«Дыщэ къалэмым» къызэщIиубыдэр

Ди гъунэгъу Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Гроз­нэ блэкIа тхьэмахуэм и кIэу­хым Iуэхугъуэ хьэлэмэт ще­кIуэкIащ. ЩIыналъэм и ­уна­фэщIхэм ирагъэкIуэкI «Ды­щэ къалэм» дунейпсо журналист зэпеуэм къри­кIуахэр къыщапщытэжащ абы. Къыхэдгъэщынщи, зэпеуэр иджы 12-нэу щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ Шэ­шэн Республикэм и япэ президенту щыта, Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъ­мэт-Хьэжы и фэеплъу. 

Федеральнэ, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэр, хамэ къэрал 12-м журналистикэмкIэ я Iэ­щIагъэлI нэхъыфIхэр зэзы­шэлIа Iуэхум хэтащ Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Ка­дыров Рамзан, ШР-м и Iэ­тащхьэм и дэIэпыкъуэгъу, Лъэпкъ политикэмкIэ, хамэ къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ, печатымрэ хъыбарегъащIэ ­IэнатIэхэмкIэ и министр Ду­даев Iэдэм, щIыналъэм и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, ди къэралым хыхьэ субъектхэм, щIыналъэщIэхэм, Моск­ва, Санкт-Петербург къалэш­хуэ­хэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм, хамэ къэрал зыбжанэм ящыщ журналистхэр. ГуфIэгъуэ пшыхьым ирагъэблэгъахэм яхэтащ «Дыщэ къалэм» дунейпсо зэпеуэм и къэп­щытакIуэ гупым хэта, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэ­ныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ ­Заурбэч. 
ГуфIэгъуэр щекIуэкIащ ­«Парус» уардэунэм. Министр Дудаев Iэдэм фIэхъус псалъэкIэ ар къызэIуихыу Iуэхур зэрекIуэкIынум къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIа нэужь, япэу псалъэ иритащ ШР-м и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан. 
- Си гуапэу къуэш сэлам фызох си адэ-лIыхъужьым и фэеплъу илъэс зыбжанэ лъан­дэрэ ди щIыналъэм ­къы­щызэрагъэпэщ «Дыщэ къалэм» дунейпсо журналист зэпеуэм кърихьэлIа псоми. Но­бэ утыкушхуэм щыдгъэ­лъэ­пIэнущ зэпеуэм и унэ­тIы­ныгъэхэм къыхэжаныкIахэр, абы и къэпщытакIуэ гупым хэтахэм ящыщу лэжьыгъэ купщIафIэ къезыхьэлIахэр, - жиIащ Кадыров Рамзан. - Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ­мыгъэрей зэпеуэм творческэ лэжьыгъэу 250-м щIигъу къы­зэрырахьэлIар. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ къэрал 12-м я ­журналист пашэхэм, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъхэм. Журналист зэпеуэр апхуэдэу цIэ­рыIуэ зэрыхъуам къегъэлъагъуэ зи «дыщэ» къалэмыр ­жану зыгъабзэ, Iуэху еплъы­-кIэ хьэлэмэт зиIэ, дуней псом щекIуэкI Iуэхугъуэхэр пэжыр   я тегъэщIапIэу цIыхубэм яхуэ­зыхьхэм я бжыгъэм зэрыхэ­хъуэр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зэпеуэм и фIыгъэкIэ Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и гъащIэ ­гъуэгуанэу хахуагъэрэ лIыгъэкIэ гъэнщIам цIыху нэхъыбэ щIыгъуазэ зэрыхуэ­хъум. Иджыри зэ фIыщIэ ин фхузощI зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм, абы и къэп­щытакIуэ гупым хэтахэм, зи лэжьыгъэ къезыхьэлIа жур­налист Iэзэхэм. 
