УнэтIакIуэхэмрэ ягъэгъуазэхэмрэ я зэIущIэ щхьэпэ

Къэралым гулъытэ хэха зыхуищI хъуа псэкупсэ лъапIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэхэр щIыналъэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ, нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэрашалIэурэ лъэныкъуитIри зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм щрипсалъэ зэхуэсхэр ирагъэкIуэкI. Абы и IуэхукIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэ щхьэпэ ирегъэкIуэкI. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэм пIалъэ щIагъуэ димыхыу жылагъуэм деж пщIэ щызиIэ, зи псалъэм Iулыдж хуащI цIыху цIэрыIуэхэр кърагъэблагъэурэ ныбжьыщIэхэм ирагъэпсэлъылIэ, мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмкIэ зэрагъэхъуажэ. Апхуэдэ зэхуэст иджырей гъащIэм тепщэ щыщIын хуей псэкупсэ лъапIэныгъэхэм ятеухуауэ КъБКъУ-м иджыблагъэ щекIуэкIа узэщIакIуэ зэIущIэри.
Зэхуэсым къеблэгъащ муфтий, Дунейпсо ислъам миссием и унафэщI, Кавказ щIыналъэм и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я зэщIэзыгъэуIуэ центрымрэ я лIыкIуэ ПщыхьэщIэ Шафихь, Прохладнэ къалэм дэт, Щихъ Николай и цIэр зезыхьэ члисэм и щоджэн Еремеев Андрей, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахметов Артур сымэ.
КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ жылагъуэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къумыкъу Резуан зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ, абыхэм я дуней лъагъукIэм къызыхэкIа лъэпкъхэм я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр гуэх имыIэу хэухуэнэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI.
– Дызытет дунейм цIыхур зыузэщI, абы и щыIэныгъэм зезыгъэужь Iуэхугъуэхэр мымащIэу зэрыхэтым хуэдэ дыдэу, ар гъуэгу пхэнж тезыгъэувэн, напIэзыпIэкIэ зыгъэунэхъун щхьэусыгъуэхэри щымащIэкъым. Дунейр дахагъэм къихъумэу жытIэми, мыхъумыщIагъэр нэхъ хуэлъэщ, абы и гуащIэр нэхъ илъщ. ЩытыкIэ дахэ уиIэным, псэкупсэ лъапIэныгъэхэр гъащIэм щытепщэу упсэуным ухущIэкъун хуейщ, бзаджэщIагъэр жэрыгъэкIэ къожэ, нэхъ псынщIэжуи узыIэпешэ. Арыххэуи, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр зэи зэпымыууэ егъэкIуэкIыныр, нэхъыжьхэм я псалъэр нэхъыщIэхэм я тхьэкIумэм идмыгъэкIыу узэщIакIуэ зэIущIэхэр къызэгъэпэщыныр къалэн тщохъу. ЦIыхум и гъуэгу захуэм хуэзышэ къаблэмэр тфIэмыкIуэду тIыгъыныр дэтхэнэми ди хьэкъщ, – жиIащ Къумыкъу Резуан.
Ахметов Артур къыхигъэщащ КъБКъУ-м къыхилъхьэ жэрдэмхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу щIалэгъуалэм заузэщIыным зэрыхуигъэпсыр, а лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
– Жьымрэ щIэмрэ сыт щыгъуи зэIэпэгъуу гъащIэм хэтынущ. ЩыIэнущ иджырей гъащIэм хэмызэгъэжу къыпщыхъу еплъыкIэхэри, щыIэнущ зыужьыныгъэм и шэсыпIэу къалъытэхэри. ТIури щреIэ. ЦIыхуу дунейм тетым хуэдиз еплъыкIэ щыIэщи, ар фIыщ: зыр адрейм едэIуэнущ, зыр адрейм дэплъеинущ, зыр адрейм щапхъэ ищIынущ. Ауэ апхуэдиз еплъыкIэ зэмыщхьхэм лъабжьэ яIэн зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ. Лъэпкъ къэс езым ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэу щэнхабзэрэ дуней лъагъукIэрэ иIэщ. Абыхэм нэхъыщхьэу къагъэувыр цIыхугъэ пхэлъын, нэхъыжьым и пщIэр етын, нэхъыщIэм гъуэгу егъэлъагъун зэрыхуейрщ. ГумащIагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур, гулъытэр – мыхэращ цIыхур цIыху зыщIыр, мыхъумыщIагъэм пэIузыдзыр. А лъапIэныгъэхэр зыхэзыщIэм, шэч хэлъкъым, лъэпкъ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэми пщIэ яхуищIынущ, цIыхугъэри лъагэу иIэтынущ. Псэкупсэ лъапIэныгъэхэм цIыхупсэр яузэщI къудейкъым, абы Iэпкълъэпкъри епсыхь, гупсысэри егъэжан. Си гуапэщ мыпхуэдэ жэрдэмхэр университетым къызэрыхилъхьэр, абы щIалэгъуалэ куэд къызэрекIуалIэр, – жиIащ Ахметов Артур.
Диным цIыхум и гъащIэ гъуазэ узыншэ хуэхъунымкIэ къару зэриIэм тепсэлъыхьащ Еремев Андрей.
