Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым махуищкIэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.
Ар и фэеплъу щытащ балъкъэрхэм я литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, узэщIакIуэ Мечиев Кязим. Зэпеуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 30-м я бэнакIуэ 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым абы кърихьэлIащ усакIуэ цIэрыIуэм и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къэрал къулыкъущIэхэр, депутатхэр, спортым и лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэ-та гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Iэщыж Мухьэмэдрэ Къаншокъуэ Дамиррэ.
ЕтIуанэ хъуащ Дол Мансур. Нэгъуей Дамир, Щад Темырлан, Мизиев Iэдэм, ПщыхьэщIэ Темырлан, Мэшыкъуэ Идар сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.
Ди бэнакIуэхэм я тренер- хэр Накуэ Iэниуар, Шагъыр Аскэр, БжэныкIэ Ислъам, Нэхущ Руслан, Гуэщокъуэ Мурат, Арахъэ Ибрэхьим сымэщ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту УФ-м бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ екIуэкIыну зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.