Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжым иджыблагъэ Iуэхугъуэ дахэ щекIуэкIащ, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным, лъэпкъ щэнхабзэм гулъытэ хэха хуащIу щIэблэр гъэсэным хуэунэтIауэ. ГъэсакIуэм, егъэджакIуэм, унэтIакIуэм гъэсэныгъэ-еджэныгъэ лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэ псоми хищIыкIыу бгъэхьэзырыныр къалэнышхуэщ. Егъэджэныгъэ IэнатIэр къыхэзыха, а гъуэгум техьэну мурад зыщIа ныбжьыщIэхэр лъэпкъ щэнгъасэм и фIыпIэм щыгъэгъуэзэныр, абы къызэщIиубыдэ хъугъуэфIыгъуэхэм хащIыкIыу, а псор я гупсысэмрэ дуней лъагъукIэмрэ хэухуэнауэ еджапIэм хуэгъэхьэзырыныр тыншкъым, уеблэмэ къаруушхуэ токIуадэ. Апхуэдэу щыт пэтми, а Iуэхур зи нэIэ щIэтхэр, а лэжьыгъэр зэпымыууэ зыгъэкIуатэхэр ди мащIэкъым. Апхуэдэщ зи гугъу тщIы колледжым и лэжьакIуэхэр, абы и щыхьэтщ гукъинэжу ирагъэкIуэкIа пшыхьри.
Жэрдэм дахэр къызэзыгъэпэщар педагогикэ колледжым и лэжьакIуэ Пэщол Сакимэщ. Абы хузэфIэкIащ и гъэсэнхэм утыку кърахьа Iуэхум адыгэбзэмрэ лъэпкъ гъащIэмрэ я лъэныкъуэ куэд къызэщIаригъэгъэубыдэн, ар гукъинэж ящыхъу къудейм къыщымынэу, я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ къежьапIэ дахэу къаригъэгъэхьэжьэн.
Пшыхьыр зэпеуэ гъэпсыкIэм иту екIуэкIащ. Ар къызэIуахащ гущэхэпхэм епха дауэдапщэхэр театр щIыкIэу къэгъэлъэгъуэнымкIэ. Сабий къалъхуагъащIэм щхьэкIэ ди нэхъыжьхэм «ЦIыху дунейм къытехьащ» жаIэрти, гущэм хапхэ сабийм хуэIухуэщIэ куэд дыдэ иращIэкIырт. Ахэр зэрыщыткIэ купщIафIэт, цIыхум дахэ теIуэным хуэгъэпсат, дуней дахагъэр абы къешэлIэным хуэщIат. Гущэхэпхэр дауэдапщэми, курыхкIэ тхьэлъэIут, хъуэхъурэ тхьэлъэIубзэкIэ гъэнщIат. Ауэ сытми жаIакъым: «Гущэм хапхэмрэ нысашэу дашымрэ иращIэкI дауэдапщэхэм уатекIуэмэ, къэнар хъымпIар къыпщымыхъуу зэфIэпхыфынущ», – жаIэу. Гущэхэпхэ хуэIухуэщIэхэм зэкIэлъыкIуэкIэ яIэщ, ахэр зым иужь адрейм зэрырагъэувэ щIыкIэхэм цIыхубз нэхъыжьхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу щытащ. Апхуэдиз гулъытэ щIигъуэтри дауэдапщэр зэрагъэнщI псалъэмкIэ фIэщхъуныгъэ яIэу зэрыщытарщ. Утыку кърахьа теплъэгъуэр Iуэху нахуэм иращIэкIми ярейт, апхуэдизкIэ ныбжьыщIэхэм гущапIэр зэрагъэхьэзыра щIыкIэми, халъхьа уэрэдхэмрэ хъуэхъухэмрэ узыIэпашэрти. Теплъэгъуэм хэт хъыджэбз цIыкIухэм яхузэфIэкIащ дауэдапщэм хэлъ хабзэхэм я мызакъуэу, адыгэбзэ дахэ къагъэIун, ар къэгъэнауэ, езыхэми екIуэкIыр я псэм зэрыхэлъыр, гукIэ абы зэрыпэблагъэр къеплъхэм зыхрагъэщIэн.
