Биткаш Давид зэкIэ етIуанэщ

Японием и къалащхьэ Токио щэкIуэгъуэм и 22 - 23-хэм щекIуэкIащ киокусинкаймкIэ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 41-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 850-рэ. 
Урысей Федерацэм и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ Биткаш Давид икIи, и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 90) чемпионатым и дыжьын медалыр къыщихьащ. Ди лъахэгъум зэIущIищ абы щригъэкIуэкIати, япитIым щытекIуащ, абыхэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу. Финалым ар щыхуэзащ УФ-м и командэм щыщ нэгъуэщI спортсмен Абугу Стивен икIи зэIущIэр абы фIихьащ.
Биткаш Давид апхуэдэуи КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и еджапIэм тренеру щолажьэ. Езы щIалэр зыгъасэр Биткаш Емельянщ. 
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм УФ-м и командэм дыщэ медалу 11, дыжьыну 11, домбеякъыу 2 къыщихьащ.

БЭБЭЧ Башир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.