Лъэпкъым и тхыди щэнхабзи зыхъумэ

Интернетым ВАТСАП-кIэ зэджэ и Iэмалым и фIыгъэ­кIэ сызыхыхьа гуп гъэ­щIэ­гъуэнхэм ящыщщ «Ди бзэ, ди псэ» жыхуиIэр. Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъу, а къэралым IэщэкIэ зэщIэу­зэ­да и дзэхэм я генерал, и ныбжьыр щынэсым тIысыжа Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд зэхиша «дзей» щхьэпэм и фIыщIэкIэ дызэрыцIыхуащ иджыблагъэ телефонкIэ зыкъыспызыщIа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Шордакъ къуажэм дэт курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Къардэн Анжелэрэ сэрэ.
 
ГъэсакIуэ бзылъхугъэм къытхуиIуэтахэм ящыщщ адэ­кIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.
- Аргудан къуажэм дэт ку­рыт еджапIэ №1-м и уна­фэщI Хьэлышх Маритэрэ сэ­рэ, къы­дэгъэщIылIа ныбжьы­щIэ цIыкIухэр ди гъусэу, ды­щыIащ Бахъсэн районым хыхьэ Бак­са­нёнок (Къэсейхьэблэ) къуа­жэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм гъуазджэмкIэ и унафэщIу илъэс 40-м щIи­гъуауэ лажьэ Щхьэгъум Борис и унагъуэм хьэп­шы­пыжьхэр щызэхуихьэсыжу къызэригъэпэща музейм, - щыжеIэ и пэублэ псалъэм Къардэным. 
Щыгъуазэ дызэрыхуэхъуамкIэ, Щхьэгъум Борис и ехъулIэныгъэхэр жыжьэ къыщожьэ. Зэрызэ­кIэ­лъыкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, ар 1969 гъэм Налшык ще­кIуэкIа телефестивалым и дипломантщ, 1974 гъэм республикэм къы­щызэрагъэпэщауэ щыта «Мамырыгъэмрэ лэжьыгъэмрэ» уэрэд зэпеуэм и лауреатщ. 
Челябинск областым хыхьэ Миасс къалэм 1976 гъэм цIыхубэ уэрэдхэр жы­Iэ­ным­кIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIати, Челябинск дэт дзэ гарнизоным уэрэдхэмрэ къафэмкIэ и ансамблыр дэщIыгъуу, Борис а зэпеуэм зэрыщытекIуам пап­щIэ «За отличие в службе» медалым и япэ нагъыщэр ­къратащ, лауреат цIэри къыфIащащ. Абы къыкIэлъы­кIуащ Щхьэ­гъумыр, увыпIэ хъарзынэхэр щызыIэригъэ­хьэу, 1977 гъэм «Iуащхьэмахуэ щыгу щыIу уэ­рэдхэр» телефестивалми 1983 гъэм Вла­дикавказ (Орджоникидзе) щекIуэкIа Iуэ­рыIуатэ зэпеуэми зэрыхэтар. 
- Куэд мэхъу Борис и ехъу­лIэ­ныгъэхэр, ауэ а псом нэхърэ нэхъыщхьэжу езым къи­лъытэр музейм щIэлъыпхъэ хьэпшыпхэр илъэс куэдкIэ зэрызэхуихьэсарщ. Iэмэпсы­мэ зэмыщхьу, илъэсищэ ипэкIэ зэрахьауэ щытауэ щитIым щIигъум уащыхэплъэкIэ, уи нэгум къыщIэмыхьэн плъэ­кIыркъым блэкIа зэманым и щыхьэтхэр, - къыпещэ и псалъэм Анжелэ.
Егъэджа­кIуэм зэрыжиIэмкIэ, Iыхь­лыхэм я фэеплъу илъэс Iэджэ хъуауэ зэрахьэ хьэпшыпхэр Борис къыхуэзыхь и къуа­жэгъухэр щогугъ абыхэм яхуэфащэ пщIэ жылэм и музейм щагъуэтыну. Дэтхэнэ Iэмэпсымэми Iэпслъэпсми, зэ­рыжаIэу, Борис егъэлеяуэ щогуфIыкI икIи фIыщIэшхуэ яхуещI фэеплъхэр зигу пыкIыу къыхуэзыхьа псоми.
Япэ дыдэу «тхыдэщым» тыгъэ хуэзыщIар Ерыджокъуэ Амырбийщ. Адэм и фэеплъ адыгэ къамэм музейм хуэ­фащэ увыпIэ щиубыдащ. Зи ахърэтыр дахэ хъун Шырыт  Мышонэ и ныбжьыр илъэс блыщIым щIигъуат жаIэ, Борис и музейм тыгъэ хьэлэ­мэтхэр щыхуищIам. АтIэми, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым Мышонэ зэман куэдкIэ зэрихьа Iэмэпсымэхэр. 
Щхьэгъум Борис и музейм хьэпшып хьэлэмэт къезы­хьэ­лIахэм ящыщщ Шакъ Iэдэм, Бэрэздж Заурбий, Бэрэздж Хьэдис, Хьэмдэхъу Хьэсанш, Зэрэкъуш Хьэмидбий, Гъут  Зулъкъарней, Нартокъуэ Мурат, Щхьэгъум Хьэсэн, Цагъэ Музэчыр, Бахъсэн къалэм щыпсэу Алокъуэ Исуф, Ерыджокъуэ Мухьэмэд, Балэ Лидэ сымэ. Уэзы Хьэсанэ къи­хьа щыгъэм къежьапIэ хуэ­хъуауэ хуагъэфащэр дом­беякъ лIэщIыгъуэрщ.
