Бахъсэн къалэр ягъэдахэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэр» программэ гуэдзэным ипкъ иткIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу Бахъсэн къалэм и Парковэ уэрамыр зэрызэрагъэпэщыжын субсидие щIыпIэ администрацэм хуаутIыпщащ.

Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну уэрамым метр 230-рэ и кIыхьагъщ, метри 6 и бгъуагъщ. Абы телъ асфальтыжьыр тратхъунщIыкIынурэ гъуэгум и лъабжьэр ягъэбыдэнущ. ИужькIэ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэжынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынурэ къэухьхэр щагъэувыжынущ.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм гъуэгущхьэр зэтес ящI.

Апхуэдэуи «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №9-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. ИджыпстукIэ унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI, пэшхэр къращIыкI, лъэгухэм плиткэхэмрэ ламинатхэмрэ иралъхьэ. А псом къадэкIуэу, IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, ягъэдахэ.

Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.

ЖыпIэнурамэ, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим и нэIэ щIигъэт зэпытщ щIыпIэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр. ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIахэми, нэгъуэщIхэми кIуэурэ Iуэхухэр зыIутыр зрегъэлъагъу.

Иджыблагъэ ар щыIащ Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэу зэIузэпэщ ящIхэм. Абы хохьэ Ленинымрэ Шыкуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуакум дэлъ лъэс лъагъуэр, Комаровым и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху, къалэ стадионым и гупэм къедза щIыпIэшхуэр.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэм плиткэхэр иралъхьэри, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъуэгущхьэм тралъхьащ. Иджыпсту а щIыпIэхэм уэздыгъэхэр щыпадзэ. Апхуэдэуи абыхэм щагъэувынущ тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху зрадзэнухэмрэ, иужькIэ щхъуантIагъэхэр щагъэтIысыжынущ.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

МЫСОСТ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.