ЛIыхъужь хахуэ Андемыркъан

«Шынэм зауэлIыр Iэнкун ещI, икIи абы фIы кърикIуэркъым». А гупсысэр и гъуазэу, дзэ Iуэху хэхам хэтащ зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр. 
Къущхьэ Андемыркъан Артур и къуэр 1989 гъэм Нал­шык къалэм къыщалъ­хуащ. 2015 гъэм къыщы­щIэ­дзауэ Урысейм и дзэм и гъащIэр ирипхащ. 
2022 гъэм и мазаем Андемыркъан дзэ Iуэху хэхам кIуащ, абы лъандэрэ мызэ-мытIэуи нэрылъагъу хъуащ зэ­рыхахуэр. «ЩIалэр хэкуп­сэу, щалъхуа и лъахэр фIыуэ илъагъуу къызэрыд­гъэхъу­ным сыт щыгъуи ды­хущIэкъуащ», - жеIэ абы и адэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм и къулыкъум пэ­ры­мытыж майор ­Къущхьэ Артур. 
Зэрыхэкупсэм къыдэ­кIуэу, щIалэм цIыху нэс икIи хахуэ къызэрищIыкIам шэч къытетхьэркъым. Дзэ Iуэ­ху хэхам къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къы­пэкIуэу, УФ-м и Президентым и Уна­фэкIэ, абы къыхуа­гъэ­фэ­щащ Жуковым и цIэр зе­зыхьэ медалымрэ «Хахуа­гъэм папщIэ» дамыгъэмрэ. Нэхъ ипэкIэ Сирием щекIуэ­кIа зауэм зэрыщыIам къы­пэкIуащ «ЗауэлI лIыгъэм папщIэ» медалым и етIуанэ нагъыщэр. 
Дзэ Iуэху хэхам япэ махуэм щегъэжьауэ щыIэ Андемыркъан 2025 гъэм и мэ­лыжьы­хьым и узыншагъэ­кIэ дзэм къыхэкIыжащ, и лъахэм къигъэзэжащ. Нобэ, Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм, лIыгъэ щIапIэ щыIа щIалэр ди псэ­лъэгъущ.

- Андемыркъан, шына-    гъуэт уз­дэщыIар? 
- Шынэм зауэлIыр Iэнкун ещI, икIи абы фIы кърикIуэркъым. Аращи, шынэр зы­тебгъакIуэ хъунукъым. 
- Сыт хуэдэ гупсысэ абдеж ар пщхьэщызыхыфынур?
- Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, хьэкъыу спхыкIат си къалэныр нэгъэсауэ згъэзэщIэн зэрыхуейр. Гу­пым хэтхэм зыгуэр пIейтей хъуауэ гу лъыттамэ, «мыдэ къап­лъэт зэ, псори тэмэмщ», - жытIэу, дыхуэгуфIэу, и гукъыдэжыр къызэрытIэ­тыжы­ным иужь дитт. Ар щIыжыс­Iэращи, щIытIым ущисми угушыIэни угуфIэни къэб­гъа­нэркъым, уи гур бгъэкIуэд хъунукъым. 
КъищынэмыщIауэ, сыт щыгъуи си гупсысэр унэмкIэ, си адэ-анэм я деж, щыIащ. Ахэр згъэщIэхъу зэрымыхъунур къыз­гурыIуэрт. 
- Дзэм дауэ упыщIа хъуа, Ан­демыркъан?
- Къапщтэмэ, сабиигъуэм щегъэжьауэ сехъуапсэу щытащ дамэтелъ фащэ зэгуэр зесхьэну. Налшык къалэм дэт курыт школ №25-р къэзуха нэужь, юрист IэщIагъэм сы­щы­хуеджащ Къэбэрдей-Балъ­къэр къэрал мэкъумэш университетым. ИужькIэ дзэм къулыкъу щысщIэну сыдэ­кIащ. ОМОН-м илъэсищ сы­щылэжьащ. СВО-м ипэ, Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэми сыхэтыну сыхунэсат. Абы къыхэкIыу сыхуэхьэзырт дзэ Iуэху хэхам. 
- А тIур зэхуэбгъэдэфыну?
- Хьэуэ, ахэр зэбгъэщхь мыхъуну IуэхугъуитIщ. Сирием зы щIыпIэ хэхам къалэныр пыухыкIауэ щыбгъэзащIэрт. Дзэ Iуэху хэхам лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ, и мыхьэ­нэкIи пщэрылъкIи. Нэхъ гу­гъуу абы сыт хэлъар жыпIэмэ, япэ­щIыкIэ дызы­пэмыплъа Iуэхуу ар къы­зэрыщIэкIар арагъэнщ. Ауэ зы тхьэмахуэ хуэдэ зэры­дэкIыу, псори къыдгу­ры- ­Iуэ­ри, дызэкъуэту ди лэ-  жьы­гъэр дгъэзэщIащ.
- Губгъуэм фисын хуей зэрыхъуам сыт хуэдэ гугъуехьхэм фыхигъэта?
- Абы и лъэныкъуэкIэ гугъу дехьауэ схужыIэнукъым. ­Къап­щтэмэ, псори зэкIэ­лъы­гъэ­кIуауэ къулыкъур етхьэ­кIащ. Абы тIэкIу укъэзылъахъэр   щIыпIэр зэ­рыдмы­цIыхурт. 
