И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ цIыху 700-м нэблагъэ: къэралым педиатриемрэ иммунологиемкIэ и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, дохутырхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэхэр, адэ-анэхэр. 

Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр медицинэ лэжьакIуэхэм, республикэм щыпсэухэм я деж вакцинэр зищIысым, абы и мыхьэнэм теухуауэ ягъэунэхуауэ щыIэ щIэныгъэ хъыбарыр нэхьэсынырщ. 
Медицинэ форумыр къызэIуихащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Абы жиIащ вакцинэм теухуауэ щыIэ хъыбар нэпцIхэм лъабжьэ зэрамыIэр наIуэ къэщIыным, ар зэзымыхьэлIэхэр зыIууэнкIэ хъуну щытыкIэ шынагъуэхэр зыхуэдэм жылагъуэр щыгъэгъуэзэнымкIэ зэхыхьэр Iэмал хъарзынэу зэрыщытыр икIи абы иужькIэ цIыхухэм а Iуэхум хуаIэ еплъыкIэр яхъуэжыну зэрыгугъэр. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ вакцинэм аутизм узыфэр къыхэкIыу къалъытэу кърахьэкI псалъэмакъхэр зэрымыпэжым, а мастэм и фIыгъэкIэ узыфэ зэрыцIалэ куэдым зэрапэщIэтыфым, сабий сымаджэрилэхэм я иммунитетыр зэфIэувэнымкIэ сэбэп зэрыхъум. 
- Вакцинэр хэлъхьэным теухуауэ мы зэхы­хьэр иджы япэу къэралым щрагъэкIуэкIа медицинэ форумщ, - жиIащ Сперанский Г. Н. и и цIэр зезыхьэ РМАНПО-м педиатриемкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Захаровэ Иринэ. – СымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым зэIущIэм цIыхушхуэ къызэрырихьэлIар, абы къегъэлъагъуэ а IуэхумкIэ зыгъэгузавэ зэ­рыщыIэр икIи нэхъыбэ къащIэну зэрыхуейр. УпщIэ-жэуап жыпхъэм иту форумыр зэре­кIуэкIам адэ-анэхэми дохутырхэми Iэмал ­къаритащ вакцинэм теухуауэ шэч къызытрахьэхэр зэхагъэкIыну. Сэ шэч къытесхьэркъым нобэрей зэхыхьэм 90 гъэхэм щегъэжьауэ кърахьэкI хъыбархэр, псалъэм папщIэ, фэгъазэм щахъумэу халъхьэ мастэм аутизм къыхэкIыу къызэралъытэр, зэрынэпцIыр наIуэ къызэрищIам. Абы зэхэхауэ зэрытеп­сэлъыхьам и фIыгъэкIэ апхуэдэ щхьэусы­гъуэхэр зэрылъабжьэншэр цIыху куэдым ­къагурыIуащ. Вакцинэм дзыхь хуегъэщIы­нымкIэ, абы и мыхьэнэр нэсу цIыхухэм къагурыгъэIуэнымкIэ, шэчыншэу, мыпхуэдэ форумхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ.
Захаровэм къыхигъэщащ Iуэхум адэкIи къызэрыпащэнур, сабийхэм вакцинэр хегъэлъхьэным теухуауэ адэ-анэхэм папщIэ чэнджэщ щхьэпэхэр зэрыт тхылъ къызэрыдагъэкIынур. 
Москва областым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и сабий аллерголог-иммунолог нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, профессор Продеус Андрей сабийхэм я узыншагъэм теухуауэ адэ-анэхэм драгъэкIуэкI псалъэмакъхэр зэрыщхьэпэр икIи форумым ахэр зыгъэгузавэ упщIэ куэдым я жэуап зэрыщагъуэтынур жиIащ. 
- Дэтхэнэ зы адэ-анэми и сабийм вакцинэр хригъэлъхьэнуи хримыгъэлъхьэнуи хуиту щытын хуейщ, - къигъэлъэгъуащ абы. - Ауэ ахэр Iуэхум фIыуэ егупсысауэ щытыпхъэщ, абы зыхуишэнкIэ хъунур фIыуэ къагурыIуэжу. Абы папщIэ абыхэм ящIэн хуейщ вакцинэм теухуауэ щIэныгъэр зи лъабжьэ хъыбар пэжыр. Къапщтэмэ, нобэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ щIэгъэбыдэжа еплъы­кIэ­хэр утыку кърахьащ форумым кърихьэлIа IэщIагъэлIхэм. Согугъэ ар адэ-анэхэм нэсу зэхащIыкIауэ, жылагъуэм я узыншагъэр ­хъумэнымкIэ вакцинэр дэIэпыкъуэгъушхуэ зэрыхъур къагурыIуауэ. 
ЩхьэщэмыщI  Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.

11.12.2025 - 09:03

Дылэжьэн хуейуэ ара къудейщ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм

11.12.2025 - 09:03

ФСБ-м и унафэщIым иригъэкIуэкIащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэр

Заседание ФСБ

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.