– Фи фIэщ фщIы студент гъащIэм хуэдэу гукъинэж фщыхъун, куэдрэ фызыхуеплъэкIыжын, гум IэфIу къинэжын нэгъуэщI фызэримыIэжынур. ЩIалэгъуэр дахэщ. ТIэкIу ущыщхьэприх къэхъуми, псэуныгъэм зыщумыгъэнщIу, ныбжьэгъугъэр къэплъыхъуэу, япэ гурыщIэхэм узэщIаIыгъэу ибохьэкI. ЩIалэу щымыта жьы хъуркъыми, фызыщIэхъуэпсхэр къызыгурымыIуэ нэхъыжь фиущийркъым. Ауэ гъащIэ къэзыгъэщIа, дунейм и пIалъэ зылъэгъуа цIыхум фимыгъэжакъуэмэ, езым зэгуэр IэщIэкIа щыуагъэхэм къытевмыгъэзэжмэ зыфIэфI нэхъыжьыфIым хуэшыIэркъым, и псалъэрэ гъэсэпэтхыдэу фызыщIигъэдэIур куэд мэхъу. ФиIэ Iэмалыр къэвгъэсэбэпи, фи диным къигъэув лъапIэныгъэхэр, фыкъызыхэкIа лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр зэвгъащIэ, я купщIэм фапкърышасэ, къызыхуэунэхуамрэ зыхуэунэтIамрэ зыщывгъэгъуазэ – абыхэм зэи фыщагъэуэнукъым, гъуэгу захуэми фытрашынукъым. Псэкупсэ лъапIэныгъэхэр зыхэлъ гъащIэращ купщIафIэр, мыхьэнэ зиIэр, щыIэныгъэм и лъэныкъуэ псори къызэIузыхыр, – еущиящ щIалэгъуалэм щоджэныр.
Муфтий ПщыхьэщIэ Шафихь щIалэгъуалэм защыхуигъазэм, къыхигъэщащ цIыхур фIыуэ лъагъуным, уи щхьэм хуэбгъэфащэм хуэдэ абы епэсыным, ныбжьэгъумрэ гъунэгъумрэ я хьэкъыр хъумэным, пщIэ зыхуэфащэм и Iыхьэр лъыгъэсыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
– Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, дызыщыщ лъэпкъым бзэрэ хабзэкIэ къытемыхуэ цIыхухэм даIуощIэ. Дэ сыт тщIэр? Дажьэхэпыджэрэ абыхэм? Лъагъумыхъуныгъэ яхудиIэу бзаджэу дахущыт? Хьэуэ, апхуэдэ щытыкIэ зетхьэркъым. Сыт щхьэкIэ? Мы щIыналъэ дахэм и щыдэлъху лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – я дуней лъагъукIэм нэхъыщхьэу хэлъхэм ящыщщ цIыхум цIыхугъэ хуэгъэфэщэныр. Уадыгэфынукъым цIыхугъэ пхэмылъу, убалъкъэрыфынукъым цIыхугъэ пхэмылъу. А лъапIэныгъэхэр зэрыIэмалыншэр тщIэуэ ди щIалэгъуалэр абыхэм ящIыдопIыкI, ар абыхэм я лъым апхуэдизкIэ хэпща мэхъури, нэгъуэщI щытыкIэрэ зекIуэкIэрэ щыIэу я нэгу къахущIэгъэувэркъым. Ар фIыкъэ-тIэ? Дэ жытIэркъым щIалэгъуалэ Iей диIэу, куэдкIэ узыщыгугъ хъун щIэблэ дахэ диIэщ, ар долъагъу. Апхуэдэу щыт пэтми, ущиер лей хъуркъыми, фIы зэрыщыIэр, абы гупэкIэ дыхуэгъэзауэ зэрыщытын хуейр къытедгъэзэжурэ жыдоIэ. ЗэгурыIуэмрэ цIыхугъэмрэ нэхъыфI щыIэкъым. Ахэр мамырыгъэм и шэсыпIэ лъэщщ, ахэращ дэ цIыху нэс къытхэзыщIыкIри. Сыт щыгъуи щIэныгъэ къэфлъыхъуэ. Къэфлъыхъуэ щIэныгъэхэр гъащIэм зэрыщылъащэм, лъэ быдэкIэ зэрыщыувам зыщывгъэгъуази, фи щыIэныгъэм хэфлъхьэ, абыкIэ фи псэуныгъэр фунэтI, – жиIащ ПщыхьэщIэм.
Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, хьэщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ уэршэр купщIафIэ зэращIылIащ, хэт сыт хуэдэ упщIэ иIэми, абыкIэ зыр зым еупщIурэ зэхуэсыр дахэу адэкIэ ягъэкIуащ.
ЗэIущIэр къызэгъэпэщэныр зи жэрдэмыр КъБКъУ-м щэнгъасэмкIэ, психологиемрэ спортымкIэ щIэныгъэ етынымкIэ институтырщ. Абы и унафэщI Михайленкэ Ольгэ зэIущIэм къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIым зиужьынымкIэ фIэщхъуныгъэ зэриIэри къыхигъэщащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.