АдэкIэ зэхьэзэхуэм хэтхэр унэтIыныгъэ зыбжанэм щызэпеуащ, адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм ехьэлIа IуэхугъуэхэмкIэ зэпеуэу. Зэхьэрхуэр ныбжьыщIэхэм къагъэлъэгъуэн хуейр я щIэныгъэм и закъуэтэкъым, атIэ ар джэгукIэ IэмалхэмкIэ, утыку итыкIэмкIэ, псалъэ зэгъэпэщыкIэмкIэ нэрылъагъу ящIын хуейт. КъищынэмыщIауэ, щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр иджырей гъащIэм къыхэнэныр е хэкIуэдыкIыжыныр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм тепсэлъыхьынри я къалэнт зэпеуэм хэтхэм. Псалъэм щхьэкIэ, къызэгъэпэщакIуэхэм зэхьэзэхуэм псалъэжь зыбжанэ къыхалъхьащ, ахэр зытеухуакIэ занщIэу къыбгурымыIуэу, хэт псалъэхэм уегупсысын, ахэр лъэпкъ дуней лъагъукIэм зэрыщылажьэ щIыкIэхэр уигу къэбгъэкIыжын хуейуэ. ЖыIэн хуейщ зэпеуэм хэт хъыджэбзхэр къалэным мыбзаджэу зэрыпэлъэщар, ауэ, къыхэгъэщын хуейщ, псалъэжьым е жыIэгъуэм и мыхьэнэр къагурыIуа нэужь, ар хэпщIыкIыу ныбжьыщIэхэм зэрагъэщIэгъуар, зэрызыхащIар, дяпэкIи я бзэм къыхалъхьэжыну гукъыдэж зэраIэр зэрамыущэхуар.
«Псалъэгъэджэгу» зыфIащэ зэхьэзэхуэм хъыджэбзхэм кърата псалъэхэм Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэ къыхащIыкIын хуейт. Абыхэм псалъэщIэхэр къызэрыхащIыкIым укIэлъыплъыну уасэ иIэтэкъым. Абы къигъэлъэгъуат хъыджэбзхэм адыгэбзэ хъарзынэ зэраIурылъыр, я гупсысэр зэрыжаныр, хэлъэт зэрахэлъыр.
Дунейм къытехьа сабийм иращIэкI хабзэхэм ящыщщ кхъуейплъыжькIэрыщIэри. Лъэпкъ гъащIэм хэкIуэдыкIыжауэ пIэрэ, жыпIэну зы илъэс тIощIырыпщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, ар зыщIыж щIагъуэ щымыIэу хъуат. Иджы ар къощIэрэщIэж, хэхъуэ зиIэхэм я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм щIэх-щIэхыурэ къызэрыхалъхьэм и хъыбарыр къоIу. Зэпеуэм хэтхэм я къалэн нэхъыщхьэм хыхьэрт кхъуейплъыжькIэрыщIэм епха Iуэхугъуэхэр къанэ щымыIэу зэрагъэпэщыжыну, Адыгэ Хабзэм къызэригъэувым тету зэрегъэкIуэкIыпхъэр теплъэгъуэкIэ щIауэ утыку къихьэныр. НыбжьыщIэхэм унэ лэжьыгъэ папщIэу яIа а къалэныр фIы дыдэу ягъэзэщIащ. Утыкум итхэм якIэлъыплъхэм я нэгу щIэкIащ дагъэ зрагъэфа кIапсэмкIэ дэпщейуэрэ пкъоущхьэм фIэлъ кхъуей плъыжьым щIалэхэр зэхьэрхуэру зэрещар, я IэпщафIагъыр къагъэлъагъуэу абы нэсу къыгуадзэкъыкIыну зэрыхэтар. МащIэ зэрызехьи хэта щIалэщIэхэр, зым зыр къызэщIигъаплъэу, зым и ехъулIэныгъэм адрейр къызэщIиIэтэу.
