«Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм къыпызыщэ зэIущIэр щекIуэкIыр Аруан куейм хы-хьэ Псынабэ къуажэрат. Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупымрэ ирагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэмрэ жылэ дэлъэдапIэм деж къащыIущIащ адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууейхэмрэ пшынауэ бэрэбэнауэхэр зэрыс шыгу зэщIэщIамрэ. Ахэр япэ иту къуажэ зэгъэпэщам и уэрам нэхъыщхьэм тет курыт еджапIэм ирашэлIащ хьэщIэхэр.
Зэпеуэ жыпхъэм икIыу гуфIэгъуэ махуэшхуэм хуэкIуа Iуэхум хуагъэхьэзырат школ пщIантIэр. Адыгэ нып абрагъуэр зи щIыбагъ къыдэт нэхъыжьыфI ХьэбытIэжь Хьэбас, Псынабэ щIэблэм ядэлажьэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, джэгуакIуэ ахъырзэман ЦIыпIынэ Идар, фащэр къызыщыпс адыгэ щIалэ, абы зыкъыкIэрызымыгъэху тырку щIалэщIэ - ахэр фIэхъус сэламкIэ къыпежьащ хьэщIэхэм, фадэбжьэри тхьэмадэм къыхуашиящ.
Псынабэ курыт еджапIэм еблэгъат КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, министерствэм и IуэхущIапIэу егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм и фIагъым щыхагъахъуэ центрым и унафэщI Къэ-жэр Артур, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и унафэщI Къэзан Сетхьэлий, Аруан район Хасэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий, Европэм щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий, КъБКъУ-м щезыгъаджэ УнэлIокъуэ Вячеслав, Аруан район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Мер Рустам, Аруан районым егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Жьанэ Заурбэч, Нарткъалэ дэт лицей №1-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хъуэст ФатIимэт, Псынабэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъэр Хьэжмурат, сымэ, егъэджакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр зыхэт къэпщытакIуэ гупыр.
ПщIантIэм абыхэм къащыпэплъэрт фащэ зыщыгъ къэфакIуэхэр, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет школ фащэ (еджапIэ псоми апхуэдэ хабзэ къыщащтамэ сыт хъунт!) зыщыгъ школакIуэхэр, дыжьын бгъэIулъкIэ зи фэилъхьэгъуэр зыгъэдэха егъэджакIуэхэр. Адыгэ нып абрагъуэм и лъабжьэм щIэтт зи лъэпкъ дамыгъэхэр зыIыгъ ныбжьыщIэхэр. Къафэ, уэрэд, фIэхъус псалъэхэр щыжаIэ утыкум и ижьырабгъумкIэ адыгэ лъэпкъ пщIантIэр къыщолъагъуэ, бжьыхьэ гъавэкIэ бейрэ берычэтыр дэзу, хьэщIэщым щIэтщ махуэшхуэм хуагъэхьэзыра хьэлыуэр, джэдыкIэрыпщыр, унэлъащIэ зэгъэпэщахэр. Куэбжэ дыхьэпIэм нэхъ пэгъунэгъуу ягъэува шэтырым адэ-анэхэр щопщафIэ, лэкъум пIырыпIыр тхъуэплъу къыхахыжри, Iэнэм къытралъхьэ, къэмэжэлIахэм ирагъэшхыну. ЖыпIэнуракъэ, адыгэмэ къызыдих школ пщIантIэм и дэтхэнэ къуэгъэнапIэри, хьэпшып, Iуэху, цIыху щхьэпэкIэ гъэнщIат, дэнэкIи къыщыщIидзыурэ адыгэм и шыфэлIыфэм, и IуэрыIуатэм, и хабзэ зехьэкIэм, джэгукIэхэм, нэгъуэщI куэдми яхутепсэлъыхьырт ЦIыпIынэ Идар. ЕджапIэм и унафэщI Теувэ Иринэ и фIэхъус псалъэм иужь утыку къихьащ «Псынабэ» къэфакIуэ гупыр, Ажэгъафэми и къалэн игъэзащIэу адыгэ нып цIыкIухэр хуарзэу зыIыгъ ныбжьыщIэхэм яхэлъадэурэ игъэгушхуэрт, нэхъ цIыкIухэр усэ къеджэрт.
Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу жыхуаIэрати, апхуэдэ егъэблэгъэкIэм къыкIэлъыкIуа Iуэху щIэкIэри купщIафIэт, екIут, хэIэтыкIат. Псынабэ курыт еджапIэр иджыблагъэ зэрагъэпэщыжащ, унэщIи къыпащIыхьащи, и пэшхэр хуитщ, и кIэлындорхэм ущызэкIэщIоплъ, унэлъащIэу классхэм щIэтхэр щIэрыпсщ. А псор махуэшхуэм хуагъэхьэзыращи, лъэбакъуэ къэс псалъэ Iущхэр фIэлъщ, бжэ къэс адыгэ псалъэжь фIэдзащ, плIанэпэ къэс Iуэхугъуэ гуэрым трагъэпсыхьащи, сабийхэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнур нэрылъагъущ. КъэпщытакIуэ гупыр нэхъ гъунэгъуу зэригъэцIыхури, махуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэмрэ ятыну дерсхэмрэ кIэщIу дыщигъэгъуэза нэужь, еджапIэм и унафэщI Теувэ Иринэ дришэжьащ, етIуанэ къатым щекIуэкI урокым дишэну. Ауэ дэкIуеипIэм дызыщрихьэлIар дызыпэмыплъат. Министрыр зи пашэ гупыр къыфIэмыIуэхуххэу къызэтригъэувыIэри, уд фызыжь жьэрыIэзэм къытхуигъэуващ: «Фи мыгугъэ апхуэдэу тыншу фысIэщIэкIыну, дэ ди школыр щIэныгъэм и къигъэхъуапIэщ, акъылым и хэщIапIэщ, фэ фыкъыщыкIуакIэ куэдым хэфщIыкI хъунщи, фызгъэунэхунущ, си упщIэхэм жэуап къефтынущ». Уд фызыжьым и упщIэхэр къатщIэм, саугъэт къыдитым, емызэшыжу и матэм иIэбэурэ и «упщIэхэр» кърихым, къатщIэм, саугъэт къыдитурэ ШэкIыхьэщIэ Заирэ и классым дынэсащ.
4-нэ классым щIэс ныбжьы-щIэ цIыкIухэр нэжэгужэу пэплъэрт дерсым. Ар зытеухуар омонимхэрати, Заирэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, еджакIуэхэр темызэшэн хуэдэу гъэщIэгъуэну иригъэкIуэкIащ и дерсыр. Я тхыкIэкIэ зэщхьу, ауэ я мыхьэнэкIэ зэтемыхуэу бзэм хэт псалъэхэр къаригъэпщытащ, доскам къыфIидза сурэтхэм иту ялъагъухэр жаригъэIэри, я мыхьэнэхэр зэпкърахащ, а псом «омонимкIэ» зэреджэр къагуригъаIуэри, езы цIыкIухэр игъэлэжьащ. Ешауэ пIэрэ щыжиIэм, къигъэтэджри, джэгукIэ щIыкIэм тету я Iэпкълъэпкъым зригъэукъуэдиящ. Дерсым и кIэухым игъэгушхуэу псоми яхуигуэшащ медаль щIыкIэу яхуигъэхьэзыра саугъэтхэр.
Псынабэ школым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и гъусэу адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэм, тхыдэм, щэнхабзэм теухуа щIэныгъэрэ гъэсэныгъэмрэ цIыкIухэм зэрыщратыр нэрылъагъут кIэлындорхэм щекIуэкI IуэхухэмкIэ. Чы бжыхькIэ къэхухьа щIыпIэм щыгъэува тетIысхьэпIэм «Жэбагъы тесщ». Мэкъуауэ къикIыж щIалитIыр абы щIэупщIэну къоувыIэри, псалъэмакъым хэту Жэбагъы и IущыгъэхэмкIэ къадогуашэ, бзылъхугъэ блэкIым къыхуотэджри, ар нэхъыщIэми, цIыхубзщи, пщIэ хуэщIын зэрыхуейр къажреIэ. Абдежми, къуажэхьхэр щыкуэдти, а махуэм жэуап зытыр еджакIуэхэм я закъуэтэкъым, атIэ къэпщытакIуэ гупри жыджэру гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хашащ цIыкIухэм.
АдэкIэ дыздрагъэблэгъа пэшыр адыгэ унэ лъапсэм хуэ-щIат. Адыгэ унагъуэм хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIыу арати, я Iэ-нэр берычэтт, я гъавэр лъэныкъуэкIэ щызэтелът, уеблэмэ джэд псэу нэгъунэ матэм ису щIэтт. Абдежым нэхъыщIэ классым щIэс цIыкIухэм щагъэлъэгъуащ хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэм ящыщу нысащIэм зэрытехьэмрэ щауэр унэ зэрырашэжымрэ. ЖыпIэнуракъэ, пщащэхэри щIалэхэри хъарзынэу утыку итащ, я адыгэбзэ къулеймкIэ хъуэхъухэр, хъуэрыбзэхэр, гушыIэр къажьэдэлъэлъу, фащэхэр яхуэфIыпсу ящыгъыу.
