«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «На память» зи фIэщыгъэ, Къэрал Эрмитажым и щIэныгъэ лабораторэм и художник-реставратор ПIаз Елизаветэ и IэдакъэщIэкIхэр.
Елизаветэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зы плIанэпи къигъэнакъым, щалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэри хэту, и лэжьыгъэм къызэщIримыгъэубыда. ЩIыналъэм и щIыуэпсым и дахагъэр, щысабийм илъэгъуа, иджы кIуэдыжа языныкъуэ фэеплъ щIыпIэхэри и IэдакъэщIэкIхэм къатощ. ПIазым сурэт щищIыр зэзэмызэщ, нэхъыбэу художник-реставратор IэнатIэм зэрыпэрытым къыхэкIыу.
- Художественнэ лэжьыгъэр зэбгъэпэщыжу пхъумэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ. Абы гугъуехьхэр пылъми, къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэнщ. Зэпымыууэ щIэ гуэрым‚ ухуоджэ, узыщымыгъуазэ къыбощIэ, дэтхэнэ зы хьэпшыпми щIэныгъэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтын хуейщи. Пхъэбгъухэм тет, XVII лIэщIыгъуэм ящIа сурэтхэр зэгъэпэщыжынырт япэу зызэспщыта лэжьыгъэр. УнэлъащIэхэр зэгъэпэщыжынымкIэ лабораторэм сыдэлажьэурэ, ахэр зыхуей хуэзгъэзэжащ. Сызэлэжьам хэтт XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм псэуа бзылъхугъэм и сурэт. Ар гугъу пщызыщIыр абы нэхъапэм иIа теплъэр къызытепщIыкIыжын сурэт зэрамыхъумарт. Реставраторым хуитыныгъэ иIэкъым и щхьэзыфIэфIагъкIэ лэжьыгъэм щIэ гуэр хилъхьэну. Езы сурэтым къызитащ сызрикIуэну «гъуэгур». Хъумыхъуми зы кIапэлъапэ гуэрхэр хъума хъуат, зэманым жьы ищIами. Ар иужькIэ щагъэлъэгъуат урыс импрессионизмымкIэ Москва щыIэ музейм.
Зэрысабийрэ сурэт щIыным дихьэх Елизаветэ IэщIагъэр и унагъуэм къыдаIыгъыурэ трагъэгушхуащ. Налшык къалэм и Художественнэ школым щеджащ. И щIэныгъэм щыпищащ Къэрал педагогикэ университет Герценым и цIэр зезыхьэм сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и факультетым. Зэреджэм хуэдэурэ, академием щыхуагъэхьэзыр курсхэри къиухащ. Санкт-Петербург и Художественнэ академием живописымкIэ и факультет Репиным и цIэр зезыхьэр 2022 гъэм щIэсащ.
- Академием сыщIэтIысхьэныр си хъуэпсапIэт, ар уи щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъуэну IэмалыфIти. Пэжщ, абы ущIэтIысхьэнуи ущеджэнуи тынштэкъым. Гъуазджэм и теориемрэ тхыдэмрэкIэ факультетым и магистратурэр къэзухащ. УзыщыгуфIыкIынщ ди къэралым и къалэ нэхъ дахэм щыIэ еджапIэм нэхъапэм иIа теплъэр зэрахъумар. ХудожествэхэмкIэ академиер къэзыуха художник МгъуэлI Заудин сызэрыдэлэжьам и фIыгъэкIэ, IэщIагъэм и щэхухэм зыхэзгъэгъуэзащ, - жеIэ ПIазым. - Мазищ къэс утыкум щыдогъэлъагъуэ къыдэхъулIауэ къэтлъытэ лэжьыгъэхэр. Блыным фIэлъ сурэтхэр щыплъагъукIэ, гурыIуэгъуэ пщохъу хэбгъэхъуамрэ зэрызыбужьамрэ.
ГъуазджэхэмкIэ школым щыщеджэм Елизаветэ и зэфIэкI щеплъыжащ Лермонтовым теухуауэ екIуэкI зэпеуэм. «Демон» поэмэм хуищIа графикэ лэжьыгъэр хагъэхьат абы. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сурэткIэ къигъэлъэгъуэжынырт и къалэныр. ИужькIэ графикэми хуеджащ. Уигу ибубыда гуэр - дахагъэр, щIыуэпсым и къулеигъэр - тхылъымпIэмкIэ цIыхухэм я деж нэпхьэсыныр IэмалыфIу къелъытэ ПIазым.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.