Урысейм и Президент Путин В. В. «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием зыщеплъыхь.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Налшык къалэм къы­щыкIуам «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щыIащ икIи конструктор, инженер ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащ. Къэралым и УнафэщIым и гъусащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. сымэ.
ТворчествэмкIэ сабий академиер 2016 гъэ лъандэрэ мэлажьэ икIи абы иджыпсту цIыкIухэр щеджэ пэшу, лабораторэу 43-рэ иIэщ, спортым зыщыхуагъасэ, къыщыфэ, нэгъуэщI пэшышхуэхэр хэтщ. Апхуэдэу сабий академием библиотекэ, правовой щIэныгъэхэр щрагъэгъуэт классхэр, музыкэмкIэ Темыркъан Юрий и классыр, гъуазджэмкIэ Шемякин Михаил и классыр хэтщ. Мы IуэхущIапIэм хохьэ естественно-математикэ зэпеуэхэм зи зэфIэкIыр щызыгъэлъэгъуа, япэ-епщы­кIузанэ классхэм щIэс сабийуэ 250-м щадэлажьэ лицей, зи ныбжьыр илъэси 5 - 17-м ит школакIуэу 6000-м нэблагъэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт центр, «Кванториум» сабий технопарк гъуазджэм, спортым, щIэныгъэм я лъэ­- ны­къуэкIэ нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэ­-дэлъ сабийхэр къыхэзых икIи абыхэм ядэIэ­пыкъу «Антарес» щIыналъэ цент­рыр.
Урысейм и Президентыр «Кванто­риум» сабий технопаркым и класс зыбжанэм еплъащ. РобототехникэмкIэ клас­сым абы щыгъуазэ зыщищIащ къалэхэм кIэрыху­бжьэрыхухэр зэхэхауэ щызэхуэ­зы­хьэсыфыну робот зыбжанэм я моделхэр. Энерджи-квантумымкIэ пэшым Путин Владимир щеплъащ къурш щIыналъэ пхыдзахэм къыщагъэсэбэпыфын хуэдэу ягъэхьэзыра ягъэIэпхъуэ гидроэлектростанцым. Къэралым и Iэтащхьэр космо-квантумымкIэ пэшым щылажьэ еджа­кIуэхэм епсэлъащ, сабий академием и «КъегъэлакIуэ ныбжьыщIэ» классым щыIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.