КъэкIуэну илъэсищым тещIыхьауэ

КъБР-м и Парламентым щэкIуэгъуэм и 18-м щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2026, 2027, 2028 гъэхэм тещIыхьауэ» проектым. 

ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жана­таев Сэлим. Абы хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм, къалэ округхэмрэ районхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм, респуб­ликэм и медицинэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Жанатаев Сэлим зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ законопроектым нэхъ ипэIуэкIэ КъБР-м и Парламентым и комитетхэм зэ­рыщытепсэлъыхьар, гу зылъытапхъэу къагъэлъэгъуахэм КъБР-м и Правительствэм и гъусэу елэжьу, дэфтэрым и япэ еджэгъуэр щэкIуэгъуэм и 27-м къызэращтэнур. 
- Ди къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэм и ­бюджетыр ныкъусаныгъэншэу зэхэдгъэувэнырщ, республикэм и экономикэр зэ­пIэ­зэрыту иIыгъыу, цIыхухэм я псэукIэр иригъэфIакIуэу, - къыхигъэщащ Жанатаевым. - Законопроектым къыщылъытащ ди щыIэ­-кIэ-псэукIэм зэрызиужьынури, цIыхубэм зэ­рызыщIагъэкъуэнури, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым ехьэлIауэ къэрал пщэрылъхэр зэрыдгъэзэщIэнури. Мылажьэхэм медицинэ Iуэху­тхьэбзэхэр пщIэншэу хузэфIахыныр къызэгъэпэщыным сом меларди 5,6-рэ республикэ бюджетым хухех. ЩIыналъэ ахъшэр сыт щыгъуи хуэдэу егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ я Iуэхухэр пщIэншэу къы­зэгъэпэщыным хуэгъэзауэ щытыпхъэщ. 2026 гъэм гулъытэ хэха яIэнущ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнми. Япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къэдгъэлъэгъуэн, унафэ тэмэм къэтщтэн папщIэщ щIыналъэ унафэщIхэр, муниципалитетхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ-хэр нобэ зэгъусэу мы дэфтэрым дыщIы­хэплъэр.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэр 2026 гъэм, 2027-2028 гъэхэм зыхуэдэну къагъэ­лъагъуэм. Абы жиIащ дэфтэрыр, зэрыхабзэу, IыхьитIу зэрызэхагъэувар, зыхунэсынумрэ абы щIрагъэгъуфыну къалъытэмрэ тещIыхьауэ.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, рес­публикэм и экономикэм 2025 гъэми ехъу­лIэ­ныгъэфIхэр къигъэлъэгъуэнущ. «КъызэрытпщытамкIэ, щIыналъэм къилэжьар сом мелард 370,2-рэ хъунущ. Промышленностми хэхъуэ иIэщ - республикэм езым къыщIигъэкIыу хьэпшып ирашар сом мелард 80,4-рэ и уасэнущ, - къыхигъэщащ Рахаевым. - Республикэм и экономикэм дежкIэ нэхъыщ­хьэ дыдэу щытщ мэкъумэш IэнатIэр. Абы сом меларди 126,7-рэ къитынущ, сатум - сом мелард 376-рэ, ухуэныгъэм - сом мелард 47,9-рэ, инвестицэ Iуэхухэм - сом мелард 86,0-рэ. Зи гугъу тщIы пIалъэм и кIэм, 2028 гъэм ирихьэлIэу, щIыналъэм и хэхъуэр процент 41,8-кIэ ефIэкIуэну, сом мелард 531-м ар нэсыну худогъэфащэ». 
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, лэжьапIэншагъэр нэхъ мащIэ мэхъу - апхуэдэхэм я бжыгъэр мин 14,8-м нэс ехынущ. 2028 гъэм и кIэм лэжьапIэншэхэр проценти 3,2-м нэблэгъэнущ, апхуэдэу ятхыр процент 0,5-рэ хъуну хуагъэфащэ. ЦIыхум я хэхъуэр нэхъыбэ зэрыхъунми гулъытэ игъуэтынущ. Улахуэ ты­ным сом мелард 71,6-м хухахынущ, мазэм ику ит лэжьапщIэр сом 51 619-м нэсынущ. 
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ жиIащ мы гъэм япэу федеральнэ ­бюджетым къыхэкIыу щIыналъэхэм яхуиутIыпщыр бюджетым и япэ еджэгъуэм зэ­рыщагъэбелджылар. КъищынэмыщIауэ, 2026 гъэм дотацэхэр зыхуэдэнури мы зэ­маным зэхагъэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэу сом мелард 24,7-рэ къыхуау­тIыпщынущ, ар дызэрыт илъэсым хухахам нэхърэ сом меларди 2,2-кIэ нэхъыбэщ. 2027 гъэм дотацэхэр сом мелард 18,5-рэ, 2028 гъэм - сом мелард 19,7-рэ хъунущ. 
