КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, «Къэрал сыхьэтым» хыхьэу, яIущIащ Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» еджапIэм, Налшык къалэм и курыт школ №8-м, лицей №2-м я еджакIуэхэм.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ комитетым и унафэщIхэм ящыщ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, КъБР-м и Парламентым и Аппаратым хабзэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ - хабзэ къэпщытэныгъэмкIэ къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Руслан, УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэмкIэ комитетым и чэнджэщакIуэ, ЩIалэгъуалэ палатэм жыджэру хэт Мэшыкъуэ Астемыр, Сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрат центрым я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм ныбжьыщIэхэм щахутепсэлъыхьащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм, ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, щIалэгъуалэм зэраIущIэм, нэгъуэщI куэд-ми.
Емуз Нинэ жиIащ Урысейм щэкIуэгъуэм и 20-м Сабийхэм хабзэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуным и махуэр зэрыщагъэлъапIэ Iуэхухэм хыхьэу зэрызэIущIар. «IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iут IэщIагъэлIхэр къывэдгъэпсэлъэну нобэ къыщIедгъэблэгъар сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ екIуэкI лэжьыгъэм фыщыдгъэгъуэзэн, фи упщIэхэм жэуап еттын папщIэщ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
ЩIалэгъуалэр щагъэсащ КъБР-м и Парламентым и зэIущIэхэр щекIуэкI пэшышхуэм депутатхэм я тIысыпIэхэм. Емуз Нинэ къыхилъхьэри, республикэм къыщыщтэн хуей зы жэрдэмым ахэр иригъэгупсысащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм зэгъусэу «зэхалъхьащ» икIи «Iэ яIэтащ» электроннэ тутынхэр ящэныр къызэтезыгъэувыIэ законопроектым папщIэ.
Депутатхэм я хьэщIэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр иратащ, IэщIагъэ зэрызрагъэгъуэтыну, республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэу хуащIыфынум, нэгъуэщIхэми теухуауэ.
- КъБР-м и Парламентым махуэ къэс къалэнышхуэ егъэзащIэ. ЩIыналъэ хабзэхэр егъэфIэкIуэным къыдэкIуэу, ахэр федеральнэ законхэми техуэу щытыпхъэщ, - къыхигъэщащ Безгодькэ Владимир.
Шыпш Аслъэн ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ махуэ къэс ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, щIалэгъуалэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэм. Абы ахэр къыхуриджащ зыгуэрым и Iуэху еплъыкIэ даIыгъын ипэ, ар къезэгъ-къемызэгъым езыхэр егупсысу, унафэ тэмэм ящIу загъэсэным. «Ди зэгухьэныгъэм сабийхэм балигъхэр я гъусэуи я мыгъусэуи къытхуокIуэ, упщIэ зэхуэмыдэхэр яIэмэ, къыдахьэлIэу, ди лэжьыгъэм епхауэ яфIэгъэщIэгъуэным щIэупщIэу. Дэтхэнэми и Iуэхум жэуаплыныгъэ тхэлъу догупсыс, псоми фыкъеблагъэ вжыдоIэ».
Лицей №2-м и еджакIуэ Боровинская Тамилэ зэхуэсыр къызэрыщыхъуам теухуауэ жиIащ: «Iуэху гъэщIэгъуэн дыхэтащ. ЯпэщIыкIэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и унэм зыщытплъыхьащ, иужькIэ депутатхэм депсэлъэну Iэмал диIащ. Апхуэдэ IэнатIэ Iутхэм уаIущIэным, я Iуэху еплъыкIэм уедэIуэным зыуагъэужьу, уи гъащIэр зыхуэдэн хуейм урагъэгупсысу къызолъытэ».
БАГЪЭТЫР Луизэ.