«Дыщэ къалэм» дунейпсо зэпеуэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэ­кIащ. Апхуэдэхэщ, къэбгъэ­лъагъуэмэ, «Тематикэ про­граммэ», «ХъыбарегъащIэ сюжет», «Документальнэ ­фильм», «Пщэдджыжь шоу» (телевиденэмрэ радиомрэ); «Статья нэхъыфI», «Очерк ­нэхъыфI», «Сурэт репортаж нэхъыфI» (газетхэмрэ журналхэмрэ); «Блогер нэхъыфI» (Интернет напэкIуэцIхэр). ­Дэтхэнэ унэтIыныгъэмкIи зэпеуэм кърахьэлIа лэжьыгъэ­хэм гупсэхуу хэплъащ абы къы­хузэрагъэпэща къэп­щы­такIуэ гупым хэтхэр икIи абы­хэм щытекIуахэр белджылы къащIащ. Дунейпсо журналист зэпеуэм зи творческэ лэжьыгъэхэр нэхъыфIу къыщалъытахэм ящыщ дэтхэ­нэми иратащ ШР-м и Iэтащхьэм, Лъэпкъ политикэмкIэ, хамэ къэрал зэпыщIэныгъэ­хэмкIэ, печатымрэ хъыба­регъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм, дунейпсо зэ­пеуэм къабгъэдэкI щIыхь, фIы­щIэ тхылъхэр, «Дыщэ ­къалэм» фэеплъ тыгъэр, ­ахъ­шэ саугъэтхэр. 
ГуфIэгъуэ пшыхьым щагъэлъэпIащ «Дыщэ къалэм» дунейпсо зэпеуэм и къэп­щы­такIуэ гупым хэта Жыласэ Заурбэчи. Зэ­пеуэм кърахьэлIа лэжьыгъэхэр къы­щапщытэм къи­гъэлъэ­гъуа зэфIэкI лъагэмрэ пэ­жы­гъэмрэ, дуней­псо жур­на­листикэм и зыу­жьыныгъэм хуищIа хэлъ­хьэныгъэ иным папщIэ абы пшыхьым и утыку­ш­хуэм къыщратащ Шэ­шэн Республикэм Лъэпкъ поли­тикэмкIэ, хамэ къэрал зэпы­щIэныгъэхэмкIэ, печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылърэ фэ-еплъ саугъэт лъапIэрэ. Жы­ласэ Заурбэч Шэшэн те­левиденэм и журналистхэм интервью кIэщI яритащ ди щIыналъэхэм я хъыбаре­гъащIэ IэнатIэхэм, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэм, зэ­дэлэ­жьэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм теухуауэ. 
Дунейпсо зэпеуэм къри­кIуахэр къыщагъэнэIуэжа ­гуфIэгъуэр игъэдэхащ концертышхуэм. Пшыхьым хэтахэм зыщрагъэплъыхьащ Шэ­шэн Республикэм и къалащхьэ Грознэ и щIыпIэ дахэ­хэм, фэеплъ сурэтхэри зы­трагъэхащ. ХьэщIэхэри хэгъэрейхэри зэбгрыкIыжащ, «Дыщэ къалэмым» къызэ­щIиубыдэ Iуэхугъуэхэри щIыналъэхэри нэхъыбэ, и мы­хьэ­нэри нэхъ ин зэрыхъуам щыгуфIыкIыу. 
КЪАРДЭН  Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.11.2026 - 09:03

Экономикэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и IX зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щекIуэкIам и гугъу щащIащ «Техноло-гиер ерыскъы шынагъуэншагъэм и щIэгъэкъуэнщ лъэпкъ проект

07.11.2026 - 09:03

Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

Урысей театр зэгухьэныгъэм (РТО) (Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэу (СТД) щытаращ) и щIыналъэ къудамэм артист нэхъыжь­хэр щагъэлъапIэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

06.11.2026 - 09:31

Я гуащIэр къалъытэу

ЩэкIуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт лэжьакIуэ 50-м нэблагъэ. 

06.11.2026 - 09:29

Ди Хэкур къулейщ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дигу къегъэкIыж Урысейм и къарур абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар.

06.11.2026 - 09:23

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

Шэджэм Езанэ къуажэм  и «Лэгъупыкъу» сабий гъэсапIэм щекIуэкIащ «Лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэ: гуа­пагъэм, щэнхабзэм, зэ­къуэ­тыныгъэм я махуэш­хуэ»   жармыкIэр.