Кувейтым мэлъатэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кувейтымрэ кхъухьлъатэхэмкIэ иджыблагъэ зэпыщIа хъуащ. Тхьэмахуэ блэкIам Налшык къалэм и аэропортым япэу телъэтыкIри, а хьэрып къэралым кIуащ Мэчэрэ Мэдинэрэ хьэж цIыкIу щащIыну ежьа цIыхуи 170-рэ зэрыса кхъухьлъатэр.

«КхъухьлъатэкIэ лъэныкъуитIыр зэпыщIа хъун щхьэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэдгъэкIащ: дызэрыт илъэсым и щIышылэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм, «Эльбрус тур» операторым, аэропортым зэпсэлъэныгъэхэр зэдедгъэкIуэкIащ.

А пIалъэм къриубыдэу Кувейтым и авиакомпаниемрэ ди кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэмрэ дуней псом щыщыIэ мардэхэм зэрыхуэкIуэр къапщытащ икIи «А 320 neo» аэробусыр ди аэропортым къыщетIысэхыну хуитыныгъэ къыдатащ. ХьэжыщI ежьахэр ису япэ рейсыр Кувейтым кIуащ. АдэкIэ Сауд Хьэрыпым ахэр кIуэнущ», - жиIащ «Налшык» аэропортым и унафэщI Айнетдинов Сергей.

ЗэкIэ, «Jazeera» авиакомпанием и кхъухьлъатэхэм Кувейт – Налшык – Кувейт рейсыр мазэм тIэу ягъэзэщIэнущ, иужькIэ абы график убзыхуа хуагъэувынущ.

«Налшык» дунейпсо аэропортым япэу телъэтыкIыу щIыпIэ лъапIэхэм, Мэчэрэ Мэдинэрэ, хьэжыщI ежьа цIыхуи 170-м ящыщ гупым гуапэу саIущIащ. ХьэжыщIхэм Налшык къагъэзэжынущ тхьэмахуитI дэкIмэ. Сехъуэхъуащ гъуэгу махуэ теувэну», - щитхащ езым и телеграм-каналым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал щIыб зэпыщIэныгъэхэм, туризмэм, бизнесым, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ иджырей Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ, жаIащ а лэжьыгъэр къезыхьэжьахэм.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.