КъыкIэлъыкIуэ Iуэхуу къэпщытакIуэхэр зрихьэ-лIар ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI зы хабзэ дахэт - щIопщакIуэрт. БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ теплъэгъуэм кърагъэблэгъат Псынабэ курыт еджапIэр къэзыухауэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэщIэр. Зауэм уIэгъэ щыхъуа сэлэтыр трагъэуну, щIэупщIэну къызэхуэсат нэхъыжь классым щеджэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Абдежым щыжаIащ а школыр къэзуха Ерокъуэ Андемыркъан зауэм зэрыхэкIуэдар икIи дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. Теплъэгъуэ ягъэхьэзырар купщIафIэ, бей ищIырт ныбжьыщIэхэм къажьэдэлъэлъ псалъэжьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, псалъэ шэрыуэхэм, хъуэхъухэм, хъуэрхэм, гушыIэхэм. Адыгэбзэр шэрыуэу зэрагъэбзэрабзэр, хабзэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэр, сыт хуэдэ утыку ихьэми къызыхэкIар ягъэлъапIэу зэритыфынур нэрылъагъуу щIопщакIуэр ирагъэкIуэкIащ школакIуэхэм. А Iуэхур нэхъ нэжэгужэ ищIащ сабий садым къраша цIыкIухэм. Абыхэм усэхэр, уэрэдхэр жаIащ, джэгуащ, сымаджэр трагъэуащ. ЩIопщакIуэ зыхуащIар ягъэзэшакъым а сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу, щIалэхэр IэпщэзэпекъукIэ зэпеуащ, къуажэм дэс лъэпкъхэр (адыгэхэр, урысхэр, тыркухэр, балъкъэрхэр) зэрызэрыIыгъыр, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыпсэур къагъэлъагъуэу, лъэпкъ къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзэщIащ, щIалэхэм-рэ пщащэхэмрэ къуажэхькIэ зэхьэзэхуащ.
А псом кIэлъыплъа хьэщIэхэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ ягу хэхъуащ, шэч хэмылъу, икIи жаIащ къуажэдэс ныбжьыщIэхэм я бзэм и шэрыуагъри, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерри а махуэм нэрылъагъу зэрыхъуар. Псалъэ гуапэкIэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зыхуагъэзащ УнэлIокъуэ Вячеслав, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Вэрокъуэ Затий сымэ.
Iуэхум къыпащэу адэкIэ дыздэкIуатэм, Мэлычыпхъу Iущыцэм дрихьэлIащ. КъыбжиIэн и куэдкъэ IуэрыIуатэм къыхэщыж пщащэ губзыгъэм. Абы и бзэм и дахагъымрэ и акъылым и жанагъымрэ ягъэщIагъуэу балигъхэр щежьэжым, адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ узэдыIуа Iэнэм Iууащ. Адыгэ фащэр зэкIужу зыщыгъ пщащэ цIыкIум къыджиIащ Iэнэм телъ ерыскъыхэр зэрапщэфIымрэ халъхьэхэмрэ. ИгъащIэми къэуат зыщIэлъ ерыскъыкIэ адыгэр зэрыбейр мыбдежми щынэрылъагъут, Iэнэм телът лы гъэварэ лэпсрэ, пIастэ, щIакхъуэзэтеупIэщIыкI, къэб гъэварэ шэрэ, мэлыкуэ гъэжьамрэ хадэхэкIхэмрэ, жэрумэрэ бжьыныху шыпсрэ, кIэртIоф жьэрыкуей, тхьэмщIыгъуныбэ, къаз гъэварэ хьэлIамэ цIыртIрэ, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, джэш лыбжьэ, махъсымэ, лы гъэгъуа пIастэм тегъэуауэ, тхъурыжь, хьэлыуэ, зэкIэрыс, кхъуей плъыжь, кхъуей цIынэ, джэд лыбжьэ, лэкъум, джэд гъэва, дэлэн, шху, мэжаджэ, нэгъуэщIхэри.
ЩIэныгъэм, гъэсэныгъэм къыдэкIуэу, цIыкIухэр IэпэIэсагъми щыдрагъэхьэх школым. НыбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ еджапIэр узэдат жыпIэ-мэ, ущымыуэну пщIы бжыгъэкIэ къегъэувэкIат Iуэхугъуэ, гъэм и зэман хэхахэм, теплъэгъуэ гуэрхэм теухуауэ школакIуэхэм ящIахэр. Дэтхэнэри дунейпсо гъэ-лъэгъуэныгъэм и утыку ипхьэ хъуну апхуэдэт.
