Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ. ЗэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэкIэ къыддэгуэшащ «Черкес хэку» газетыр. 

Лъэпкъ зэхуэсым хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI Къуршэ Фаинэ, хэгъэгум хыхьэ адыгэ къуажэхэм щылажьэ, Хасэм и къудамэхэм я лIыкIуэхэр. Зэхуэсым и пщIэр яIэтащ нэхъыжь Iумахуэхэу, адыгэ фащэкIэ зэщы­хуэпыкIауэ къеблэгъа нэхъыжьыфIхэу Ды­гъужь Барисбий, КIэм Мурадин, Уэхъутэ Алий сымэ, нэгъуэщIхэми. 
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Люсанэ. Мыпхуэдэ лъэпкъ зэхыхьэхэр зэрекIуэкI хабзэм тету, Урысейм, КъШР-м, ДАХ-м я гимнхэр къеуа нэужь, зэIущIэр ирагъэжьащ Iуэху гуапэкIэ. А махуэм утыкум щагъэлъэпIащ лъэпкъ Iуэхум хэлIыфIыхьхэр, лъэпкъыбзэр, хабзэхэр хъу­мэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр. Абыхэм ящыщу я цIэр къиIуапхъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъымрэ зыхуагъэфэща, адыгэ лъэпкъым и спортсмен, бэнакIуэ цIэрыIуэ ПIапIшу Хьэлий.
Хьэлий и узыншагъэр мыщIагъуэу зэIущIэм къызэремыкIуэлIэфам къыхэкIыу, КъШР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий ЩIыхь медалыр иритыжащ ягъэлъапIэм и щхьэ­гъусэ, лъэпкъ Iуэхум, Хасэм и лэжьыгъэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ гуащIафIэу хэт ­ПIапIшу Лидэ. КъищынэмыщIауэ, утыкум ­щагъэлъэпIащ щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, лъэпкъ IуэхумкIэ, журналистикэмкIэ, спортымрэ альпинизмымкIэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIи адыгэм и пщIэр зыIэтахэр. АдэкIэ, ДАХ-м гъэ къэс иригъэкIуэкI адыгэ Iуэрытхыр «5»-кIэ зытхахэми мы махуэм IэщIалъхьэжащ абы и сертификатыр. 
Лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр илъэсищым къриубыдэу зытелэжьа Iуэхухэм тепсэлъыхьащ абы и тхьэмадэ, КъШР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вице-президент Аслъэн Алий. 
- Илъэс пщIы бжыгъэ мэхъури, Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр жыджэру хуеунэтI лъэпкъым бгъэдэлъ щIэин лъапIэхэр хъумэным, абыхэм ­къахэгъэхъуэным, хабзэхэр къэгъэщIэрэ­щIэжыным, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм мамыру дэгъуэгурыкIуэным. Адыгэ Хасэм Iуэхуу илэжьым зырызыххэу утепсэлъыхьыфынукъым, абы зэман куэд текIуэдэнущи. Ауэ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэхэм я гугъу щIыпхъэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, илъэсыр зэредгъажьэ Iуэхугъуэр - ди лъэпкъым и цIыхушхуэ Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ дауэдапщэхэр. Къэрал къулыкъущIэ щэджащэм и щIыхькIэ, икIи и фэеплъу щIэныгъэ зэхыхьэхэр сыт щыгъуи зэхыдошэ, уеблэмэ хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри хэту идогъэкIуэкI. Абы къыкIэлъокIуэ Лъэп­къы­бзэм и махуэр. Нобэ хэти фощIэ хэгъэгум ит адыгэ къуажэ зыбжанэм этно-классхэр зэрыщылажьэр. Ахэр нэхъыбэ щIыным, тхылъ­кIэ, зыхуэныкъуэ лъэпкъ хьэпшыпхэмкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ щхьэпэ дохъу. Адыгэ ныпым и махуэр икъукIэ Iэтауэ, адыгэ щIалэгъуалэм утыкур ягъэбжьыфIэу гъэ къэс фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъым и Щы­гъуэ-щIэж махуэм къэрал и къулыкъущIэхэр, жылагъуэр зэхэту Iуэхур идогъэкIуэкI, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм гулъытэ хэха яхудощI хамэ щIыналъэхэм къикIыжу адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм. ТхузэфIэкI къэдмы­гъанэу дыхолIыфIыхь «Иппосферэ» шы гъэлъэгъуапIэм ди республикэм щыщ лIы­кIуэхэм адыгэшыр утыку къыщрашэным. Адыгэшым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ Урысейм щыщаIэт фестивалым дыхэтыныр ди пщэ­рылъ пажэу къыдолъытэ, - къыхигъэщащ ­Аслъэн Алий къыщыпсалъэм. 
