Социальнэ IуэхущIапIэм щахуозэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николайрэ КъБР-м Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэрэ закъыхуэзыгъэзахэм щаIущIащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» республикэ центрым. Абы къекIуэлIат щIыналъэм щыпсэу цIыху 14, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэгъэпэщыным, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэкIуэ хуэдэу хабзэм къемызэгъыу хагъэкIа я ахъшэр къратыжыным, я къуэрылъху-пхъурылъхухэр я нэIэм щIагъэувэным, псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ. БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










