Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

Ди республикэм и командэм щыщу зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ало Уэсмэн (кг 38-рэ), Кхъуэныхь Дамирлан (кг 50), Чыл Альберт (кг 73-рэ), Бэгъуэт Алан (кг 34-рэ), Чыл Ирнат (34-рэ), Семэн Тимур (кг 120-рэ), Бэгъуэт Марат (кг 90), Хъубий Амир (кг 55-рэ) сымэ.

Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ Алъхъэс Залым (66-рэ), КIыщ Ибрэхьим (кг 73-рэ), БищIо Артур (кг 38-рэ) сымэ.

 Джэрыджэ Щамил (кг 38-рэ), Къардэн Мухьэмэд (кг 120-рэ), Къардэн Рэмэзан (кг 55-рэ), ГъущIо Амир (кг 60) сымэ ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ.

 Гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэр япэ щыхъуащ икIи «Кавказым и Кубокыр» къихьащ.

Фыщыдгъэгъуэзэнщи, зендокай каратер Японием къыщежьа каратем и лIэужьыгъуэхэм хохьэ, зэзауэ Iэмалхэри къыщагъэсэбэп. Ди къэралым къызэрыкIуэрэ зэман куэд дэмыкIами, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 50-м щIигъум абы зыщыхуагъасэ нобэ. Иджырей зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэм мурад яIэщ зендокай каратемкIэ зэпеуэхэр илъэс къэс ди республикэм щрагъэкIуэкIыну.

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей.