Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-
­мэным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм хэхауэ хуолажьэ «Гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ лабораторэм» и IэщIагъэлIхэр. 

Къыхэдгъэщынщи, ар Iыхьэ куэду зэхэт къэрал программэ щхьэхуэщ. И къалэнхэри епхащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыхэт гъуэгу насыпыншагъэр нэхъ мащIэ щIыным, апхуэдэхэр къэмыхъун папщIэ щIэблэм егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэр ядегъэкIуэкIыным. А проектыр илъэс зыбжанэ хъуауэ ягъэзащIэ, УФ-м и МВД-м и Къэрал автомо­биль инспекцэм, УФ-м Егъэджэныгъэрэ щIэныгъэмкIэ, ТранспортымкIэ и министерствэхэм даIыгъыу. IэнатIэм и къудамэхэр ди къэралым и щIыналъэ псоми щолажьэ. 
Апхуэдэ къалэнхэр я пщэ дэлъу ­«Гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ лабораторэм» ди республикэм щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм мы зэманым лэжьыгъэ щхьэ­пэхэр щрагъэкIуэкI щIыналъэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу IэщIагъэлIхэр иджыблагъэ щыIащ Iуа­щхьэмахуэ районым хыхьэ Гундэлэн жылэм­рэ Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэмрэ дэт курыт школхэм. НыбжьыщIэхэр Iуэхум хаша нэужь, нэрылъагъу Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ лэжьакIуэ­хэр елIэ­лIащ  гъуэгум тет сабийхэм абы щызекIуэ хабзэхэр гъэзэщIэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр къагурыгъэIуэным. Дауи, гъуэгу щэнхабзэ зыхэлъ лъэсрызекIуэ бгъэсэныр Iуэху тыншкъым, атIэми абы и мыхьэнэр нэхъ иныж мэхъу сабийр езыр и закъуэ школым къэкIуэни унэм кIуэжыни хуей хъумэ. Псом хуэмыдэу бжьыхьэ зэманым - пасэу пшапэр щызэхэуэм. 
ШколакIуэхэр гъуэгум къыщыхъу транспорт къэхъукъащIэхэм щыхъумэ­ным хуэгъэпсауэ щытащ еджапIэхэм щекIуэкIа дерсхэри. Хабзэхъумэ лэжьа­кIуэхэм школакIуэхэр гъуэгу хабзэхэм щыгъуазэ хуащI къудей мыхъуу, дэтхэнэми Iэмал иратащ лъэсу гъуэгум тет хуэдэу къыщагъэхъуну, щытыкIэ къызэ­рымыкIуэ ихуэмэ, я щхьэр зэрахъумэнум, лей къызытехьа щыIэ хъумэ, абы япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратынум хуагъасэу. 
ГъащIэм щыщ щапхъэ нэрылъагъухэр къахьурэ, инспекторхэр апхуэдэу тепсэ­лъыхьащ жылагъуэм щызекIуэ хабзэхэр ныбжьыщIэхэм къызэпемыгъэудыным. ЗэIущIэм и кIэухыу абыхэм жэуап иратащ ныбжьыщIэхэр зыгъэпIейтей упщIэ псоми.

ТАМБИЙ  Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.