Республикэм и щIыхьыр зыIэтхэр

Налшык къалэм дэт, ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ дунейпсо утыкухэм республикэм и щIыхьыр лъагэу щызыIэта спортсменхэмрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа жэрдэмхэм къыщыхэжа­ныкIахэмрэ.

ГуфIэгъуэ зэхуэсым хэтащ КъБР-м и ­Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, КъБР-м и Парламентым и комитетым и уна­фэщI Емуз Нинэ, Парламентым и депутат Ахъмэт Амир, КъБР-м и министрхэу Хьэса­нэ Ислъам, Лу Азэмэт, Бозий Аскэр сымэ, спорт­смен цIэрыIуэхэр, тренерхэр, спортым и ветеранхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм щагъэлъэпIащ Японием и къа­лащхьэ Токио тхэквондомкIэ щекIуэкIа Сурдлимп джэгухэм (тэмэму зэхэзымых спорт­сменхэм я зэхьэзэхуэ) Урысей Федерацэм щыяпэу дыщэ медаль къыщызыхьа Сатушы Мадинэрэ абы дэлажьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амиррэ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэрыбгъэхьэн щхьэкIэ, къару лъэщрэ зэфIэкIыфI­-рэ спортсменым бгъэдэлъын зэрыхуейр икIи Мадинэ ахэр къызэрыкъуэкIар, республикэм и щIыхьри дунейпсо утыкум лъагэу зэриIэтар. 
КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ «Сэ сытренерщ», «КъэкIуэнум и джэгухэр», «ЛIыхъужь­хэм я лигэ», «Районхэм я зэхэуэ», «Чемпионхэм я гъуэгуанэ» спорт-егъэджэныгъэ пэхуэ­щIэхэм къыщыхэжаныкIахэми щехъуэхъуащ а пщыхьэщхьэм. 
КЪУЭЖЕЙ  Iэмин. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым