КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым къриубыдэу щIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэм, къэкIуэну зэманым къапэщылъ лэжьыгъэхэмрэ къалэнхэмрэ.
Къалэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа федеральнэ проектым къриубыдэу Нарткъалэ, Псыгуэнсу жылэхэм я цIыху зыгъэпсэхупIэхэр зэпэщ ящIащ. Урысейпсо онлайн-IэIэтым кърикIуа Iуэхугъуэхэр я тегъэщIапIэу, етIанэгъэ къагъэщIэрэщIэнущ Нарткъалэ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым хиубыдэ утыкушхуэр. КъинэмыщIауэ, Аруан, Старэ Шэрэдж къуажэхэм я дыхьэпIэхэр зэпэщ ящIынущ.
Лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Къэхъун къуажэми. Абы щызэрахъуэкI псы зэрыкIуэ бжьамийхэр. Километри 8,9-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэм ящыщу ягъэтIылъащ километри 6-м щIигъу. Псыкъуийуэ ягъэувыну 68-м щыщу 40-р я пIэм ирагъэзэгъакIэщ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.
Псы Iуэхум епха апхуэдэ лэжьыгъэхэр етIанэгъэ щызэфIахынущ Нарткъалэрэ Мэрзэхъурэ. Нарткъалэ а лэжьыгъэхэм ящIыгъуу гъуэгухэри зэпэщ щащIынущ.
Аруан щIыналъэм мы илъэсым къриубыдэу щызэфIаха Iуэхугъуэ инхэм ящыщщ сабий 400 зэкIуалIэ хъуну курыт еджапIэщIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу абы къызэрыщызэIуахар. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зыхуэхъуа а ухуэныгъэшхуэр и щапхъэ наIуэщ щIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэм лъэбакъуэщIэ зэричам. А социальнэ унэтIыныгъэм щIыпIэм зыщиужь зэпытщ. Абы къыщызэIуах сабий гъэсапIэщIэхэр, щыIэхэр зэрагъэпэщыж. Апхуэдэу Старэ Шэрэдж къуажэм сабии 100 зыщIэхуэн гъэсапIэщIэм и ухуэныгъэр щаублащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы и бжэхэр цIыкIухэм къахузэIуихынущ 2027 гъэм и дыгъэгъазэм.
Узыншагъэр хъумэным ехьэлIа IэнатIэм утепсэлъыхьмэ, я ухуэныгъэхэр зэфIэкIащ икIи къызэIуахащ Старэ Шэрэджрэ Шэрэдж Ищхъэрэмрэ я амбулаторэхэр. А медицинэ IуэхущIапIэхэр нэсу къызэгъэпэщащ зыхуеину унэлъащIэхэмкIэ, техникэмкIэ. Апхуэдэ амбулаторэ етIанэгъэ щаухуэнущ Псыкуэд къуажэми. А лэжьыгъэхэм «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр я лъабжьэщ.
УщымыгуфIыкIыу къанэркъым Аруан район библиотекэм игъуэт зыужьыныгъэми. Зыхэта къэралпсо зэпеуэм кърикIуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, IуэхущIапIэм къыIэрыхьэнущ сом мелуан 15 хуэдиз хъу мылъку. Ар трагъэкIуэдэнущ иджырей мардэхэм хуэкIуэ, бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр зи тегъэщIапIэ, зэпсэлъапIэхэр, зэхуэсыпIэхэр зыхэт библиотекэ щIыналъэм и къалащхьэм 2026 гъэм къыщызэгъэпэщыным.