- 2026 гъэм налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэ­хэмрэ республикэм къыхуахьынущ сом ­мелард 24,8-рэ. 2027 гъэм - сом мелард 26,3-рэ, 2028 гъэм - сом мелард 27,7-рэ. Субсидие ахъшэр хуэгъэзауэ щытынущ узыншагъэр хъумэным и IуэхущIапIэхэр, курыт школхэр зыхуей хуэгъэзэным, онкодиспансерым и ухуэныгъэр и кIэм нэгъэ­сыным, мэкъумэшыщIэхэм защIэгъэкъуэ­ным, автомобиль гъуэгухэр зэгъэпэ­щы­жы­ным, псы зэрыкIуэ бжьамийхэр къуажэхэм щызэхъуэкIыным, - жиIащ министрым. - Къэ­кIуэну илъэсым республикэм и хэхъуэр сом мелард 71,3-рэ хъунущ, езыр хуеинущ - сом мелард 73,8-рэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ­социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм етIанэгъэ сом меларди 9,5-рэ зэ­рыхуэдутIыпщынур. Бюджетым къыщыт­лъытащ 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ МРОТ-м зэрыхэдгъэхъуэнури. Ар сом 27 093-рэ хъунущ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, илъэс етхуанэ хъуауэ бюджет IэнатIэ ­Iутхэм я улахуэм гъэ къэс шыщхьэуIум и 1-м проценти 10 хыдогъахъуэ. Абы къэкIуэну илъэсхэми пытщэнущ. Улахуэр тыным псори зэхэту сом мелард 24,9-рэ текIуэдэнущ.
Лисун Еленэ къытеувыIащ лъэпкъ Iуэху­-хэр гъэзэщIэным текIуэдэну ахъшэми. Абы и бжыгъэр сом мелард 14,2-уэ къагъэлъагъуэ. «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» Iуэхум ипкъ иткIэ, курыт еджапIэу 54-рэ зэрагъэпэщы­жынущ, «Унагъуэ» Iуэхум хыхьэу, школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм я IуэхущIапIэ ­Бахъсэн, Гундэлэн, Шэрэдж Ищхъэрэ къуа­жэхэм щаухуэнущ. КъищынэмыщIауэ, сабий гъэсапIэу 6 зыхуей хуагъэзэнущ, спорт пэш­хэр, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэр ирагъэ­фIэкIуэнущ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2026 гъэм субсидие щхьэхуэ хухагъэкIынущ гъуазджэхэмкIэ школитI ухуэ-ным. 
- Нобэ мы законопроектым жылагъуэри хэту дызэрытепсэлъыхьым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ ди щIыналъэм къэкIуэну илъэсищым и бюджетыр зы­хуэдэнур доубзыху, - жиIащ Къуныжь МуIэед. - Дызытехьэну илъэсым республикэм къигъэсэбэпыну зыхуеинур 2025 гъэм елъытауэ сом меларди 9-кIэ нэхъыбэнущ. Ар псом хуэмыдэу зытещIыхьар егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ текIуадэм хэгъэ­хъуэнращ. Шэч хэмылъу, ипэ илъэсхэми хуэ­дэу, бюджетым гулъытэ хэха щегъуэт цIыху­хэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм, абыхэм защIэгъэкъуэным. Бюджетым къы­щылъытащ дохутырхэм, егъэджакIуэхэм я улахуэм зэрыхэхъуэнур. Ари мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комите­-тым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил къы­щыпсалъэм жиIащ бюджетым къыщыгъэ­лъэгъуахэр гъэзэщIэнымкIэ къалэнышхуэ­-хэр къазэрыпэщылъыр, ауэ ипэ илъэсхэм яIа ехъулIэныгъэхэм тепщIыхьмэ, ахэр яхуэгъэкъарууну зэригъэгугъэр: «ЦIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэн Iуэхухэм щыхьэт ­тохъуэ улахуэмрэ урипсэун папщIэ нэхъ ­мащIэ дыдэу узыхуейр зыхуэдизымрэ зэ­ры­хэхъуэр, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъу­мэнымкIэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным нэхъыбэ зэрыхухахыр, нэ­гъуэщI куэди. Бюджетым и хэхъуэхэр нэхъыбэ зэрыхъуам ущегъэгугъ республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ къытщищIар - ВРП-р сом мелард 700-м нэсынымрэ щIыналъэм езым и хэхъуэр сом мелард 30 мынэхъ мащIэ хъунымрэ - тхуэгъэзэщIэну. Социальнэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрызэрагъэпэщым и гугъу пщIымэ, щхьэхуэу къыхэбгъэщ хъу­-нущ сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэм, апхуэдэхэр япIыну къэзыщтэхэм зэрызыщIагъакъуэу сом мелуан 408-рэ къы­зэрыгъэлъэгъуар. Абы щыщу сом мелуан 200-р сабий зеиншэхэр унэкIэ къызэгъэ­пэ­щыным тещIыхьащ. Гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ онкодиспансерымрэ Театрхэм я уардэунэмрэ я ухуэныгъэр зэфIэгъэкIыным. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Къэ­зыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIа­сэ Динэ, Урысейм и ФНС-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и уна­фэ­щIым и къуэдзэ Акаевэ Светланэ, КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурият.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.