КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ щIыпIэ фондым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурият.
ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ IуэхущIа-пIэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым. Иужьрей илъэситхум фондым и хэхъуэр хуэдэ 1,4-кIэ бэгъуащ. Республикэм щыщу страхованэр зыфIэкъабылхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхуэ зытримыгъахуэу, лэжьапIэ Iумыт цIыхухэм медицинэ страхованэм и пщIэр яхурет. Абы и фIыгъэкIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэм и уасэр яIэрохьэ.
Илъэситхум къриубыдэу, ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ щIыпIэ фондым и мылъкур щIыналъэм хуэдэ 1,6-кIэ щыбэгъуащ, 2025 гъэм ар сом мелард 15,4-м нэсащ.
Гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа цIыхухэм кIуэ пэтми нэхъыбэрэ республикэм ит медицинэ IуэхущIапIэхэм зыхуагъазэ. Мазибгъум и кIуэцIкIэ сымаджэхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж къудамэми, аллергологие, иммунологие, хирургие, гу-лъынтхуэ хирургие къудамэхэми нэгъуэщIхэми цIыху мин 35-рэ екIуэлIащ.
Фондым, зэпыу имыIэу, страхованэ зызыщIахэм ялъысыпхъэр яIэрегъэхьэ, икIэщIыпIэкIэ къэпсалъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Зи хьэкъымрэ хуитыныгъэмрэ зыхъумэж цIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ къыщалъыхъуэкIэ, ФIэкIыпIэншагъэ медицинэ страхованэмкIэ фондым и лэжьыгъэ зэтеухуам дзыхь нэхъыбэ хуащIын щIадзащ.