КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм 2025 гъэм щызэфIагъэкIамрэ нэхъыщхьэу гу зылъытапхъэхэмрэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ щIыналъэм и экономикэр езыгъэфIакIуэхэм мэкъумэш IэнатIэр зэращыщыр. Абы щIыналъэр ерыскъыпхъэкIэ, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэрегъэпэщ.
- Ди унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ жыг хадэ гъэкIыныр, нартыху жылэм елэжьыныр, хадэхэкIхэр хъумэныр. ЗэрытщIэщи, мыIэрысэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и «бренд» хъуащ. Иужьрей илъэс зыбжанэм ди щIыналъэр япэ итщ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу игъэкIымкIэ. Абы къыхэкIыу республикэм пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр щыухуэным пащэ. 2024 гъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшымкIэ ирикъуу езым зыкъызэрегъэпэщыжыф. Абы щыгъуэми, Урысейм и Президент Путин Владимир къыхигъэщащ, IэнатIэм зиужьын папщIэ, иджырей технологиехэр къэгъэIурыщIэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ иджыри къытпэщылъщ, - жиIащ Егоровэм.
КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн къыхигъэщащ бжьыхьэ губгъуэ лэжьэгъуэр республикэм и чэзум щыщIадзауэ зэрыщекIуэкIыр. Мы зэманым гъавэр Iуахыж, икIи АПК-м и управленэу районхэм щыIэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, тонн мин 985-рэ къытрахащ. ХадэхэкIыу мы зэманым тонн мин 350-рэ Iуахыжащ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар куэдкIэ нэхъыбэщ нэгъабэрейм елъытауэ. Лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну я мурадщ щэкIуэгъуэм и кIэ пщIондэ. Иджыпсту зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэсым и кIэм къаIэрыхьэнущ гъавэхэкIыу тонн 1200-рэ, сэхурану тонн мин 24-рэ, хадэхэкIыу тонн мин 465-рэ. КIэртIофыр мы гъэм процент 1,2-кIэ нэхъ мащIэщ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ, илъэс къэси хуэдэу, пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэмрэ зэрыкуэдынур - ахэр тонн 1203-рэ хъунущ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ар проценти 7,4-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм нэхърэ. 2025 гъэм илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыг щыхасэнущ щIы гектар зы минрэ 800-м, абы щыщу щIы гектар 1250-м лэжьыгъэр щызэфIагъэкIащ.
ПсыщIэгъэлъадэм и гугъу щищIым, Сыжажэм жиIащ щIы гектар мини 4,7-рэ къызэрызэгъэпэщар. «2025 гъэм и кIэ пщIондэ ди мурадщ иджыри щIы гектар мини 2,5-м мынэхъ мащIэм псыщIэгъэлъадэхэр щыдгъэувыну», - къыхигъэщащ абы.
Ар тепсэлъыхьащ мэкъумэшыр уэм зэрыщахъумэ щIыкIэми. А Iуэхухэм 2025 гъэм хухахащ республикэ ахъшэу сом мелуан 40. Къэрал дэIэпыкъуныгъэм къыщытеувыIэм, министрым жиIащ дызэрыт илъэсым а Iуэхум хухэха бюджет ахъшэр зэрынэхъыбэр - сом меларди 4,2-рэ зэрыхъур. Ар къызыIэрыхьэнухэм иджыпстукIэ хуаутIыпщащ сом меларди 3,6-м щIигъу. Илъэсым и кIэ пщIондэ къэнэжари къагъэсэбэпынущ.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финас IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ щIыналъэм и хэхъуэр нэхъыбэу зэлъытар мэкъумэшыр зэрыарар. Ар министрым еупщIащ республикэм къыщIигъэкI мэкъумэшымкIэ къэралым щиIыгъ увыпIэм. Сыжажэ Хьэсэн къыхигъэщащ илъэс етIуанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр мыIэрысэмкIэ зэриIыгъыр. «Нэгъабэ тонн мин 1,027-рэ къыпытчащ, мы гъэм тонн мин 1,103-рэ диIэну худогъэфащэ», - жиIащ абы.
Егоровэ Татьянэ жиIащ мыIэрысэм хуагъэув уасэм зэрыкIэлъыплъыпхъэр, республикэм ар нэхъ езэгърабгъуу щыщытын зэрыхуейр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ мы гъэм Прохладнэ районым мацIэ лIэужьыгъуэхэр къызэрыщахутам. Сыжажэм жиIащ абы и IуэхукIэ щIы гектар 560-м хущхъуэ зэрытракIар, шынагъуэ къызэрамыхьар.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ министертсвэм и лэжьыгъэм арэзы укъызэрищIыр.
* * *
ЗэIущIэм нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми щытепсэлъыхьащ. Республикэм и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр щэкIуэгъуэм и 27-м ирагъэкIуэкIыну унафэ ящIащ.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ «КъБР-м Зыхъумэжыныгъэм ехьэлIа и Iуэхухэр» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-мрэ «КъБР-м и ЩIы кодексым» и Iыхьэ 6-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и Законхэм я проектхэм.
ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат къызэщIикъуэжащ «Ростелеком» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и Iуэхутхьэбзэхэр иригъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ «комитетым и сыхьэтым» щагъэбелджыла пщэрылъхэр зэрагъэзэщIам.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щыжаIащ республикэм егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм я лэжьакIуэ зыбжанэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъкIэ зэригъэлъэпIэнур.