыбэж хыболъагъуэ.
- ЩыIэщ цIыху и лэжьыгъэр, и IуэхущIафэр, и гъащIэр къэбгъэлъэгъуэн папщIэ уи псалъэхэм ухухэщыпыхьын хуейуэ. ЩыIэщ Виктор хуэдэхэри - псалъэ хуэмыныкъуэу и IэдакъэщIэкIхэм псори къыбжаIэу. Нобэ тлъагъу дахагъэр зи IэрыкI цIыху щыпкъэм ехьэлIауэ фIы фIэкIа пхужыIэнукъым, абыкIэ щыхьэт хъуфынущ ар зыцIыхуу щыта дэтхэнэри. И фэеплъыр зыщымыгъупщэн дыхъуну, гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэми Виктор и бынхэми фIыгъуэ къахудэкIуэну си гуапэщ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Апхуэдэуи министрым къыхигъэщащ Абей Виктор и музей ящIыну мурад зэраIэр, республикэм и унафэщIхэр абы иужь зэритынур.
ЦIыху куэд къыщыпсэлъащ зэIущIэм, псоми жаIар гуапэщ, фIыщ, я ныбжьэгъуу, я цIыхугъэу щытар ягу къызэринэжарщ, ар зэи зэращымыгъупщэнурщ. Илъэс пщыкIуий мэхъу Виктор къызэрытхэмытыжрэ, итIани, дыгъуасэ абы къыбгъэдэкIыжам хуэдэущ и ныбжьэгъухэм и гугъу зэращIыр. ЦIыхукIэ нэхъуеиншэу, псэущхьэ фIыуэ илъагъуу (псэ пIащIэ зэриIэр абы игъэнаIуэртэкъэ?!), ныбжьэгъугъэр игъэлъапIэу, нэхъыжьи нэхъыщIи бзэ къахуигъуэтыфу зэрыщытар жаIэ пэтми, яхуэухыркъым.
Абей Виктор и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, и хьэлымрэ и цIыху хэтыкIэмрэ я гугъу ящIащ КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зумакулов Борис, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, жылагъуэ зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Бжьахъуэ Ранетэ, ди республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ сымэ.
- Абей Виктор зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа, зыми емыщхьу зи хъэтI щхьэхуэ зиIэжа сурэтыщI телъыджэт. Ауэ уи хъуреягъкIэ абы и IэдакъэщIэкIхэр щыщытым и деж, гъуазджэ и лъэныкъуэкIэ абы хузэфIэкIам щхьэхуэу и гугъу щIэпщIын щыIэкъым. Сэ сыхуейт и цIыху щIыкIэм теухуа зы мащIэ жысIэну. АпхуэдизкIэ узыIэпишэрт, лъагъугъуафэт ари, Виктор къыщытхэтым псори дыщызэхуэсу щытар абы и лэжьапIэ пэшырт, зэрымыпсэужрэ дэ щхьэж и лъэщапIэм дыщIэсыжщ. Куэдым дытепсэлъыхьырт, Iэджэм я гугъу тщIырт, гупсысэ зэхэдзэкIэ Iуэху къыинхэр щызэфIэтхи къэхъурт. Мис а зэхущытыкIэ гуапэм иджыпсту дыхуэныкъуэщ, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. Апхуэдэуи къыхигъэщащ тхылъ куэд еджа цIыху губзыгъэу, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, нэгъуэщI усакIуэхэми я IэдакъэщIэкIхэр гукIэ ищIэу, классикэ макъамэм, дунейпсо литературэм щыгъуазэу, езыми тенор лъэщкIэ уэрэд жиIэфу зэрыщытар. Абы и дежкIэ зырикIт арие гуэр игъэзэщIэныр е хэIэтыкIауэ усэ купщIафIэ гукIэ къеджэныр. ЖыпIэнурамэ, IэщIагъэлI щыпкъэт, усакIуэпсэ хэлъу.
Къуэшым зэрихабзэу, Виктор гуапэу и гугъу ищIащ лъэпкъым щыщ нэхъыжьыфI Абей Юрэ. Абы къыкIэлъыкIуэу къэпсэлъащ Виктор ипхъу, сурэтыщI цIэрыIуэ Абей Iэсият. Абы игу къигъэкIыжащ езымрэ и дэлъху Iэбубэчыррэ я цIыкIущхьэр, я адэм дэнэ кIуэми тхылъ къахуихьу зэрыщытар, IэщIагъэм зэрыдригъэхьэхар, нэгъуэщI куэди. «Папэ и сурэтхэм я Iыхьэ мащIэщ нобэ флъагъухэр. «Разный» фIэщыгъэр уафэм къетхьэхакъым, атIэ абы къегъэлъагъуэ ахэр зэман зэхуэмыдэхэм зэращIар, зы илъэсым адрейр кIэлъыкIуэу сурэтыщIым зэрызиужьар. Сэ согъэщIагъуэ, псалъэм и хьэтыркIэ, щыщIалэм ищIахэм нэхърэ иужьрейхэр зэрынэхъ нэжэгужэр», - къыхигъэщащ пхъум икIи фIыщIэшхуэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэ зыми.
«…Дыкъэзыухъуреихь дунейм и макъ псори, плъыфэхэри, гукъыдэжри къыхуэубыдын хуейщ сурэтыщIым, щыпсэу лъэхъэнэр къыгурыIуэрэ къэкIуэнур хуэубзыхуу щытын папщIэ, и лъэпкъым и тхыдэм, и блэкIам щыгъуазапхъэщ» - аращ и гъащIэ къыхуеджэныгъэу щытар сурэтыщI Абей Виктор. Зи IэдакъэщIэкIхэр Урысейм, абы и гъунэгъу къэралхэм, уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъ сурэтыщIыр псэущ абы и гугъу ящIыху, и фэеплъыр ягъэлъэпIэху.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.