Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Казбек, КъБР-м и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ Крючков Вячеслав я пашэу ведомствэм и унафэщIхэр, КъБР-м и Парламентым и депутат, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Шевчук Герман, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед, КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым, республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм я унафэщIхэу Мэкъушэ Русланрэ Пыхъ МуIэедрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым и унафэщI Абазэ Барэсбий, апхуэдэуи полицэм и кадет классхэм, гуманитар-техникэ колледжым щIэсхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ. 
- Мы махуэшхуэр хабзэр зыхъумэ икIи цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщхэм, хьэлэлу зи къалэнхэр езыхьэкIхэм, къэралым, и лъэпкъым пэжу хуэлажьэхэм я дамыгъэщ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я хьэл-щэн нэхъыфIхэр къагъэлагъуэ, щIэпхъаджагъэм пэщIэтыным хуэгъэза лэжьыгъэр махуэ къэс ирагъэкIуэкI. Хэхауэ фи лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ террор шынагъуэр гъэмэщIэнымкIэ. А псори хуощхьэпэ законностымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным. Си фIэщ мэхъу мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэу фи пащхьэ къиувэхэр адэкIи щIыхь пылъу зэрывгъэзэщIэнур, - къыхигъэщ КIуэкIуэ Казбек. 
КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ псалъэ хэхахэр яжриIащ ветеранхэм икIи къыхигъэщащ лэжьакIуэщIэхэр гъэсэным абыхэм уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыр. 
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав къеджащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир махуэшхуэм теухуауэ къахуигъэхьа псалъэ гуапэхэм. 
- Иджырей щытыкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди къару псори щIэпхъаджагъэм пэщIэтыным ехьэлIэным. Сэ къызбгъэдэкIыу ди гупым фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ махуэ къэс хьэлэлу ирахьэкI лэжьыгъэм, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым, я къулыкъум къыщагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэм папщIэ, - къыхигъэщащ Крючков Вячеслав.
Министрым фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентымрэ къарузехьэ IэнатIэмрэ я унафэщIхэм, зэрызыкъыщIагъакъуэмрэ къазэрыдэлажьэмрэ папщIэ.
Хабзэхъумэхэм ехъуэхъуащ  КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
 Iуэхум пащэу, дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэм иратащ.
 Республикэм и Парламентым  фIыщIэ тхылъхэр иратащ ведомствэм и лэжьакIуэ къыхэжаныкIахэм. Абыхэм ящыщщ Урысей МВД-м и Налшык управленэм и Къэрал автоинспекцэм и гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспектор, полицэм и лейтенант Слъон Азнаур, 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м Налшык къалэм бзаджащIэхэр къыщытеуэу уIэгъэ хьэлъэ зыгъуэтауэ щытар. 
Крючков Вячеслав «Хабзэм и хъумакIуэ нэс зэрагъэсам папщIэ» фIыщIэ тхыгъэ яритащ Слъоным и адэ-анэм - Чамил и къуэ Зауррэ Хьэжысмел ипхъу Марьянэрэ, апхуэдэуи полицэм и лейтенант, Урысей МВД-м и Налшык Управленэм и ДПС-м и инспектор Къаныкъуэ Астемыр и адэ-анэ Мухьэмэд и къуэ Iэниуаррэ Къэралбий ипхъу Маритэрэ. 
 «МВД-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир.
ЛэжьакIуэ, ветеран зыбжанэм иратащ дамыгъэ лъапIэхэр, абы Урысей МВД-м и медалхэри хыхьэу: Путилиным и цIэр зезыхьэ, «За доблесть в службе», «За боевое содружество» жыхуиIэхэр, «За отличную службу в МВД 2-й степени» бгъэхэIу дамыгъэр, апхуэдэуи Урысей МВД-м, КъБР-м щыIэ МВД-м я ЩIыхь тхылъхэр.
«Хабзэр гъэбыдэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалыр иратащ «Лэгъупыкъу» сабий социальнэ центрым и унафэщI, полицэм и полковник Тембот Владимир. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и къудамэхэм я лэжьакIуэу щым я щхьэгъусэхэм Крючковым яритащ «МВД-м и лэжьакIуэм и фызым» медалыр.
Къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ хэкупсэ уэрэдхэр зыгъэзэщIа, Ингуш Республикэм  щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Текуев Iэмырбий, уэрэджыIакIуэхэм я зэпеуэхэм я лауреат Балъкъыз Тимур, «Кадет вальс», Тэрч къэзакъхэм уэрэдымрэ къафэмкIэ я ансамблхэм щыщхэм, апхуэдэуи «Каллисто» театрым, Налшык къалэ гъуазджэмкIэ и сабий школ №1-м и гъэсэнхэм, полицэм и кадет классым щеджэхэм, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм.

 

Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.

11.12.2025 - 09:03

Дылэжьэн хуейуэ ара къудейщ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм

11.12.2025 - 09:03

ФСБ-м и унафэщIым иригъэкIуэкIащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэр

Заседание ФСБ

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.