Гъэлъэгъуэныгъэм иджыри зы плIанэпэ хухэхат, ар адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фащэхэм траухуати, еджакIуэхэм къыджаIэжащ абыхэм я къежьапIэ хъуар, къакIуа гъуэгуанэр, адыгэ фащэм и зэхэлъыкIэмрэ нобэрей махуэм къызэрысамрэ. Ар зыщыгъым игъэзэщIэн хуей къалэнхэмрэ фащэм хуэфащэу щытын зэрыхуеймрэ жаIащ. Хуабжьу плIанэпэ къулейт зи гугъу сщIы Iуэхур щекIуэкIыр. СэмэгурабгъумкIэ фIэлъщ Псынабэ къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэт- хэр, ижьырабгъумкIэ - дзэ Iуэху хэхам лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу щыIэ къуажэдэс щIалэхэр. IуплъапIэм щегъэувэкIащ жылэм дэс лъэпкъхэм я дамыгъэхэр зытет адыгэ нып щхъуантIэхэр. Сыту гухэхъуэт школыщIэм мыхьэнэ иIэу ягъэпса и дэтхэнэ зы къуэгъэнапIэри!
Апхуэдэ зы щIыпIэ деж бгъэныщхьэ унэм щызэхэсщ япэ дыдэу къуажэм къыдэтIысхьа унагъуэхэм я тхьэмадэхэр. Абдежым пщащэ щIыкIафIэр щы-тепсэлъыхьым Псынабэм и тхыдэм. Нобэ зыхуей хуэзэу зэрыпсэур уи нэгу къыщIигъэувэу бжьыхьэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэлъ жьэгуми уIуоплъэ.
КъэпщытакIуэ гупыр зрикIуэ пэIущIэм ныбжьыщIэхэм щыхадыкI, сурэт щащI. КъызэрыщIэкIымкIэ, школым абы и ныбжьыщIэхэм щадолажьэ. А цIыкIухэм я IэдакъэщIэкIхэр дагъэлъэгъуащ, щхьэж дэзыхьэх елъытакIэ гупжьейхэм зэры-кIуэр къыджаIащ.
Актер Iэзагъ ядэплъагъуу ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ Бэдынокъуэ адыгэхэм яхэлъа ха-бзэ мыщхьэпэр зэригъэкIуэдыжар, и адэр жьы хъуа нэужь, бгым щимыдзу бгъуэнщIагъым зэрыщигъэпщкIуар. А Iуэхур щекIуэкIа щIыпIэм деж, адыгэ хьэблэ укъыдэхута хуэдэ, пщащэхэм тхьэвыр яху, лэкъум хадзэну, щIалэм мэлыкуэ гъэгъуар жьэгу мафIэм пэрысу егъажьэ, шырыкъущIэми вакъэ ед, хэт сабийр гущэм хепхэ, хэти шыгун шыуанкIэ пIастэ ещI. Телъыджэщ! Адыгэм и щыIэкIэ-псэукIэр, и дуней щIэращIэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэщ.
Псынабэ къыщIэхъуэ щIэблэм щапхъэ зытрах нэхъыжьыфIхэр яIэщ, абыхэм я гъащIэм, я лэжьыгъэм теухуа плIанэпэм еджакIуэхэм къыщаIуэтащ я къекIуэкIыкIамрэ я IэдакъэщIэкIхэр зыхуэдамрэ. Апхуэдэ-уи ди лъэпкъыцIэр дунейпсо утыку щызыгъэIуа, хэхэс адыгэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр, тхылъхэр, дэфтэрхэр зытелъ дапхъэм деж адыгэбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ щытепсэлъыхьащ хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм.
Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса кIэлындорым нэмыщI, 5-нэ классым Индэрокъуэ Рим-мэ щригъэкIуэкIа «IуэрыIуатэ - ди къежьапIэ» мастер-классри щIэныгъэкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулейт. ЕджакIуэ цIыкIухэр екIуэкIыну Iуэхум хишэри, IуэрыIуатэр зэрызэхэлъ Iыхьэхэр къаригъэщIэжащ. А псоми фIы дыдэу хащIыкIыу къыщэкIащ Риммэ и еджакIуэхэм, ахэр гупитIу игуэшу зэпригъэуэн щIи-дза нэужь, ди бзэм и къулеягъымрэ ди литературэм и курыхымрэ бзэ къабзэкIэ утыку кърахьащ.
ЗэIущIэм и кIэухым къэпщытакIуэхэр едэIуащ Псынабэ курыт еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ абы и унафэщI Теувэ Иринэ жиIам.
Унагъуэм къыщежьэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ бзэм хуэщIын хуей гулъытэмрэ курыт еджа-пIэр зэрелIалIэр ди нэгу щIэкIащ а махуэм. ЕджапIэм и гуп зэкъуэтым зэфIэкIышхуэ зэриIэр ныбжьыщIэхэм я акъылым и жанагъымрэ я зэфIэкIымкIэ наIуэ къащIащ.
НэщIэпыджэ Замирэ,
АР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я журналист.