ЛъэIу къахузиIэхэм яIуощIэ

«Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партыр мы мазэм илъэс 24-рэ зэрырикъум трау­хуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр щIы­налъэ жылагъуэ егъэблэ­гъапIэм къызэрегъэпэщ партым и къудамэ унафэщIхэр, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэр, УФ-м и и Къэрал Думэмрэ КъБР-м и Парламентымрэ я депутатхэр, щIыпIэ унафэр зе­зыхьэхэр цIыхухэм яIугъэ­щIэ­ныр. 

Дыгъэгъазэм и 1-м республикэм и хабзэубзыху IуэхущIа­-пIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ гугъуехь пэщIэхуахэм ящыщу зи щхьэ къезыхьэлIахэм. 
Абы зыкъыхуигъэзащ дзэ Iуэху хэхам и ветераным. Ар тегу­зэ­выхьырт ныкъуэдыкъуагъэ зэри­Iэр къызэралъытэ дэфтэрхэр зэ­фIы­хьа зэрыхъуным, лэжьыгъэ IэнатIэ зэригъуэтыным. Егоровэ Татьянэ жиIащ СВО-м и ветеранхэм защIэгъэкъуэныр я къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм зэрыщыщыр икIи щIалэр къигъэгугъащ и Iуэхум набдзэгубдзаплъэу хэп­лъэу, зэрыдэIэпыкъуну щIыкIэм егупсысыну. 
КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым зыкъыхуэзыгъэзахэм ящыщщ Налшык къалэм и курыт школ №11-м адэ-анэхэм я комитет щыIэм хэтхэр. Ахэр къызытекIухьа Iуэхур теухуат еджапIэм къедзылIа щIыпIэр зэIузэпэщ щIы­ным зэрыхуэныкъуэм, псом хуэмыдэу машинэ гъэувыпIэхэм асфальт телъхьэн зэрыхуейм. Адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум елэжьын щIадзащ, мы зэманым хоплъэ 2026 гъэм щIыпIэхэр зэIузэпэщ зэращI лэ­жьыгъэм ар зэрыхагъэхьэным.
Япэ гупым щыщ ныкъуэды­къуагъ зиIэ, Прохладнэ районым къикIам Егоровэм зыхуигъэзащ медицинэ гъуэлъыпIэ къраты­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэ­хъуну. Апхуэдэуи «Сабийр школым хуэгъэхьэзыр» Iуэхум хыхьэу зыщIагъэкъуэну къагъэгугъащ бынунагъуэшхуэр. 
ЦIыху зыбжанэм я лъэIухэр зы­теухуахэм елъытауэ, ахэр зэ­фIэзыгъэкIыну IуэхущIапIэхэм тхы­гъэхэр хуагъэхьащ. Егоровэ Татьянэ жиIащ дэтхэнэми и лъэ-Iур зэрагъэзащIэм езыр зэры­кIэлъыплъынур. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къыхигъэщащ ап­хуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, цIыхухэр зыгъэгузавэ Iуэху­хэр нэхъ псынщIэу зэфIэха хъуным теухуауэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.