Республикэм и Iэтащхьэр хэтащ «Кавказым инвестицэхэр хэлъхьэ» бизнес зэхыхьэм и пленар зэхуэсым.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ икIи къыщыпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэм ИнвестицэхэмкIэ щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу Минводы къалэм къыщызэрагъэпэща «Кавказым инвестицэхэр хэлъхьэ» еплIа-нэ бизнес зэхыхьэшхуэм и пленар зэIущIэм.
ЗЭХУЭСЫМ апхуэдэу кърихьэлIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовни­-ков Александр, округым хиубыдэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр, инвестицэ IуэхущIапIэхэм, къэрал IэнатIэхэм, зыу­жьыныгъэмкIэ щIыналъэ институтхэм, бизнесым и IэнатIэ мыинхэмрэ ку­рыт­хэмрэ, эксперт IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэу 600-м щIигъу.
Пленар зэIущIэр зытеухуауэ щыта Iуэху нэхъыщхьэр щIыналъэм и со­циаль­но-экономикэ зыужьыныгъэр нэ­рылъагъуу щIэгъэхуэбжьэнымкIэ Уры­­сей Федерацэм и Президент Путин В. В. къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэ-ным, хьэрычэтыщIэхэм, зыужьыныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм, къэрал влас­тым и федеральнэ, щIыналъэ орган-хэм я зэпыщIэныгъэхэр тэмэму зэ­тегъэувэным хуэгъэза хэкIыпIэхэр убзы­ху­нырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и АПК-м зэ­рызиужь щIыкIэм теухуауэ къызэ­реупщIам жэуап щритым, КъБР-м и Iэтащхьэм и гугъу ищIащ республикэм и мэкъумэшыщIэхэм я ехъулIэныгъэ- хэм. Псалъэм папщIэ, абы къыхигъэщащ, АПК-р дэIыгъыным хуэгъэпсауэ Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI къэрал ­политикэ шэщIам и фIыгъэкIэ щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм ­Iэмал яIэщ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу заужьыну, иджырей техноло­гиехэр хапщэну.
Абы и фIыгъэкIэ 2019 гъэм КъБР-м мэкъумэшхэкIыу къыщыщIагъэкIар ­нэгъабэрейм елъытауэ проценти 105-рэ хуэдиз хъуну щогугъ. Республикэм илъэсым къриубыдэу пхъэщ­хьэ­мыщ­хьэрэ мэракIуэхэкIыу тонн мин 300 хуэдиз, хадэхэкIыу тонн мин 400 къыщрахьэлIащ, консерв банкI мелуан 350-м нэблагъэ ящIащ, ахэр Урысейм и щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм ирагъашэ. ­ХъумапIэу тонн мин 210-рэ зыщIэхуэнухэр яухуащ.
Зэхыхьэм и кIэухым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысейм и Ахъшэ хъумапIэмрэ ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ инвестицэ проектхэр къэп­щытэнымрэ ахэр гъэзэщIэнымрэ щы­зэдэлэжьэным теухуауэ.
Зэхыхьэр щекIуэкIащ абы ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Вита-лий, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, Урысейм и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ ок­ру­гым щыIэ Матовников Александр сымэ официальнэу къызэIуаха «МинводыЭКСПО» гъэлъэгъуапIэ центрым.
Центрыр Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ «Минеральные Воды» кхъухь­лъатэ телъэтыкIыпIэм пэмыжыжьэу яухуащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 33-рэ еубыд. Абы зэуэ цIыху мини 5 хуэдиз иригъэблэгъэфынущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительст­вэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