Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр яубзыху

Тхьэмахуэ блэкIам дэ­нэкIи щекIуэкIащ шы­щхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэ­хуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхэтащ абы хыхьэ район, къалэ IэнатIэхэм къы­зэ­щIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэр.

2018 - 2019 гъэ еджэ­гъуэщIэм ирихьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм щыхэплъэжащ илъэс блэкIам яIа ­ехъулIэныгъэхэмрэ зыху­нэмыса Iуэхугъуэхэмрэ, лъэхъэнэщIэм зэфIахыну лэжьыгъэхэр щаубзыхуащ, мурадхэр къагъэнэхуащ.
Налшык дэт «Успех» еджапIэм мэрем кIуам къыщызэрагъэпэщащ къа­лащхьэм дэт еджапIэ­хэмрэ гъэсапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэс. Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ щIыпIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэ 200-м щIигъу. Апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм ­кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Мовсисян Грант, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и пашэ Азычэ Светланэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шонтуковэ Иринэ, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и унафэщI Бэрокъуэ Эдуард, егъэджакIуэхэм я къалэ профсоюзым и пашэ Уэлджыр Татьянэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа сымэ, нэгъуэщIхэри.
ШыщхьэуIу зэIущIэр къы­зэIуихри, Ахъуэхъур къы­зэхуэсахэм ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэ къэблэ­гъамкIэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, мыпхуэдэ зэ­хуэсхэр хуабжьу щхьэпэщ блэкIа лъэхъэнэм зэфIэха хъуа Iуэхугъуэхэм уариплъэжынымкIэ, гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ унэ­тIыныгъэхэр убзыхунымкIэ. Къалащхьэм и егъэджакIуэхэм министрым и цIэкIэ ехъуэхъуащ Шонтуковэ Иринэ. ЩIэблэм хуэунэтIа хэкупсэ, лъэпкъ гъэсэныгъэхэр нэхъри ирагъэфIэкIуэну къызэхуэсахэр къыхуриджащ Абдуллаевым.
АдэкIэ псэлъапIэр хуит зыхуащIа Бэрокъуэ Эдуард зэхуэсым кърихьэлIахэр зэпкърыхауэ щигъэгъуэзащ къалащхьэм и егъэджапIэхэмрэ гъэсапIэ­хэм­рэ гъэ еджэгъуэ блэкIам щызэфIаха Iуэхугъуэхэм, апхуэдэуи къытеувыIащ лъэхъэнэщIэм къапэщылъ къалэнхэмрэ зыхуагъэувыжа мурадхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, къалэм и еджапIэхэм ящыщ куэдым илъэс блэкIам ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэ­хьар. Хэхъуащ ЕГЭ-мрэ ОГЭ-мкIэ балл лъагэхэр къэзыхьа, щIыналъэпсо, къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм. УзыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэхэм ящыщщ Налшык и школхэм я езанэ классхэм щIэтIысхьэ цIыкIу­хэм я бжыгъэр зэ­рынэхъыбэри. Нэгъабэ­рейм еплъытмэ, апхуэдэ­хэр цIыху 800-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу мыгувэу къалащхьэм къыщызэIуа­хынущ ныбжьыщIэ 1224-рэ зыщеджэн курыт школыщIэрэ сабии 150-рэ зэ­кIуэлIэну гъэсапIэщIэрэ.
Бэрокъуэм и докладым пащэу, ар къызэпкърахыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ курыт школ №27-м и унафэщI Шэрий Мадинэ, гимназие №4-м и уна­фэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Тембот Эммэ, «ЕгъэджакIуэ-2018» урысейпсо зэпеуэм и щIыпIэ, щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуа Кочетов Игорь, сабий сад №56-м и унафэщI ТыIэщ Радмилэ, гъэсапIэхэм я ФГОС программэм и Iыхьэхэр зэхэзыгъэува Коренблит Станислав, нэгъуэщIхэри.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.