Адыгэ хьэкъущыкъу телъыджэ!

Иджыблагъэ Москва, Пречистенкэ уэрамым тет «Mas­tersuit» IуэхущIапIэм (Мо­дэм и унэм), щекIуэкIащ адыгэ гъащIэм теухуа сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я гъэ­лъэгъуэныгъэ. Телъыджэу, псори щIэупщIэу, зытеу­хуар, къызыхэщIыкIар, и мы­хьэнэр яфIэгъэщIэгъуэну ягъэлъагъуэ псоми къахэщхьэхукIащ зы хьэпшып лIэужьыгъуэ - фарфорым къы­хэщIыкIа «Voyage tn Circassie» хьэкъущыкъу зэ­хэтыр. Сервизым хэтщ Iэ­губ­­жьэ­хэмрэ (чашкэ) шей­щIэт­хэмрэ, шейныч, фошыгъулъэ. 

Хьэкъущыкъу къы­зэры­мы­кIуэр зи IэдакъэщIэкIыр адыгэ бзылъхугъэщ. Тхы­дэдж, юрист, IэпэIэсэ, кол­лек­ционер Куэблэ Тамарэ щIыгъуу хьэкъущыкъу телъыджэр щIыным елэжьащ Император фарфор заводыр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Куэблэ Тамарэ зэхуехьэс, йолэжь, едж адыгэ щIыкIэм тету, адыгэ тхыпхъэхэр хэту ящI иджы­рей гъуазджэ хьэпшып­хэм. Къапщтэмэ, Куэблэм иIэщ апхуэдэ гравюрэу 5000 хуэдиз, ауэ абыхэм къыхэщы­пыкIахэрщ хэгъэхьар. 
«Voyage tn Circassie» хьэкъущыкъу зэхэтым и теплъэр адыгэ дуней телъыджэу зэ­хэухуэнащ, пасэрей лъэпкъ гупсысэ къыхощ, тхыдэм ухе­шэж, адыгэ лъэпкъым и гъуаз­джэ дунейм къызэры­мыкIуэу хэтыр уегъэгъэщIагъуэ. XVIII – XIX лIэщIыгъуэ­хэм Черкесием и щытыкIар, и щыIэкIа-псэукIар тезэгъащ хьэкъущыкъу сервизым. Фалъэхэр, шейщIэтхэр, Iэгуб­жьэ­хэр гъэщIэрэщIащ Кавказым щыIа зыплъыхьа­кIуэ­хэм я пасэрей гравюрэхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщу и цIэ къипIуэ хъунущ Белл Джордж, Спенсер Эдмунд сымэ. ШейщIэт серви­зым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней тетыкIэу ди япэ итахэм яIар. Мыри гъэщIэ­гъуэнщ: хьэкъущыкъу зэхэ­тым и дэтхэнэ пкъыгъуэми тещIыхьащ Кавказ къущхьэхъушей гъэгъар. Ар пасэрей Черкесием и дамыгъэ хуэдэу къэгъэлъэгъуащ. Хьэкъущыкъур зэрыгъэщIэрэщIа адыгэ тхыпхъэхэми гупсысэ щхьэ­хуэхэр яхэлъщ – тхыпхъэхэр ар езыхэр лъэпкъ дунейм теухуауэ куэд къэзыIуатэщ. 
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Тамарэ езым зэхуехьэс, едж икIи егъэлъагъуэ адыгэ гъуаз­джэ дунейм щыщ телъыджэхэр. ЦIыхубэр фIыуэ щыгъуазэщ абы и «Нобэ» брендым. Брендым и лъабжьэр пасэрей адыгэ тхы­дэрщ, ди лъэпкъ гъуазджэрщ. Арами, абы езэгъыу хэтщ иджырей щIэныгъэм, щэн­хабзэм, модэм и щэ­ху­хэри. Брендым егъэлъа­гъуэ щэнхабзэ ин. Сыт ап­хуэ­дэ фIэщыгъэм къикIыр жы­пIэмэ, ди тхыдэм, блэкIам, хаб­зэм щыщ Iыхьэхэм, ды­теп­сэлъыхьыж мыхъуу, ди зэманым - нобэм - ахэр къедгъэкIун зэрыхуейм тегъэщIауэ хузогъэфащэ абы и мыхьэ­нэр. Дыгъуасэ дыщыIа къудей­къым, ноби хуэфэщэну дыкъогъуэгурыкIуэ, апхуэ­дэу щыхъукIэ, къэкIуэни тхуэфащэщ. 
