Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм. Абыхэм ягъусащ КъБР-м егъэджэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ Налшык къалэ округым егъэджэныгъэмкIэ и де­пар­таментым и унафэщI Мэлбахъуэ Алимрэ. 

Ар теухуат егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ще­кIуэкI IуэхущIапIэхэр ухуэ­нымрэ зэгъэпэщыжынымрэ хуэгъэзауэ щыIэ лъэпкъ проектхэр республикэм зэ­ры­щагъэзащIэм зыщагъэгъуэзэным. 
КъулыкъущIэхэр япэу екIуэ­лIащ гимназие №14-м. Абы ныбжьыщIэ 800 щIэ­хуэну къыпащIыхьыжар мы гъэм фокIадэм и 1-м къызэ­Iуахащ. 1 - 4-нэ классхэм щеджэхэм папщIэ ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзауэ къызэрагъэпэщащ. Абы хэтщ дерсхэр щрагъэкIуэ­кIыну пэш 32-рэ, информатикэмрэ хамэ къэралыбзэхэр щаджу пэшитI, лъэщапIэрэ спорт пэшу тIу, шха­пIэ (цIыху 475-рэ щIэ­хуэу), цIыху 500 щIэхуэу зыкъыщагъэлъагъуэ пэш (амфитеатр жыпхъэм тету ящIауэ), къэфэным зыщыхуагъасэ пэшышхуэ. Ухуэ­ны­гъэщIэр къызэры­зэIуа­хам и фIыгъэкIэ, мы еджапIэм ныбжьыщIэхэр зы сменэкIэ псори щеджэу    хъуащ.
Депутатхэм къыхагъэщащ еджакIуэхэм я щIэныгъэмрэ зэрызаужьынымрэ теухуауэ псори къызэрызэ­рагъэпэщар, ахэр сэбэп зэрахуэхъунум шэч къызэ­рытрамыхьэр. 
«Улыбка» сабий гъэсапIэ №73-м иужьрей илъэс 37-м къриубыдэу иджыщ япэу зыхуей щыхуагъэзар. Хьэ­щIэхэр арэзы къищIащ унэм и щIыбкIи и кIуэцIкIи иращIылIа лэжьыгъэм, шха­пIэр щIэтыпхъэхэмкIэ къы­зэрызэрагъэпэщам, гъэ­сэнхэм унэлъащIэхэмрэ зэреджэну хьэпшыпхэмрэ къызэрыхуащэхуам. 
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иту зэфIагъэкIа а Iуэхум и фIыгъэкIэ, сабий 300-м щIигъур зыхуей хуэ­зэу мыбы щагъэсэну иджы Iэмал яIэщ. 
Депутатхэр щыIащ школ-интерант №1-ми. Абыхэм зыщаплъыхьащ классхэм, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща, спортым зы­щыхуагъасэ, зыщагъэ­псэху пэшхэм. ЕджапIэ кIуэ­цIыр зэрызэрагъэпэ­щыжам къы­дэкIуэу, абы къе­дзылIа щIыпIэри зэIу­зэпэщ ящIащ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ­хэр хуиту абы зэрыщIыхьэ­фынури къалъытащ. 
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхум япэу хэхуахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжыр. Иджы­благъэ яухащ абы и общежитиер зэгъэпэщыжы- ныр. 
Депутатхэр еджапIэ къэс щепсэлъащ я унафэщIхэми егъэджакIуэхэми. Ахэр яIущIащ езы гъэсэнхэми - я Iуэху еплъыкIэ, гупсысэкIэ зрагъэщIэну, еджапIэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр къазэрыщыхъум зыщагъэгъуэзэну.
Егоровэ Татьянэ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щепсалъэм къыхигъэщащ мы зэманым къэралми республикэми я Iуэху нэхъы­щхьэ дыдэхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыныр зэращыщыр. Республикэм щагъэзащIэ «Школхэр егъэ­фIэкIуэн» щIыналъэ Iуэхур. Абы ипкъ иткIэ еджапIэхэр, сабий гъэсапIэхэр, щIэныгъэ курыт щрагъэ­гъуэтхэр зэрагъэпэщыж. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ ебгъуа­нэ классыр къэзыуххэм ящы­щу щIэныгъэ курыт зэзыгъэгъуэтыну гупыж зыщI­хэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, апхуэдэ лэжьакIуэ IэщIагъэлIхэм республикэр иджыпсту зэрыхуэныкъуэр. Егоровэм жиIащ студентхэр общежитиехэм зыхуей хуэзэу щыпсэуныр къызэгъэпэщынми мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Нобэ куэд ящIэ сабийхэм щIэныгъэфI ягъуэтын папщIэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум мыгувэу КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм дыщы­хэплъэну ди мурадщ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхаб­зэмкIэ, спортымрэ щIа­лэ-
гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ комитетым и жэрдэмкIэ. Абы ипэ къихуэу еджапIэхэм я Iуэхур зэрыдэкIыр къэтпщытэну мурад щIэтщIар аращ, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.
Гимназие №14-м игъуэта зэхъуэкIыныгъэфIхэм къы­щы­теувыIэм, абы жиIащ курыт еджапIэр республикэм щынэхъыфIхэм зэрыхабжэм арэзы узэрыте­хъуэр, еджакIуэхэм ехъулIэ­ныгъэфIхэр ЕГЭ-м, олимпиадэхэм къы­зэ­ры­ща­-
гъэлъагъуэр. Абы жиIащ еджапIэм и зыужьыныгъэр зэрынэрылъагъур, ауэ иджыри гу зылъытапхъэхэр зэрыщыIэр. 
УзыщыгуфIыкIын лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ сабий гъэсапIэ №73-ми. «IуэхущIапIэр зыхуей хуэзауэ жыпIэ хъунущ. Унэр зэбгъэпэщыжыныр ар зы Iуэхущ, сабийхэр зэребгъэджэн, зэрыбгъэсэн Iэмал­хэр уимыIэуи хъунукъым. А IуэхуитIми арэзы укъищIу мыбдеж щызэфIахащ», - къыхигъэщащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.
Егоровэ Татьянэ гукъи­нэж щыхъуахэм ящыщщ школ-интерант №1-р. Абы жиIащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм яхуэгъэпса а IуэхущIапIэм нэхъ ипэкIи ахэр мызэ-мытIэу зэрыщыIар, иджы ар сыт и лъэныкъуэкIи зэрызэрагъэпэщам гу лъумытэнкIи Iэмал зэримыIэр.
Иужьрей дыдэу хьэщIэхэр яхуеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым зэрагъэпэ­щыжа и общежитием.
Егоровэ Татьянэ жиIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэми, УФ-м и Къэ­рал Думэм и депутатхэм, къэрал унафэщIхэм хуэдэу, сыт щыгъуи къызэрапщы­тэр школхэр еджэгъуэ пIалъэм зэрыхуагъэхьэзы- рар.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.