Ныбжьэгъугъэр щагъэлъапIэ зэхыхьэхэр

Урысейм ис лъэпкъхэр зэгу­рыIуэу, зэрылъытэу зэрыпсэум и нэщэнэщ Зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Илъэс къэс къэралым абы Iуэхугъуэ куэд щращIэкI, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр зэгъусэу хэту. 

Къэбэрдей-Балъкъэрми мы махуэхэм зэхыхьэрэ пшыхь гукъинэжу щрагъэкIуэкIар куэд мэхъу, дэтхэнэри цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм хуэгъэпсауэ. Апхуэдэу, Налшык къалэм ЩIалэ­гъуалэм я унэм щызэхэтащ «Дызэ­къуэтщ, зыри къытпэлъэщынукъым» зыфIаща пшыхьыр. Хэкур фIыуэ лъагъуным и мыхьэнэм теухуа зэхыхьэр Урысей Федерацэм и къэрал гимнымкIэ къызэIуахащ. Къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ защыхуигъазэм, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Лу Азэмэт къыхигъэщащ къэралыр зэрыIыгъыным, дэтхэнэ лъэпкъри адрейм и хабзэм пщIэ хуищIу ­къэгъуэгурыкIуэным, гугъуехьхэм зэгъу­сэу пхыкIыным я мыхьэнэр ма­хуэшхуэм дигу къызэригъэкIыжыр. «ГъэунэхуныгъэщIэхэм дыщыхэт мы зэманым цIыхубэр зэкъуачыныр я нэрыгъщ куэдым. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым - къэралыр зыгъэлъэщыр зэкъуэтыныгъэрщ. Ди щхьэхуитыныгъэмрэ щэнхабзэ щIэинхэмрэ зыхъу­мэри аращ. АбыкIэ куэдкIэ дызыщыгугъщ ди щIэблэр, абы къыпэщылъщ жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэшхуэ - ди адэжьхэм уэсят къытхуа­щIар яхъумэну, ягъэбэгъуэну. Мы махуэр Хэку лъагъуныгъэм и дамыгъэщи, IуэхуфIхэм я щIэдзапIэ ирехъу», - жиIащ Азэмэт.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ: «Урысейм и мащIэкъым зэкъуэтыныгъэм текIуэныгъэ куэд къыщыхуихьа тхыдэ напэкIуэцIхэр. Нобэ аргуэру щыхьэт дытехъуащ дызэрыIыгъмэ дызэрырамыгъэкIуэтыфынум. СыткIэ дыкъулей жыпIэмэ - ар лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэ куэду дызэрызэхэсырщ, ди къарур сыт зыхэлъыр жыпIэмэ - а псори дызэрызэгурыIуэрщ».
Пшыхьыр гукъинэж зыщI куэдкIэ гъэнщIат, лъэпкъ хабзэхэри щэнхабзэри щызэхэухуэнауэ. Утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэм и артист пажэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ. 

«Урысейр - ар дэращ»

А фIэщыгъэ дахэм щIэту, Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм щекIуэкIа гуфIэ­гъуэ зэхыхьэри Зэкъуэтыныгъэм и махуэм траухуат. Махуэшхуэм и мыхьэ­нэм къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ ветеранхэм защIэгъэ­къуэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Абэнокъуэ Владимиррэ. Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ «Фэеплъыр зэманым нэхърэ нэхъ лъэщщ» урысейпсо хэкупсэ зэхьэзэхуэм хэтахэр. Ар иригъэкIуэкIат ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм. НыбжьыщIэхэм къа­фэм­кIэ, уэрэд жыIэнымкIэ яIэ зэ­фIэ­кIыр а махуэм ягъэлъэгъуащ, ди къэ­ралым и щэнхабзэ къулейм щыхьэт иритехъуэу. ЦIыхухэр зэзышалIэ, Хэку лъагъуныгъэр къэзыгъэуш IэмалхэмкIэ гъэнщIащ гъуазджэр. А гупсысэм ухуешэ зэхыхьэм щагъэлъэгъуам. 