«Нобэ» брендым и студием щызэхуахьэс адыгэ Iэмэпсы­мэхэр, хьэпшыпхэр, пасэрей унэлъащIэм щыщхэр, фэ-илъхьэгъуэхэр - ди шыфэ­лIы­фэр къэзыгъэлъагъуэ псори. Сыт ди шыфэлIыфэр жы­пIэмэ - акъыл, гупсысэ, хабзэ-нэмыс, зыIыгъыкIэ екIу.
Лъэпкъ гупсысэр зи гум из Куэблэ Тамарэ и IэщIагъэкIэ юристщ. Езыр IэпэIэсэщ, адыгэпсэщ, коллекционерщ, хэкупсэщ. Адыгейм щыщщ, Франджым щеджащ, Москва щопсэу. Илъэс 16-м щегъэ­жьауэ бзылъхугъэр дехьэх адыгэ дунейм и дахагъэр гъэлъэгъуэным. Интернет утыкур фIыуэ егъэIэкIуэлъа­кIуэ абы папщIэ. КъызыхэкIа лъэпкъым хуиту тепсэлъы­хьыфыну, ди хабзэ дахэхэр дуней псом щигъэлъэгъуэну, гъуазджэу диIэм нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэр къригъэхъуэпсэну абы Iэмал        кърет адыгэм теухуа тхылъ куэд зэрыщIиджыкIам. Пщащэр жыджэру холэжьыхь «Адыгэ­хэр» фондым и Iуэху­хэм. Абы хыхьа нэужь, адыгэ къафэм дихьэхри, ансамблым илъэсихкIэ къыщыфащ.
Куэблэ Тамарэ фIы дыдэу илъагъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ модэр. Абы кIэлъоплъ, фэилъхьэгъуэ екIухэмкIэ цIы­хум и гупсысэмрэ и псэм и щы­тыкIэмрэ зэригъэлъэгъуэ­фынум шэч къытрихьэркъым. Псом нэхърэ нэхъ игу дыхьэр, дауи, ди адыгэ фащэрщ - фащэм и мыхьэнэм зыщегъэгъуазэ, пасэрей фащэ лIэу­жьыгъуэхэм я щэхухэр зэрегъащIэ, абы кIэрылъ пкъыгъуэ къэс я мыхьэнэм гупсысэу хэлъыр адыгэ дуней тетыкIэ дахэм зэрепхам ирогушхуэ. Езым ед адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIа фэилъхьэ­гъуэхэр. Бзылъхугъэм иукъуэдиящ зы гупсысэ щIагъуэ - адыгэ фащэм махуэшхуэ урикIуэным, гуфIэгъуэ урихэ­тыным, укърифэным нэ­мыщI, махуэ къэси зэбгъэкIуу щыптIагъэ зэрыхъур, ар зэ­ры­тыншыр икIи ар щыптIэгъа нэужь къалэн къыпщищI зэ­пIэзэрытагъэр псэм зэ­ры­фIэфIыр. 
Адыгэ бзылъхугъэм и гуры­хуагъэм, лъэпкъ дуней тетыкIэр щIалэгъуалэм гу­рыхь зэращищIыфым, ди тхыдэр зэриджыжым, ди щэнхабзэм и дахагъэр зэрызыхищIэм, дунейпсо гъуазджэм адыгэ лъэпкъыр хуэфэщэну зэры­хэувэр зэригъэлъагъуэр - а псом уи гур хагъахъуэ! 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ

12.08.2026 - 09:08

Совет зэманым траха фильмхэр

Налшык щыIэ Къэбэрдей уэрамым и лъэс зе­кIуапIэм щагъэлъагъуэ выставкэ гъэщIэгъуэн. Совет зэманым траха кинохэм ятеухуа гъэ­л­ъэгъуэныгъэм сурэт 70-м щIигъу къызэ­щIеубыдэ.