Фашизмэм и «напэр»![]() Мамырыгъэр хъумэным цIыхур къыхузэщIэгъэушэным, жылагъуэ зэхэщIыкIыр унэтIынымрэ блэкIам и дерсхэр къэпщытэжынымрэ ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ. Киевым илэжь щIэпхъаджагъэхэр псоми ирагъэлъэгъун, Донецк, Луганск, Херсон, Запорожье щIыналъэхэм къыщыхъум и пэжыпIэр цIыхухэм я деж нахьэсын мурадкIэ, жэрдэм щхьэпэ къыхалъхьауэ, УФ-м и Къэрал Думэмрэ «РИА Новости» хъыбарегъащIэ агентствэмрэ иджыпсту ди къэралым и щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр - «ЩIэпхъаджагъэм и теплъэхэр» зыфIащар. ЗэрытщIэщи, 2014 гъэ лъандэрэ Украинэм и зауэлIхэм Донбасс щыпсэухэр ягъэгулэз, Донецкрэ мамыру псэу нэгъуэщI къалэхэмрэ къуажэхэмрэ еуэ зэпыту. Мамыру псэуну хущIэкъу цIыхухэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтми, сабийхэр хэкIуадэми, КъухьэпIэ къэралхэм нобэр къыздэсым неонацистхэм я щIэпхъаджагъэхэр ямылъагъу нэпцI защIурэ а Iуэхур хуагъэдахэ, уеблэмэ даIыгъ. Урысыбзэ зыIурылъхэр залымыгъэм ящыхъумэнымрэ ДНР, ЛНР, Херсон, Запорожье щIыналъэхэр Урысейм къыхэгъэхьэжынымрэ хуэгъэзауэ дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ неонацистхэм ялэжь щIэпхъаджагъэхэр щIагъэхуабжьащ. Лагъым зытехуа унэ зэтетышхуэр щызэтещахэм абы къыщIэж цIыхухэм ятелъ гузэвэгъуэр я нэгум къищу а дакъикъэм сурэт ятепхыфынри лIыгъэм и зы Iыхьэщ. Апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэхэми хэту, «РИА Новости» хъыбарегъащIэ агентствэм и дзэ корреспондентхэм я къалэныр щагъэзащIи къахуихуащ. Абыхэм траха сурэтхэм щIэпхъаджагъэхэр сэтей къащI, абыхэм дуней псор щагъэгъуэзэ. Сурэтхэм пIейтеиншэу уеплъыфыркъым. Абыхэм къощ зи благъэ-Iыхьлы, зи унэ-лъапсэ зыфIэкIуэдахэм я гуауэмрэ нэпсымрэ. Уолъагъу, псалъэм папщIэ, Макеевкэ къалэм и курыт еджапIэ №8-м ВСУ-р еуа нэужь, къыхэнэжа тIэкIур (а жэщым ракетэкIэ зэуа жылэм цIыху 4I-рэ щыхэкIуэдат), зэтракъута Шипиловкэ къуажэм (Луганск) къыдэна сабий тхьэмыщкIэхэр, сымаджэщхэм я къутахуэхэр, уIэгъэхэр, Мариуполрэ Суджэрэ цIыху гужьеяхэр къызэрыдашыр («Патриот» центрым Курск ОМОН-мрэ «Ахмат» спецназымрэ и дэIэпыкъуэгъуу), Славянск курыт школ №13-м и еджакIуэхэм щIыунэм зэрызыщагъэпщкIур, нэгъуэщI теплъэгъуэ гуузхэри. Уи нэгум къыщIонэ утыку къина фызыжьым и теплъэр. НэгъуэщI зы сурэтым унэ зэхакъутам зи Iыхьлы хэкIуэда цIыхубзым и кIий макъыр къиIукIми ярейщ… Зи гугъу тщIы гъэлъэгъуэныгъэр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм мы гъэм и бадзэуэгъуэм япэу утыку кърихьащ. Абы щыгъуэм Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав жиIауэ щытащ ди зауэлIхэр псэемыблэжу иджыпсту зыпэщIэт гущIэгъуншагъэр Урысейм и дэтхэнэ щIыналъэми щалъэгъун зэрыхуейр. Выставкэм и къызэгъэпэщакIуэхэм а Iуэху щхьэпэр даIыгъыу, КъБР-м и Парламентми Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и унэм а гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкIащ. Абы ипэкIэ ар щыIащ: Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Ставрополь къалэм, нэгъуэщIхэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым выставкэр къыщыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Правительствэм, республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэр, депутатхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ, жылагъуэ, политикэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм щылажьэхэм щыщхэр, журналистхэр. Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ гущIэм нэс, пэжыр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхум ахэр зэрызэхуишэсар: «Выставкэм сурэтхэр щызэхуэхьэса къудейкъым. Дэтхэнэ сурэтри гуузщ, унагъуэ зэтекъутахэмрэ гугъэ щэщэжахэмрэ я щыхьэтщ. Сурэтхэм дыхагъаплъэ Донецк, Луганск, Запорожье, Херсон щIыналъэхэм я гуащIэрыпсэухэм хуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэм. Мы сурэтхэм IупщIу дагъэлъагъу илъэс 80 ипэкIэ ди адэжьхэр зыпэщIэта Iуэху шынагъуэм къызэрытригъэзэжар. Мы сурэтхэм къагъэлъагъуэ дзэ Iуэху хэхар егъэкIуэкIыныр Iэмалыншэу зэрыщытар. Сыт хуэдэу гур имыхузми, дунейм къыщекIуэкIым и пэжыпIэр яхузэхэгъэкIын папщIэ, мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм щIалэгъуалэр хэгъэплъэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIалэгъуалэм и унэр къыщIыхэтхари аращ. Дэ ди мурад нэхъыщхьэр цIыхур къэдгъэуIэбжьыну аракъым, атIэ дгъэгупсысэнращ. Дунейр къутэгъуафIэщ, ауэ зэфIэгъэувэжыгъуейщ. Мы гъэлъэгъуэныгъэр цIыху гъащIэм и уасэм, ар зэрытIасхъэм уезыгъэгупсысщ. Ди нобэмкIи къэкIуэнумкIи псоми жэуап дохь. ЩIэблэм пэжыр я гъуазэу щытын щхьэкIэ, мы Iуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьыну ди къалэнщ. ТхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ апхуэдэ гузэвэгъуэм зэи къытримыгъэзэжын папщIэ». Егоровэ Татьянэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, ветеранхэм фIыщIэ яхуищIащ, я гъащIэ емыблэжу дэтхэнэри неонацизмэм зэрыпэщIэтым, мамырыгъэмрэ захуагъэмрэ зэрахъумэм папщIэ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым жеIэ: «Выставкэм и дэтхэнэ сурэтри дэфтэрщ, фашизмэм и «напэр» къыщIэзыгъэщщ. Куэд щIауэ абы дытекIуэу, блэкIам къыщыдгъэнауэ ди гугъами, къэщIэрэщIэжащ, гуауэрэ хэщIыныгъэрэ къихьу. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым, депутатхэм фIыщIэ яхудощI мы гъэлъэгъуэныгъэр ди республикэми къызэрыщызэрагъэпэщам щхьэкIэ. Сыт хуэдизкIи цIыху нэхъыбэ абы еплъын хуейуэ къызолъытэ. Зи къалэн зыгъэзащIэу иджыпсту дзэ Iуэху хэхам щыIэхэр я псэ емыблэжу пэщIэтщ фашизмэр ди къэралым кърамыгъэхьэным. ЩIалэгъуалэм фщIэн, вгъэлъэпIэн хуейщ мамыру дызэрыпсэур абыхэм зэрафIыщIэр. Зауэр шынагъуэщ, абы и Iэужьхэри сурэтхэм щыволъагъу. Ауэ шэч къытетхьэркъым Iэщэр егъэгъэтIылъыным теухуауэ ди къэрал Iэтащхьэм игъэбелджыла Iуэхухэр къызэрыдэхъулIэнум, щIэпхъаджащIэхэм дазэрытекIуэнум. Дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ветеран ПщыхьэщIэ Ахьмэд: «Выставкэм нэрылъагъу ещI Киевым зэрихьэ залымыгъэр. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ар дэ езым ди нэкIэ тлъэгъуащ, дауи. Нобэ, зэи хуэмыдэжу, дызэкъуэтын хуейщ, лей зезыхьэхэр къэдгъэувыIэн папщIэ». IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм къыхэкIыжа офицерхэм я «Мегапир» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек: «ГущIэгъуншагъэм пэщIэхуа цIыхухэращ зытраухуар мы гъэлъэгъуэныгъэр. Уи гур ягъэуз сурэтхэм. ЩIэпхъаджагъэ зылэжьхэм жэуап яхьын хуейщ. Абыхэм япэщIэт ди зауэлIхэм я лIыгъэм дрогушхуэ икIи фIыщIэ яхудощI. Ди фIэщ мэхъу террорым кIэ зэрыратынур». БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