- ЩIытIым иса цIыхур дунейм нэгъуэщIынэкIэ еплъу къыщIэкIынщ.
- Ар шэч зыхэмылъщ. Нэхъ ипэкIэ уиIа еплъыкIэхэм зе­хъуэж. Уи хъуреягъым къыщекIуэкIыу хъуар плъытэн, пщIэ хуэпщIын щIыбодзэ. Уеб­лэмэ зэманми нэхъ ущысхьу, ухуэсакъыу, ар пщIэншэу зэ­румыгъэкIуэным уегупсысу мэхъу.
- Щхьэхуит къэфщIыжа щIы­налъэхэм цIыхухэр дауэ къыщыфIущIэрэт?
- Херсон щIыналъэмкIэ ды­щы­Iащи, къэбгъэлъагъуэмэ, абыкIэ щыIэхэр урысыбзэ зыIу­рылъхэрат. ЗэрыжаIэу, Iэп­лIэешэкIкIэ къытIущIахэщ. Сэбэп дазэрыхуэхъуф­кIэ да­дэ­Iэпыкъуащ. Абы­хэм хьэкъыу я фIэщ хъурт Урысейр къызэрыкIуэу, я Iуэхур, я гъащIэр нэхъыфI зэрыхъужынур.
- Уэ мызэ-мытIэу псэзэ­-пы­лъ­­хьэпIэ уихуащ. Апхуэ­дэ­хэм деж уи къарур къызэ­щIэ­зыIэтэ гуэр уиIэт?
- Абы теухуауэ зыщ схужы-Iэнур - дин фIэщхъуныгъэр сыт щыгъуи сщIыгъущ. Ап­хуэ­дэуи, Хэкур мамыру щы­ты­ным д­ы­зэрытелажьэр зэи си гупсы­сэм хэкIакъым.
- Илъэс хъупакъым дзэм укъызэрыхэкIрэ. Дауэ гъащIэм ухэзэгъэжа, Андемыркъан? 
- Тыншу. Сыкъызэры­кIуэж­рэ, япэ махуэм щегъэжьауэ, сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондыр. Си дэфтэрхэр гъэхьэ­зы­рынымкIи, пенсэ ахъшэ схуа­гъэувынымкIи, сыт хуэдэ Iуэху­кIэ захуэзгъэзами къыздэIэпыкъуащи, фIыщIэ яхузощI. 
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, иджыпс­ту «КъБР-м и лIы­хъужьхэр» егъэджэныгъэ Iуэ­хум ухэтщ. Ар зэрекIуэ­кIым, абы щIэуэ къы-­­  щыф­щIэм и гугъу уэзгъэщIынут.
- А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, нобэрей щы­IэкIэ-псэукIэм, Iуэху зехьэкIэм узэрыхигъэгъуазэмкIэ. Ар хуэгъэпсащ ди зэфIэкIым, IэщIагъэм хэдгъэхъуэным, лэжьыгъэм и пIалъэ къэтщIэным, IэнатIэ дгъуэтынымкIэ къыддэIэпыкъуным. Дэ щIыналъэ уна­фэщIхэм дегъэбыдылIауэ къэрал Iуэху зехьэкIэм, цIыху­­хэм я псэукIэр зэре­фIэкIуэну Iуэхухэм зэре­лэ­жьым дыщагъэгъуазэ, министерствэхэм я IуэхущIа­фэхэр долъагъу. Псори    гуа­пэу къытIуощIэ, дызы­­щымы­гъуазэ щыIэмэ, къыдгурагъаIуэ. 
- Уэ езым сыт хуэдэ лэжьыгъэм нэхъ тебгъащIэрэ?
- Сэ сызыхуейр си Хэкум, цIыхум сэбэп сазэрыхуэхъун Iуэхущ. 
- ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ сыт хуэдэ псалъэкIэ къып­хуэ­гъэлъэгъуэну?
- ЦIыхугъэр сэ къызэрызгурыIуэр псом япэ зумыгъэ­щынырщ. Уи пщIэр пIыгъыжу, абы щыгъуэми зыкъы­хыумыгъэщу. ЦIыхугъэ зыхэ­лъыр сыт щыгъуи захуа­гъэм и телъхьэщ. 
ЛIыгъэр Iэмал имыIэу зауэм епхакъым. Ар дэтхэнэ зыми къыщигъэлъэгъуэфынущ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм. ЛIыгъэщ мафIэм ис унэм зыгуэр къебгъэлынри, гузэвэгъуэ хэ­хуам ублэмыкIыу дэIэпы­къуэгъу ухуэхъунри. 
- Сыт хуэдэу плъагъурэ ди текIуэныгъэр? 
- Гугъэм шэч мащIэ хэлъщ, фIэщхъуныгъэращ шэч къы­зытумыхьэжынри, сэ си фIэщ мэхъу ди къэралым къэкIуэну дахэ къыпэщылъу.
- Упсэу, Андемыркъан! Уи Хэку ухуэфащэщ, ехъу­лIэ­ныгъэфIхэр уиIэну, гъащIэм узэрыщыгугъхэр къо­хъу­лIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар 
БАГЪЭТЫР ­Луизэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.