Министрымрэ студентхэмрэ я зэIущIэ![]() КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ академием и студентхэм. СыхьэтитIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и Iэна- тIэм щыIэ щытыкIэм, апхуэдэуи министрым жэуап яритащ ныбжьыщIэхэм я упщIэхэм. Студентхэр щIэупщIащ медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмалхэр, иджырей технологиехэр щIыналъэм къызэрыщагъэсэбэпым, щыIэ гугъуехьхэм, егъэджэныгъэр, лэжьыгъэм и пIалъэ зэрыхагъэгъуазэр къызэрызэгъэпэщар егъэфIэкIуэным зэреплъхэр къаIуэтащ. НыбжьыщIэхэм жаIащ дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэр Iуэхум нэIуасэ щыхуащIу медицинэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуэщIыпхъэр, я Iэзагъэм нэхъыфIу хагъэхъуэфын папщIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр абы егъэгъуэтын зэрыхуейр. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