- Пэжщ, Адыгэ Хасэм и мылъкукIэ зи гугъу сщIа Iуэху псори пхуэгъэкIуэтэнукъым, - пищащ и псалъэм Алий, - абыхэм куэд токIуа­дэри. Си гуапэщ адыгэм къытхэкIа цIыху щыпкъэхэр, ди ныбжьэгъуфIхэр, лъэпкъ Iуэхум хуэжумартхэр мылъкукIэ къызэ­рыд­дэIэпыкъур, ди лэжьыгъэр къызэрыддагъэ­псынщIэр къыхэзгъэщыну. Адыгэм жеIэ: ЗэдеIэр лъэщщ, зыр адрейм дэIэпыкъумэ, сыт хуэдэ Iуэху гугъури пхуэгъэкIуэтэнущ. 
Лъэпкъ Iуэхум хуэгъэзауэ щIэгъэкъуэн дыхуэныкъуэу дызыбгъэдыхьэ дэтхэнэри, ­къу­лы­къущIэхэм я деж щегъэжьауэ цIыху ­къы­зэрыгуэкIхэм я деж щиухыжу, къыт­къуоувэ. Ар дэркIэ уасэншэщ. ФIыщIэ ин яхузощI абыхэм. Псоми длэжьыр, ди гур, ди псэр зыхэтлъхьэр, дызыгъэпIейтейр лъэпкъым ифI къызыхэ­кIынращи, Тхьэм нэхъыбэжми ды­хущIигъэхьэ, - дыщIигъуащ Хасэм и тхьэма­дэм. 
КъинэмыщIауэ, Аслъэн Алий и къэпсэлъэ­ныгъэм гулъытэ щхьэхуэ щыхуищIащ хэгъэгум къыщызэрагъэпэщ къэрал, урысейпсо проектхэм Хасэр гуащIафIэу зэрыхэлэжьы­хьым, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, мамырыгъэ дэлъыным зэрыхэлIыфIыхьым, хэгъэгум и ЛIыщхьэр, ди къэралышхуэм и Президентыр зытет политикэ гъуэгуанэм жыла­гъуэ зэгухьэ­ныгъэри зэрырикIуэм. 
ДяпэкIэ зэлэжьын хуей къалэнхэм я гугъу щищIым, жиIащ: «Лэжьыгъэр куэдщ, псом хуэмыдэу адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм яхуэгъэзауэ. КъищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэр, тхыдэр джыныр, ахэр ди щIэблэм яIэщIэдмыгъэхуныр ди къалэнщ, Iэпэдэгъэлэл тщIынкIэ Iэмал имыIэу».
Зэхуэсым хэтахэр тхьэмадэм едэIуа нэужь, зэрахабзэу, я чэнджэщ, Iуэху еплъыкIэ жаIащ. 
- Хабзэрэ цIыхугъэрэ хэлъщ, игуэщI лэжьыгъэр нэрылъагъущ, лъэпкъым и пщIэр, и щIы­хьыр иIэтыным гуащIэшхуэ хелъхьэ, жыджэру къызэригъэпэщ Iуэхухэр мыхьэнэшхуэ зиIэ ­защIэщ. Солъытэ, нобэ Аслъэн Алий и лэжьыгъэм арэзы дытехъуэу, дыкъуэувэу, адэкIи ди лъэпкъым и Iуэхур дэдгъэкIуэтэну, - жиIащ Хьэбэз къуажэм къикIа нэхъыжьыфI Хьэкъун Назир.
- Зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр къыдо­бэкI, абыхэм щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым я лъэныкъуэкIэ яIэ зэфIэкIхэм уатхьэкъу, пэжыр жысIэнщи. Хасэр нэхъыбэу телэжьапхъэщ щIалэгъуалэм и зыужьыныгъэм. ЩIэб­лэм улъэщIэмыхьэу ­заужь, сытри къапхъуатэ, жэрдэму къабгъэ­дэкIым гъунэ иIэкъым. Мыбдеж нэхъыщхьэр ахэр гъуэгу захуэм темыгъэкIынращ. Дэ сыт щыгъуи дыфкъуэтщ, чэнджэщэгъу дыфхуэ­хъуфынущ, сэбэп дызэрыхъуным дыхущIэкъунущ, - къыхигъэщащ ­Хъу­мэрэ щыщ нэхъы­жыфI Дыгъужь Барис­бий. 
Лъэпкъыр зэхуэсауэ, зыгъэпIейтей Iуэхухэм темыпсэлъыхьу хъунт?! Апхуэдэу, тегъэчы­ны­хьауэ и гугъу ящIащ лъэпкъым и махуэщI зэхыхьэхэм адыгэ фащэр щатIэгъэн зэры­хуейм; адыгэшым и Iулыджымрэ и пщIэмрэ хэгъэгум зэрыщыщIэтхапхъэм; Адыгэ-Хьэблэ районым сымаджэщ зэримыIэм къыхэкIыу цIыхухэр гугъу зэрыригъэхьым; Хасэм и лэжьыгъэм лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэри зэрыхэлIыфIыхьыпхъэм, нэгъуэщIхэми.
Къэпсэлъэныгъэхэм иужь, зэIущIэм хэтахэр яужь ихьащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм унафэ тращIыхьыным - Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ IэнатIэм пэрыувэныр хэхыным. ЛIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ, а къалэныр Аслъэн Алий хуа­гъэфэщэжащ. Абы къыдэкIуэу хахащ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэр, Хасащхьэм хэтынухэр. 

ШЫПШ  Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.