Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иригушхуэу иджыблагъэ тепсэлъыхьащ бахъсэндэсхэм спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэмрэ ахэр зыхэта зэхьэзэхуэхэмрэ.
ЖыпIэнурамэ, Урысейм и Кубокыр самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ щэкIуэгъуэм и 24 - 28-хэм Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр Абазэ Аслъэн къыщихьащ. ЗэкIурей Къаплъэн ещанэ щыхъуащ килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. ЩIалэхэр Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнщ.
Апхуэдэуи, бэнэкIэ хуитымкIэ Кисловодск (Нартсанэ) къалэм щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ а спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи медаль зэхуэмыдэу 17 абы къыщахьащ.
Мыбдежым, зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Мамхэгъ Темботрэ Тхьэгъэпсо Дамиррэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр яубыдащ Даур Имран, Бейтыгъуэн Алихъан, Хъандэхъу Амир сымэ. Къалмыкъ Ибрэхьим, Вэрокъуэ Рэхьим, Къардэн Надир, Къаныкъуэ Къасболэт, Къылъшыкъуэ Расул, Щоджэн Ибрэхьим, Гугъуэт Казбек, Быф Рэхьим, Къуэдзокъуэ Имир, Урыш Имран, Къейтыкъуэ Абубакр, Абэикъуэ Ибрэхьим сымэ ещанэ хъуащ.
КъБР-м армрестлингымкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIауэ Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэмрэ хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ ТхьэмлIокъуэ Ислъам и гъэсэн щIалэхэм. Мыбдежым, Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и спортсменхэми медаль I7 къыщахьащ.
Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Шыбзыхъуэ Амур, Балъкъэр Дамир, ПщыхьэщIэ Къантемыр, Алыхьбэрды Валерэ, Хьэсей Сэлим, Балъкъэр Ибрэхьим, УнащIэ Инал, Шыхъуэ Ислъам, Шэджэм Алан, Бэрэздж Кимран, Пэфыф Имран сымэ.
Мэзло Мурат, Шыбзыхъуэ Амур, Уэтэр Алим сымэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Лафыщ Азэмэт, Багъ Алим, Щауэ Идар сымэ.
«Athletic Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Ставрополь крайм и Лермонтов къалэм футболымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм, 20I6-20I7 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм. Командэм дэлажьэр ПщыхьэщIэ Тимурщ.
«Гимнастикэм и лигэ» фIэщыгъэр зэрихьэу Мэзкуу къалэм и «ВТБ-Арена» спорт комплексым щекIуэкIа зэхьэзэхуэми къыщыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэм и спортсмен ныбжьыщIэхэр. А зэпеуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщ куэдым я спортсмену 2000-м щIигъу, псори зэхэту командэ 20 хъууэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIа бахъсэндэсхэу Артюхов Богданрэ Къэжэр Амиррэ гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ. Япэ увыпIэр Санкт-Петербург къалэм и гимнаст ныбжьыщIэхэм яубыдащ. Ди спортсменхэм ядэлажьэр Апатьевхэ Дмитрийрэ Маринэрэщ.
Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэш Алий и фэеплъу спорт бэнэкIэхэмкIэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Алмэ Темырланрэ Жамолов Аслъэнрэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Шыбзыхъуэ Андемыррэ Жамолов Данияррэ. Алмэ Идар ещанэ увыпIэр абы щиубыдащ. Командэм дэлажьэр Щоджэн Артурщ.
Анэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Бахъсэн къалэм и «Форвард» стадионым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ топджэгу ныбжьыщIэу I00-м нэблагъэ икIи илъэсибл зи ныбжьхэм я деж япэ щыхъуащ Шэджэм ЕтIуанэм и «Победа» командэр. Бахъсэным и «Форвардыр» етIуанэщ, ещанэр ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и «ХьэтIохъущыкъуей» топджэгухэм яубыдащ.
Илъэсих зи ныбжь цIыкIухэм я деж япэ увыпIитIыр «Форвард»-м и гъэсэнхэм къахьащ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и «ХьэтIохъущыкъуей» командэр ещанэ хъуащ.
Апхуэдэуи Анэм и махуэр щагъэлъэпIэм ирихьэлIэу стIолыщхьэ теннисымкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха Бахъсэн щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэхэри хъыджэбзхэри. Бахъсэндэсхэм ящыщу мыбдеж япэ щыхъуащ КъуэщIысокъуэхэ Iэнуррэ Наимэрэ. Къаскъул Айсанэ етIуанэ увыпIэр къихьащ, Купшын Сэлимрэ Бырхьэм Астемыррэ ещанэ хъуахэщ. НыбжьыщIэхэм я тренерыр Джэдгъэф Ахьмэдщ.
Къулъкъужыным и Кубокыр грэпплингымкIэ къэхьэным хуэунэтIауэ иджыблагъэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Жамолов Данияр, Алмэ Темырлан, БжыкIший Аслъэн, Бакъ Инар, Мэремщауэ Демир, Емкъуж Сэжид, Мэремкъулхэ Амиррэ Темболэтрэ, Бырс Идар сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ Щоджэн Амар, Алмэ Идар, ГъущIынэ Эмир, Къардэн Аскэр, Хэжь Умар сымэ. Къумыкъу Амир, Жамолов Аслъэн, Шыбзыхъуэ Андемыр, Къуэдзокъуэ Мурат сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. ЩIалэхэм я тренерыр Хъупсырджэн Резуанщ.
Японием и къалащхьэ Токио щэкIуэгъуэм и 22-23-хэм щекIуэкIа, киокусинкаймкIэ дунейпсо чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэмэрэ Урысей Федерацэм и щIыхьыр иIэту щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ, бахъсэндэс Биткаш Давид икIи и хьэлъагъ елъытауэ чемпионатым ар зыхэта гупым (кг 90) я деж дыжьын медаль къыщихьащ.
Ди лъахэгъум зэIущIищ абы щригъэкIуэкIати, япитIым щытекIуащ, абыхэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу. Финалым ар щыхуэзащ УФ-м и командэм щыщ нэгъуэщI спортсмен Абугу Стивен икIи зэIущIэр абы ихьащ.
Биткаш Давид КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и еджапIэм тренеру щолажьэ, зыгъасэр Биткаш Емельянщ.
Мыпхуэдэ зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ бахъсэндэсхэм щэкIуэгъуэ закъуэм къриубыдэу икIи ар и щыхьэтщ зэфIэкIыфIхэр зэраIэмрэ спортым хуэфащэ гулъытэ щIыналъэм зэрыщигъуэтымрэ. Шэч хэлъкъым Бахъсэн къалэм и спортсменхэм я текIуэныгъэ дахэхэмкIэ иджыри куэдрэ дызэрагъэгуфIэнум.
МЫСОСТ Башир.