Махуэшхуэм дызэрешалIэ

Урысейм и федеральнэ округ зыбжанэм я къалащхьэхэм усэ марафонхэр щекIуэкIащ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я усакIуэхэр зэхуашэсауэ. Пятигорск дэт библиотекэ нэхъыщхьэм къыщызэрагъэпэща апхуэдэ Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ, усэхэм къыщеджащ Дон Iус Ростов, Новгород Ищхъэрэ, Новосибирск, Екатеринбург, Владивосток, Санкт-Петербург. 

А Iуэхум хэтахэр къеджащ Урысейм теухуауэ езыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэми нэгъуэщIхэм ятхахэми. Апхуэ-дэ щIыкIэкIэ, ди къэралыш­хуэм щыпсэухэм къагъэлъэгъуэну хуеящ Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр, абы и гу­рыгъу-гурыщIэхэр зэрызэ­да­гуэ­­­шыр, махуэшхуэр зэ­ры­зэ­­д­аIыгъыр. 
- Зэкъуэтыныгъэм и махуэм Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм я усакIуэхэр ди лъэпкъыбзэхэмкIэ усэ-хэм дыкъоджэ, ди Iэдакъэ­щIэкI­хэм къэралышхуэр къы­зэ­­щIедгъэубыдэу. ФIыуэ тлъа­гъу, сыт щыгъуи зытед­гъэ­зэ­жыну тфIэфI щIына­лъэ­хэм ящыщ Пятигорск уса­­кIуэхэр мызыгъуэгукIэ дызэришэлIащ», - жеIэ Къа­ныкъуэм.