- Борис зэрыжиIэмкIэ, - къы­пещэ Анжелэ, - къызытехъукIа и нэхъыжьхэм ябгъэ­дэтым хуэдэу къыщохъу, музейм щызэхуихьэс хьэпшы­пыжьхэм щаIуплъэкIэ. Абы, ди тхыдэм и фэеплъхэм хуэфащэ увыIэпIэ яригъэгъуэту, ахэр къуажэ щIэблэм къахуигъэнэнри и хъуэпсапIэщ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, мурад дахэ зыщIа, зигури зи псэри къуажэм дэлъ дахагъэр хъумэным телажьэу псэу Борис зыхущIэкъур къехъулIэмэ, жылэм дежкIи пщIэшхуэщ.
Мы тхыгъэм сытегушхуэ­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыс­хуэ­хъуа Къардэн Анжелэ, и гъэсэн цIыкIухэр и гъусэу, Къэсейхьэблэ зэрырагъэб­лэгъа щIыкIэм къысхутепсэ­лъыхьыну сыщелъэIум, жиIащ:
- НэхъыжьыфIым къызэригъэпэща музейм хуей дэтхэнэри щIыхьэфынущ. Илъэс 27-рэ хъуауэ щызэхуихьэс хьэпшыпыжьхэр, гу зэрылъыттащи, ди лъэпкъым и блэкIа жыжьэм къыхэбэкъукIам хуэдэщ, апхуэдизу ахэр телъыджащэщи! Алъандэрэ сызэрыщыгъуазэ щымыIэу, гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуа­хэм ящыщщ адыгэхэм щIым телэжьыхьыным, Iэщ зехуэ­ным, шы лъэпкъыфI къэгъэхъуным апхуэдиз гулъытэ ­хуащIу зэрыщытар. Ар до­лъагъу Борис зэхуихьэсыжа Iэпс­лъэпсыжьхэм дащыбгъэ­дыхьэкIэ. Езы тхьэмадэри апхуэдизу гъэхуарэ дахэу а псом топсэлъыхьыжри, Къэсейхьэблэ здэтшахэри зэхахым дихьэхыщарэ тедымауэ едаIуэрт. Си щхьэкIэ къысщыхъужащ Щхьэгъумым зи гугъу ищI лъэхъэнэ жыжьэхэм сакъыхэхутауэ.
- Аргудани Шордакъи икIахэр Къэсейхьэблэ фыщы­дыхьэм, япэщIыкIэ фыз­дра­гъэблэгъар дэнэ? - жытIэу ды­щеупщIым, Анжелэ жиIащ: 
- ПэщIэдзэ лъэбакъуэу дэ да­шащ илъэс куэд щIауэ езы Борис щылажьэ, а къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Жы­лэдэсхэр зыщIэса пэ­шыш­хуэм дыщызэпсэлъащ, зыр адрейм дехъуэхъуащ, ныбжьыщIэхэр тхьэмадэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм, Iуэтэж кIэщIхэм, псалъэгъэнахуэхэм къеджащ. Иужьым дэ псори Щхьэгъум Борис и лъап­сэм драгъэблагъэри, адыгэ шхы­ныгъуэхэмкIэ яузэда Iэнэ зы­къизыхым дыбгъэдашащ.­  Абдежым ини цIыкIуи зыгъэгушхуэ хъуэхъу дахэхэр щы­­зэ­хыдагъэхащ. Музейм ды­щIы­хьэри, щIэлъ хьэпшып­хэм езы Борис къытхутеп­сэлъыхьыжу дабгъэдэтащ. Къыхэзгъэщынут тхьэмадэр цIыкIухэм зэрепсалъэ бзэ гъэхуамрэ зэрызахуигъазэ щIыкIэр зыхуэ­дэм­рэ зэрызгъэщIэгъуар. Абы и псэлъэ­кIэм сабийхэр ди­хьэха­уэ къэ­кIуэжащ. Ап­хуэдэ си щхьэкIэ япэу сыхуэзэу аращ. 
Уэрэдыр зи Iэпэгъу, макъ жьгъыру лъагэмкIэ цIыхубэр зыгъэгушхуэ, пшынауэ Iэзэ, и макъамэ дахэхэмкIэ лъэп­къым яхуэупсэ уэрэджыIакIуэ, IуэрыIуэдз, гушыIэ дахэр зи Iэпэгъу, «Адыгэ (Шэрджэс) щэнхабзэм и дунейпсо фес­тиваль» зыфIаща зэ­пе­уэм 2013, 2020 гъэхэм япэ увыпIэр къыщызыхьа «Кавказ» цIы­хубэ уэрэджыIакIуэ гупым хэт, «Лазурная волна - Сочи-2019» зэхьэзэхуэм и за­къуэу уэрэд щыжыIэнымкIэ дыщэ медаль къыщызыхьа Щхьэгъум Борис Мухьэжид и къуэр ­гъуазджэм зэры­хуэ­лажьэрэ илъэс 50-м щIигъуащ. Бахъсэн районым деж­кIэ ар ехъулIэныгъэш-хуэщ. Борис и макъ лъагэр ишэщIу утыкум щиткIэ, гур щIалэгъуэм хешэ, псэр зыIэпешэ, гухэлъыр гущIэм щотIэпI. 
Борис и гугъапIэ лъагэхэм и Iэр техуащ, ди гъунэгъу республикэхэми, Урысейм и къалэшхуэ куэдми, дунейпсо зэпеуэхэми япэ увыпIэхэр къыщихьащ, дыщэ медалхэри къра­тащ, «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэ-   щащ. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я