Зэпеуэм къыхэжаныкIахэм я нэхъыфIыр къыхэпхыныр гугъу дыдэу къыщIэкIащ. КъэпщытакIуэ гупым яхэтащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Чыхумахуэ ФатIимэ, КъБКъУ-м егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, егъэджакIуэхэу Мэремкъул Риммэрэ ПщыукI Рузанэрэ.
Зэпеуэм хэтахэм ягъэлъэгъуамрэ къапсэлъамрэ зэпалъытэжа нэужь, «Узыншагъэр зэзыгъэпэщыж щэнгъасэр – пэщIэдзэ еджапIэм» унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт гупым япэ увыпIэр хуагъэфэщащ. ЕтIуанэ увыпIэр «Еджэныгъэр – пэщIэдзэ еджапIэм» унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтхэм иратащ, ещанэ увыпIэр а къудамэ дыдэм щеджэ ныбжьыщIэ нэхъыщIэхэм лъагъэсащ.
– Гугъу уемыхьу зыри къыпIэрыхьэнукъым. Еджэныгъэми аращ Iуэхур зэрыщекIуэкIыр: къыхэпха IэнатIэм гурэ псэкIэ упэрымытмэ, абы къигъэув Iуэхугъуэхэм якIуэцIылъ щэнгъасэ гупсысэхэр къыумыщтэмэ, егъэджакIуэ нэс ухъунукъым, сабийхэми уахэзэгъэнукъым. Интернетыр къыдэкIуэтей щIэблэм я гъащIэм гуэх имыIэу епхащ. Дэ ди къалэнщ интернетым и щхьэпагъри дызытет дунейм и фIагъри сабийхэм къагурызыгъэIуэфын егъэджакIуэ дгъэхьэзырыну. Абы къыхэкIкIэ, балигъ хъуами, зыхыхьэну сабийхэм я гупсысэкIэр зэрызыхащIэн зэфIэкIрэ лъэкIыныгъэрэ яIэу ар едгъэджэн хуейщ. Ди анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ хабзэхэмрэ гъащIэм увыпIэ хэха зэрыщаIэр, технологием и зыужьыныгъэм емылъытауэ, абыхэм ди щыIэныгъэр зэраубзыхур щIэблэм едгъэщIэн щхьэкIэ, ныбжьыщIэхэм яхэдгъэхьэну дгъэхьэзыр щIалэгъуалэм бзэхэри хабзэхэри фIыуэ едгъэщIэн хуейщ. Мыпхуэдэ зэпеуэхэр сыткIэ фIы, жыпIэмэ, ди псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэм я купщIэр къызэщIагъэрыуэ, технологием и жьауэ зытрихьа ди гъащIэм щIэщыгъуэ къызэрыхалъхьэм ди гупсысэр хуагъэушэ. Си гуапэ дыдэщ къалэн ящыпщI Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм жану икIи жыджэру хэтын щIалэгъуалэ зэрыдиIэр. Абы гугъэ дегъэщI, дызыпэрыт IэнатIэми щIэщыгъуэ зэрыхэтлъхьэнум дыхущIегъэкъу, – жиIащ Пэщол Сакимэ.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я къэухьыр бгъуэ зыщI, я щIэныгъэр зыгъэкуу жэрдэмхэр дяпэкIи зэрырагъэкIуэкIынури, еджапIэ къекIуалIэхэм ящыщ куэд къызэрыхашэнури Пэщолым хэхауэ къыхигъэщащ. Зэпеуэм хэтахэм я зэфIэкIыр нэхъыбэ хъуну, я щIэныгъэм хуэщхьэпэн куэдкIэ адыгэбзэмрэ адыгэ гъащIэмрэ къызэIуахыну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ Динэ.