Бгыхэмрэ псыхъуэхэмрэ я лъахэм

Зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псо­ми щэнхабзэ, егъэ­джэ­ныгъэ Iуэху щекIуэкIащ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэ­­­фIэкIуэным, щэнхабзэ щIэин­хэр хъумэным, щIэб­лэр хэкупсэу къэгъэхъуным теу­хуауэ. Лъэпкъхэм я зэ­ныб­жьэгъугъэр зыгъэбыдэ зэхыхьэхэм хэтыну жьыми щIэми Iэмал яIащ.
Бахъсэн районым къы­щызэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхухэм я курыхыу щытар япэу шыгъэджэгу зэпеуэр къызэрызэрагъэпэщарщ. IэкIуэлъакIуагъэрэ хахуа­гъэрэ къэзыгъэнаIуэ мы зэ­хьэзэхуэм хэтын папщIэ, Уры­сей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хьэщIэхэри щыIэт. Абы, шэч хэмылъу, а Iуэхум и мыхьэнэр зэрыиныр къигъэлъэгъуащ. 
Бахъсэн районым и Тхыдэ-лъахэхутэ музейм и лэ­жьа­кIуэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэгъусэу щыIащ Прохладнэ къалэм дэт музейм. НыбжьыщIэхэм зыщагъэгъуэзащ тхыдэм, лъэпкъ щэнхабзэм, Урысейм и цIыхубэр зэрызэрыIыгъым и дамыгъэу Зэкъуэтыныгъэм и махуэр зэрагъэувам, абы лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр зэрыригъэфIакIуэм.
Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэкIащ «Дызэкъуэтщ» зы­фIа­ща пшыхь дахэр. Бахъ­сэн къалэ библиотекэм къы­зэригъэпэщащ тхыдэм теухуа «Дызэщхькъым, ауэ ди Хэкур зыщ», «Къэрал лъэ­щым и цIыху цIэрыIуэхэр» зэ­хыхьэхэр. 
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и къудамэм и жэрдэмкIэ, Бахъсэн къалэм и щIыпIэ администрацэм ще­кIуэкIащ «Дэ Урысейм дри­­цIыхущ» Iуэхур. Еджэ­ным­кIэ, спортымкIэ ехъу­лIэныгъэ зиIэ щIалэгъуалэ 54-м я паспортхэр абдеж щратащ. НыбжьыщIэ 56-рэ хэтащ Сабий творчествэмкIэ IуэхущIапIэм къызэригъэпэща шахмат зэпеуэми.
Тэрч районми гуфIэгъуэ зэхыхьэ гукъинэжхэр щрагъэкIуэкIащ Зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуауэ. Абыхэм къызэщIрагъэубыдащ пшыхьхэр, гъэлъэ­гъуэныгъэхэр, спорт зэпеуэ­хэр. ЩэнхабзэмкIэ унэм щы­зэхэтащ «Тэрч - зэныбжьэгъугъэм и псыежэх» рай­он зэхыхьэшхуэр. Сабийхэр щагъэгъуэзащ махуэ­шхуэм и тхыдэм, ар щIагъэлъапIэм, и мыхьэнэм, Хэкум пап­щIэ лIыхъужьыгъэ зе­зыхьа ди адэжьхэм я блэ­кIам, хабзэхэм. Лъэп­къхэр зэкъуэтын, зэгу­рыIуэн зэры­хуейр зыщамы­гъэгъупщэну щIалэгъуа­лэм еущиящ. 
Апхуэдэ гупсысэхэр и лъаб­жьэу, Дзэлыкъуэкъуа­жи щызэхэтащ «Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэ» зэхыхьэр. Абы зэхуишэсат Кавказ ­Ищхъэрэм и щэнхабзэ къулейм дихьэххэр. 
Зэкъуэтыныгъэм и махуэм траухуат Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Лъахэхутэ музейм ще­кIуэкIа «Музейхэм я жэщ-2025» урысейпсо Iуэхури. Псори дэзыхьэх Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыуэпсым, ­Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм цIыхухэм къалъыкъуэкIа лIыгъэм, Тырныаузрэ воль­ф­­рам-молибден къы­щIэ­хыпIэмрэ я тхыдэм зыщагъэгъуэзэну цIыху куэд абы екIуэ­лIащ. ЩIэщыгъуэ ­хъуащ сурэтыщIхэм «Бгы­хэмрэ псыхъуэхэмрэ я лъахэм» зыфIаща гъэлъэгъуэ­ныгъэр.
НэгъуэщI зы Iуэху гъэ­щIэгъуэни, Налшык администрацэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм къызэригъэпэщауэ, екIуэ­кIащ мы махуэш-хуэм ири­­хьэ­лIэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрыр ди зэхуэ­дэ унэщ» щIалэгъуалэ зэ­хыхьэм зыкъыщагъэлъэгъуэну къыт­хуеб­лэгъат ­Чувашием къи­кIа гуп. 
«ИкъукIэ дыгуфIат ди лъа­хэгъухэр Налшык къа­кIуэу щызэхэтхам. Дэ абыхэм даIущIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым я лъэпкъ шхыны­гъуэхэр едгъэцIы­хуащ, ды­зэ­дэуэршэращ. Абыхэм къыджаIащ Къэ­бэрдей-­Балъкъэр щIыналъэр ягу зэ­­ры­рихьар, и щIыуэпсымрэ мыбдеж щы­псэухэм я цIыхуфIагъымрэ зэратхьэкъуар. Щыгъуазэ дызэращIамкIэ, мыр етIуа­нэу ахэр республикэм къо­кIуэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ, иджы Налшык нэхъыфIу зрагъэлъэ­гъуащ. Шэч хэлъкъым, мы Iуэхум и фIыгъэкIэ ди зэ­пыщIэ­ны­гъэми зэныбжьэ­гъугъэми зэрызиубгъунум», - жеIэ Чувашием къиIэп­хъукIауэ ди щIыналъэм щыпсэу Мизинэ Ларисэ.
Нэхъыжьым къызэрыхигъэщауэ, Зэкъуэтыныгъэм и махуэм лъэпкъхэр зэрегъэцIыху, зэрешалIэ, жыпIэнурамэ, цIыхубэр зэкъуе­гъэувэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.

11.12.2025 - 09:03

Дылэжьэн хуейуэ ара къудейщ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм

11.12.2025 - 09:03

ФСБ-м и унафэщIым иригъэкIуэкIащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэр

Заседание ФСБ

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.