Уи щIыналъэм лъабжьэр хэкIэм, Уэ жылапхъи ухъужынщ…

КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къагъэнаIуэу къытщохъу мы тхыгъэм щIэлъ гупсысэри. Адыгэхэм я тхыдэр зыми ейм хыумыгъэ­гъуэщэну къулейщ. Абы къэдгупсыса хэткъым, ди лъэпкъ щэнхабзэм зэман зэхуэмыдэхэм тетхыхьа зыплъыхьакIуэхэм къагъэна тхыгъэхэр нэхъыбэу ди те­гъэ­щIапIэщ. Нобэ адыгэр зэбг­ры­дзауэ псэуми, зэраху­зэфIэкIкIэ яхъумащ, лIэщIыгъуэхэм къыпхахри, ди зэманым къахьэсащ адрейхэм дакъызэрыхэщу, дыкъы­зэралъытэу щыта ди хабзэ нэхъыфI­хэр, лъэпкъ фащэр, къа­фэр, анэдэлъхубзэр. 

Ауэ зэманым езым и хабзэхэри иIэжщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр зы­мыгъуэти щыIэу къыщIэкIынкъым. Пасэрейм адыгэм игъэлъапIэу щыта Iуэхугъуэхэм, нобэ ди хабзэхэр зэрахъумэм дыщагъэгъуазэ Адыгэ Республикэмрэ Кубанымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Щам Сафиетрэ «Краснодар хъыбархэр» къыдэкIыгъуэм и лэжьакIуэ Банщиковэ Юлиерэ. 
Щам Сафиет езыр къыщалъ­хуари къыщыхъуари Краснодарщ. Зэрысабийрэ къызыхэкIа лъэпкъым и ­къуэпсхэр зыхищIэу къекIуэкIащ. «Краснодар щIыналъэр зи щIыпIэу щыта адыгэхэм нэхъ мыхъуми я ­зэгухьэныгъэ, творческэ гуп абдеж щIыщамыIэжыр сыт?» А упщIэм псэу­гъуэ къримыту щыхъум, бзылъху­гъэм и Iуэхур къыдэзыIыгъ­хэр зэхуишэсурэ илъэс тIощIрэ ­тхурэ ипэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэ къызэригъэпэщащ. Музы­кэм­кIэ езыгъаджэ Сафиет абы псом япэу къришэлIащ и еджа­кIуэ­хэр. Зи тхыдэрэ щэнхабзэрэ зыщIэну, зы­хъу­мэну хуэпабгъэ цIыхум и мурадри къехъулIащ. 
- Адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ дахэм курыт школхэмрэ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ сащыхутепсэ­лъы­хьын щIэздзащ псом япэ. Апхуэдэ зэхуэсхэм къезгъэблагъэрт урыс­хэри, ермэлыхэри, тэтэрхэри, нэ­гъуэщI лъэпкъ куэдми щыщхэр, - жеIэ цIыхубзым. - Ауэрэ гупышхуэ зэ­щIэд­гъэуIуащ - еджакIуэхэм я адэ-анэхэри, адыгэ Iуэхум арыххэу дихьэххэри къытхыхьащ. Къафэм, бзэм, макъамэм я IэщIагъэлIхэри къыддэлэжьэну къыкъуэкIащ. Ди IуэхущIапIэм къекIуалIэ ныбжьы­щIэхэм школхэми Пономаренкэм и цIэр зезыхьэ Краснодар филармониеми концертхэр щату щIадзащ. Илъэс зыбжанэ дэкIри, «Iуащхьэмахуэ» зыфIэтща ансамблыр, дызэрыпагэ бгым и цIэкIэ, къэунэхуащ. Нобэ ди IуэхущIапIэр хэтщ Краснодар щIыналъэм «Лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ центр» и жылагъуэ зэгухьэныгъэм, диIэщ адыгэ хабзэм, адыгэбзэм, лъэпкъ макъамэ Iэмэ­псымэхэм щыхурагъаджэ школхэр. 
«Iуащхьэмахуэ» ансамблыр жы­джэ­ру хэтщ Кубаным щекIуэкI къэ­рал Iуэхухэм, лъэпкъ псэукIэр хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм яхъу­мэфынымкIи щIэгъэкъуэн мэхъу: Тыркумрэ Абхъазымрэ щыхэхэсхэм ансамблыр яхохьэ. Сочэ къалэм 2014 гъэм Олимп, Паралимп джэгу­хэр щыщрагъэкIуэкIам къызэрагъэпэща «Адыгэ унэм» и гуащIэ ­хилъхьащ мы IуэхущIапIэм. Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, Кубаным щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр егъэхъумэным, щIалэгъуа­лэр щIэпхъаджагъэм пэIэщIэ щIы­ным хуэгъэзауэ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэшхуэми ар хэтщ. Адыгэ ныпым, Фащэм, Анэдэлъхубзэм я махуэхэм зэхуос, пщыхьэщхьэхэм «Адыгэ джэгу» зэхашэ. IуэхущIапIэм илъэс къэс къызэрегъэпэщ «Си уэрэд – си Адыгей», «Кубаным ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» адыгэ фестивалхэр.
- Ди IуэхущIафэр нэхъыщхьэу зы­те­духуэр лъэпкъхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу дызэрыпсэунырщ, абы щхьэкIэ зым адрейм пщIэ хуищIу щытын хуейщ. Уи лъэпкъым и хабзэфIхэр пIыгъыжыныр узыгъэ­лъэщщ. Дэ ди къэралым и щэнха­бзэ къулеягъыр лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэ куэдым я хабзэхэращ, - къыхегъэщ Щамым. 

Адыгэ хабзэмрэ
удж хъуреймрэ

ЗэрыжытIауэ, Адыгэ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэм адыгэбзэри щрагъэдж, макъамэ Iэмэпсымэхэми щыхуагъасэ. Гупжьейхэм екIуалIэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ ди лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэр зы­фIэдахэ нэгъуэщI куэди яхэтщ. Абдеж щадж адыгэ диалектитху: бжьэдыгъу, кIэмыргуей, къэбэрдей, шапсыгъ, убых. «Убыхыбзэм ирипсалъэу щытахэр Къуэбыдэ дэсащ. Сэ си адэмкIэ абыхэм сащыщщ, Дыгъэмыкъуэ Зауркъан срипхъущ», - жеIэ Сафиет. 
«Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым» - жаIэ адыгэхэм. ЩIэм зэ­рыхущытыпхъэм, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIым, цIыху хэтыкIэм - псоми гулъытэ щыхуащI мы IуэхущIапIэм. КъищынэмыщIауэ, адыгэ ­къафэмкIэ школым екIуэлIэну ­хуитщ ныбжь зэхуэмыдэхэм итхэр. 
Адыгэхэм я къафэр адрейхэм ­къахэзыгъэщыр къызэдэфэхэр зэIу­сэ зэрымыхъунрат. Ауэ зы къафэ закъуэм - «Уджым» - а хабзэр ехьэ­лIатэкъым: щIалэм хъыджэбзым и Iэр иубыд хъурт. Пасэм щыгъуэ а къафэр ягъэзащIэрт щыблэ зэуа жыгейм и хъуреягъкIэ еувэкIауэ. Адыгэхэм апхуэдэ жыгыр ягъэлъапIэрт. Апхуэдэуи удж хъурейр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм трау­хуэрт: гъатхэпэм, гъавэ Iухыжы­гъуэм, илъэсыщIэм. «Сыт хуэдэ джэ­гури зэрызэхуащIыжыр уджращ. Абы цIыхур зэрешалIэ: щызэбгъурыткIэ нэхъ къарууфIэ хъу хуэдэу къафIегъэщI, зытет я щIым, лъэпкъ хабзэм я лъабжьэр хигъакIэми ярей­уэ. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ ­къует удж хъурейм», - жеIэ цIыхубзым.

