КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэмкIэ и комитетым и зэIущIэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къызэрыщIагъэIэпхъукIым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, къалэ округхэм я администрацэхэм, фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэгъэпэщыжыныр къызэзыгъэпэщ щIыналъэ IуэхущIапIэм я лIыкIуэхэр.
ЕхъулIэныгъэхэр
- Республикэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуауэ. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм щIышылэм и 1 -м ирихьэлIэу жьы хъуауэ къалъыта унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIыным ехьэлIа Iуэхухэр и пIалъэр къэмысу зэфIэзыгъэкIа щIыналъэхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэмкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч. - Программэм и япэ Iыхьэм цIыху 1020-рэ къыщIагъэIэпхъукIащ фэтэр 393-м (псоми зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 17,06-рэ къызэщIеубыдэ). А лэжьыгъэм текIуэдащ сом мелуан 560,8-рэ. Мы Iуэхум пытщэнущ 2022 - 2030 гъэхэм тещIыхьауэ ягъэбелджыла лэжьыгъэм ипкъ иткIэ.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ къазэрыхуищIам тету, мардэхэм езэгъ пэшхэр зэрыратыр. ЦIыхухэр зэрагъэIэпхъуэ программэм и япэ IыхьитIым тещIыхьауэ къапщтэмэ, метр зэбгъузэнатIэ мин 16,34-рэ хъум къыщIагъэIэпхъукIхэр метр зэбгъузэнатIэ мин 25,08-м ягъэIэпхъуэнущ.
Къумал Заурбэч гугъуехьхэм ящыщу къыхигъэщащ лэжьыгъэм хухах мылъкур зэрымащIэр, псэупIэ пэшхэр зэIэпахыныр ухуэныгъэр зи пщэ дэзылъхьэжхэм зэрагъэгувэр, нэгъуэщIхэри. ЗыгъэпIейтейхэм ящыщщ 2022 гъэ лъандэрэ иджыри унэ 28-рэ (метр зэбгъузэнатIэ мин 21-рэ хъууэ) кхъахэ хъуауэ къызэралъытар.
Сом меларди 2
мынэхъ мащIэ
КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей жиIащ 2023 - 2024 гъэхэм ятещIыхьа программэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэр и кIэм зэрынагъэсар, Налшык къалэм дэт зы унэм и пэши 127-м цIыхухэр къыщIагъэIэпхъукIыным фIэкIа къэмынэу.
2017 гъэм къыщыщIэдзауэ 2022 гъэ пщIондэ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 13,5-м нэблагъэ кхъахэ хъуауэ къалъытащ, абы щыщу зэман гъунэгъум метр зэбгъузэнатIэ мини 7,8-м къыщIэгъэIэпхъукIыным иужь итынущ. Республикэм ущыпсэу мыхъуну дэт унэу мы зэманым щыIэщ метр зэбгъузэнатIэ мин 35-м щIигъу.
Гугъуехь щхьэхуэу зэкIэ къонэ Налшык къалэм кIэлындор кIыхь зиIэ унэхэм къыщIагъэIэпхъукIыныр - нэхъыбэу ахэр кхъахэ хъуауэ къалъыта общежитхэращ. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, уней ящIа апхуэдэ пэшхэр псэупIэ мардэм техуэркъым, зыгъэпскIыпIэ, пэш щхьэхуэ хуэдэхэр зэрамыIэм къыхэкIыу. Апхуэдэхэм щIэсхэм метр зэбгъузэнатIэ 33-рэ мынэхъ мащIэ иратын хуейщ, зыщIэса пэшхэр метр зэбгъузэнатIэ 17 - 18 фIэкIа мыхъуу щытами. Гугъуехь къэзышэр аращ - Iуэхум текIуадэм и процент 50-м нэс республикэм хилъхьэжын хуей зэрыхъурщ. А лъэпощхьэпор къызэрызэранэкIынум йолэжь щIыналъэ унафэщIхэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ лэжьыгъэр зыубзыху федеральнэ IэнатIэм зэпымыууэ япыщIащ. Гугъуехьхэр къызэнэкIыным сом меларди 2 мынэхъ мащIэ хуеинущ.
Iуэхур
къэзылъахъэр
Республикэм и щыхьэрым мы лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым тепсэлъыхьащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Тонконог Анатолий. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, программэм и япэ Iыхьэр (2022 - 2023 гъэхэм ятещIыхьар) къыкIэрыхуауэ яухауэ аращ - фэтэри 199-м къыщIагъэIэпхъукIащ.
ЕтIуанэ Iыхьэм къриубыдэу (2023 - 2024 гъэхэм), метр зэбгъузэнатIэ 3539-м къыщIагъэIэпхъукIын папщIэ, метр зэбгъузэнатIэ 6113-рэ яухуэн хуеящ. Гугъуехь нэхъыщхьэр зэпхар общежитхэращ - ахэр 31-рэ мэхъу.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ 2022 гъэм щегъэжьауэ кхъахэу къалъытахэм иджыри уни 9 къазэрыхэхъуар. ЩытыкIэр щыгугъу дыдэу къагъэлъагъуэ унитI (Ахъуэхъум и унэ №137-мрэ Тхьэкъуахъуэм и уэрамым хиубыдэ унэ №94-мрэ). Ахэр, уеблэмэ ущыпсэуну шынагъуэу къалъытащ.
Прохладнэ къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Кожухов Кирилл къыщыпсалъэм жиIащ кхъахэ хъуауэ унибл муниципалитетым зэраIэр, метр зэбгъузэнатIэ 974-рэ хъууэ. Абыхэм щIэсхэр ягъэIэпхъуэну траухуэ 2027 - 2028 гъэхэм.
Унэхэр нэхъ къызэрызэтенэну щIыкIэр
ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ жьы хъуа унэхэр гъэбелджылыным илъэс къэс зэрелэжьымрэ ТСЖ-хэмрэ управляющэ компаниехэмрэ унэхэр зыхуей хуагъэзэнымкIэ яхь жэуапыр ирагъэфIэкIуэн зэрыхуеймрэ.
ЗэIущIэм хэтахэм яфIэгъэщIэгъуэнащ Налшык къалэм ухуэныгъэхэр куэду зэрыщекIуэкIым емылъытауэ, жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным гугъуехь зэрыпылъыр. Ахэр щIэупщIащ унэхэр зыщIхэм иращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм псэупIэм и Iыхьэ гуэр муниципалитетым ирату щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Тонконог Анатолий жиIащ щIыпIэхэм зэрызрагъэужь зэгурыIуэныгъэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну администрацэм зэригъэхьэзырыр. Дэфтэрым къыщагъэлъэгъуэну я мурадщ унэ зыухуэхэм псэупIэ ящIам и процент пыухыкIар - проценти 5 - 7 муниципалитетым иратыну къалэн щащIыныр.
Унафэр
ЗэIущIэм и кIэм комитетым КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министерствэм хуигъэлъэгъуащ япэу зэлэжьыпхъэхэр. Абыхэм ящыщщ: «2014 - 2049 гъэхэм унэхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым теухуауэ» республикэ программэм кхъахэу къалъыта унэхэр хэгъэкIыныр; унэжьхэм къыщIагъэIэпхъукIыхукIэ, абыхэм я щытыкIэр цIыхухэм я дежкIэ шынагъуэншэу щытыныр къызэгъэпэщыныр.
КъБР-м и Парламентым
и пресс-IуэхущIапIэ.