Шэшэн сурэтыщIым и гупсысэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм гъуазджэмкIэ галерее хэтым щокIуэкI «ГъащIэм и бэуэкIэр» гъэлъэгъуэныгъэр. Налшык япэу утыку къыщрахьащ шэшэн сурэтыщI Яхиханов Рустам и IэдакъэщIэкIхэр. 

Гъэлъэгъуэныгъэм къы­зэ­щIеубыдэ сурэт 25-рэ, графикэ лэжьыгъэу 15, инсталляцэ зыбжанэ. Худож­никым и ­IэдакъэщIэкIхэр ­триухуащ па­сэрей кхъуэщынхэм, хьэкъущыкъухэм, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм, макъамэ Iэмэпсы­мэхэм, Кавказ Ищхъэрэм къы­щыкI хьэцэпэцэм. Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми тхыдэ гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Псом хуэмыдэу пасэрей ­кхъуэщынхэмрэ хьэкъу­щыкъухэмрэ ухашэж адэш­хуэ-анэшхуэм я дунейм. Къы­жыIапхъэщ, а лэжьыгъэхэм щэху куэд зэрахъумэри. 
- Мы кхъуэщынхэмрэ уна­гъуэхэм къыщагъэсэбэп хьэп­шыпхэмрэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ зэхуэсхьэсащ. Нэ­гъуэщI щIыналъэхэм сы­щы­кIуэкIэ бэзэрхэм е цIыху щхьэ­хуэхэм я деж къыщыс­щэхуащ. Тхыдэри плъыфэри зэщIэзыша хьэпшыпхэр куэд щIауэ си Iэпэгъущ, - жеIэ Яхиханов Рустам. - ЦIыхухэм, щIы­уэпсым я теплъэхэр си лэжьыгъэхэм куэду къыщызгъэлъэгъуащ. Иужьым мурад сщIащ кхъуэщынхэм гулъытэ нэхъ яхуэсщIыну. Къызэхъу­лIамэ, си гуапэщ. Iуэхум щIэ­щыгъуэ гуэрхэри къыпэкIуащ. Псалъэм папщIэ, сызыгъэ­гузавэ Iуэхухэр хьэпшыпхэм къризгъэлъагъуэ хъуащ. Ап­хуэдэщ нэхъыжьхэм къыт­хуагъэна щIэинхэр дыхуэсакъыу тхъумэн зэрыхуейр.
СурэтыщIым и дежкIэ мы­хьэнэшхуэ иIэщ и гуп­сысэхэр лэжьыгъэхэмкIэ цIыхухэм я деж нихьэсыным. Езыр-езыру гъуазджэм дихьэххэм я ­акъы­лыр абы хуэкIуэм фIыщ, ауэ гу лъыботэ языныкъуэ лэжьыгъэхэм тхыгъэ гуэдзэнхэр ­зэ­ращIигъужам. Худож­никым жи­Iэну зыхуей дыдэр   а тхыгъэхэм къыщымыхьами, гуп­сысэр абы хуеунэтI. ­Язы­ны­къуэхэр псалъэ лей ­хуэныкъуэ­къым, адрейхэм   гъуазджэм и курыхыр зы­­ха­щIэнымкIэ ар щхьэпэ яхуохъу. А псалъэхэр къыбгъэдэкIащ искусствовед, Яхиханов Рустам и выставкэхэм сыт щы­гъуи кIэлъыплъ Никитинэ Полинэ. 
Художникым языныкъуэ кхъуэщынхэр цIыхухэм хуэ­-дэу къегъэлъагъуэ. Къапщ­тэмэ, и зы кхъуэщын триу­-хуащ Совет Союзым и ЛIы­хъужь Нурадилов Ханпаши. СурэтыщIым и инсталляцэхэм щыболъагъу щIакIуэр, и адэ­шхуэм и башымрэ нэмэз щыгъэмрэ. Кавказым зыщрихьэ­лIа кхъуэщынхэм къадэкIуэу, гъэлъэгъуэныгъэм хигъэ­-хьащ Дубай, Тыркум и Кап­падокие щIыпIэм щилъэ­гъуахэм ящыщ­хэр. Кхъуэщынхэр я плъыфэкIи, ныбжькIи, ина­гъ-цIыкIуагъкIи зэщхьэщокI. И зы сурэтым къы­щи­гъэлъэ­гъуа къуэщынхэм щIыр явэ. Яхихановым Шэшэным щIы къэпитI къришат, и хадэм ­кърихри. Абы нартыху щы­хасащ. «Псапэ» инсталляцэм щыщт нартыхур. Гъэлъэгъуэ­ныгъэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми Iэмал иIащ нартыху Iэбжьыб къищтэу къуа­лэбзухэр игъэшхэну е абы щыщ хисэну. 
Яхиханов Рустам, Шэ­шэ­нымрэ Урысеймрэ къадэ­-кIуэу, и зэфIэкIхэмкIэ хамэ къэ­ралхэми къыщацIыхуащ. Графикэмрэ живописымрэ я унэтIыныгъэ псоми ар хуэ­Iэзэщ. Санкт-Петербург ХудожествэхэмкIэ и академие Репин Илья и цIэр зезыхьэр къиухри абы игъэзэжауэ тхылъ графикэмкIэ и факультетым щрегъаджэ. Художникым и лэжьыгъэхэм и пщIэр къалъытащ, дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. И IэдакъэщIэкIхэр музейхэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ яхъумэ. 
Гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и кIэ пщIондэ щыIэнущи, «деплъарэт» жызыIэм иджыри зэман фиIэщ. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.