Къудамибл - шэху уэздыгъибл

Адыгэхэм махуэшхуэхэр яIащ мажусий диныр щыщыIа лъэхъэнэ ­лъандэрэ. Абыхэм ящыщт гъатхэ­пэм и 21 - 22 махуэхэр - гъэрэ щIырэ щызэ­хэкIыр. Адыгэхэр абы илъэ­сы­щIэкIэ еджэ хъуащ, гъатхэр къызэ­рырагъэблагъэм и щыхьэту. А махуэм жылэр зэрыщыту, я нэхъы­жьыр я пашэу, щIыпIэ хэхам дэкIырти, Тхьэ елъэIурт щIэблэщIэ къа­щIэ­хъуэну, гъавэр бэв хъуну. АдэкIэ унагъуэ-унагъуэу зэбгры­кIыжырти, ерыскъы щIэщыгъуэ куэд япщэфIырт. Нэхъ лъапIэ дыдэр IэшрыIырт - гъавэхэкIыу блы хэлъын хуейт хьэнтхъу­псым (къэбгъэлъагъуэмэ, ди нобэми ар япщэфI). ИужькIэ хьэщIапIэ кIуэрт, ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэр ягуэшу. А махуэшхуэм ирихьэлIэу щэкIуэныр зэпагъэурт, хьэкIэкхъуэ­кIэхэм я шырхэр зэтрамыукIэн щхьэкIэ. 
Дыгъэгъазэм и 22-ри адыгэхэм Созрэщ и махуэшхуэу яIэтырт - илъэс псом жэщ нэхъ кIыхь дыдэрэ махуэр щынэхъ кIэщIымрэ теухуауэ. Зэрыхабзэу, а махуэм къудамибл зытет хьэмкIутIейм и лъэдийр ягъэ­щIэращIэрт. Къудамэ къэс шэху уэздыгъэ фIащIэрт, и щхьэкIэм кхъуей плъыжь тралъхьэрт. ИужькIэ уна­гъуэм нэхъыщIэ дыдэу ис цIыхубзым (дэкIуауэ щытыпхъэт) къуэкIы­пIэмкIэ зигъазэрти, шэху уэздыгъэ­хэр щIигъанэрт. Нэхъыжьым уэрэд жиIэрти, итIанэ хьэмкIутIей башыр унэм щIахьэрт, Iэнэр къаузэдырт... 
 
ЩIэблэр нэхъапэщ

Къалэ жыг хадэм къыщызэрагъэпэщ пшыхьхэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм траухуэ. Адыгэ Республикэр илъэси 100 зэрырикъуари Краснодар щIыналъэр къызэ­рыунэхурэ илъэс 85-рэ зэрыхъуари щагъэлъэпIам я гуащIэ халъхьэу, «Зэныбжьэгъухэр» пшыхьыр абыхэм я щIыхькIэ ирагъэкIуэкIащ.  Къи­щынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм и хьэ­щIэщым щIэныгъэлIхэр, Фелицыным и цIэр зезыхьэ музейм и лэжьакIуэхэр кърагъэблагъэурэ «стIол хъурейхэр» ирагъэкIуэкI. Ап­хуэдэ зэхуэсхэм щытопсэлъыхь Крас­нодар щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм я ехъулIэныгъэхэм. Къы­хэгъэщыпхъэщ щIыналъэм и губернаторым и ахъшэ саугъэтыр къы­хуагъэфащэу, Адыгэ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэм къызэрызэригъэпэщар шэрджэсхэмрэ къэзакъхэмрэ я щIэинхэм ятеухуа зэхыхьэри.  
Сафиет зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъитIыр зэгурыIуэу, зэрылъытэу мэпсэу. Абы и щапхъэу бзылъхугъэм игу ­къегъэкIыж къэзакъ генерал, Куба­ным лэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь Громов Владимир и жэрдэмкIэ, къэ­закъ зэгухьэныгъэм къахухигъэкIа ахъшэмкIэ я гъэсэнхэм хъурыфэ пыIэхэр хурагъэдауэ зэрыщытар.
Илъэс 20-м къриубыдэу мы IуэхущIапIэм щызэблэкIащ, адыгэ щэнхабзэм дригъэхьэхащ цIыху мини 10-м щIигъу. Ар Краснодар дэс адыгэхэм я кIуапIэ, я зэхуэсыпIэ ­хъуащ. УкъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм нэхъ куууэ зыщыбгъэгъуэ­зэным, и хабзэфIхэр пхъумэным, абы Iущыгъэ, пщIэ къыхэпхыным нэхъ Iуэху дахэ бгъуэтын?! Ахэращ зытелажьэр зи гугъу фхуэтщIа IуэхущIапIэр. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.