ХуэмыщIауэ псэухэм зыщIагъакъуэ

Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 7-м, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, УФ-м и Правительствэм сом мелуан 650-м щIигъу ятригуэшэнущ социальнэ зэгурыIуэныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ я цIыхухэм ядэIэпыкъун папщIэ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ Мишустин Михаил.
НобэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым социальнэ зэгурыIуэныгъуэу 545-рэ щызэращIылIащ икIи а Iуэхугъуэхэм ахъшэу сом мелуан 91-м щIигъу хухахащ. 
Республикэм щыпсэухэмрэ къэралымрэ зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIа унэтIыныгъэхэм нэхъыбэу хохьэ: лэжьыгъэ IэнатIэ къэгъуэтыныр (253-рэ), IуэхущIапIэ къызэIухыныр (186-рэ), унэ-пщIантIэ, жыг хадэ зехьэныр (79-рэ), щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэм дэIэпыкъуныр (27-рэ). 
 Апхуэдэуи УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм сом мелард 1,3-м нэблагъэ ятригуэшэнущ хуэмыщIауэ псэухэм зэ тыгъуэу хухах пособиеу иратын папщIэ. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мелуани 9,5-м щIигъумрэ цIыхубз уэндэгъуу мини 150-м ар иратащ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, къэралым цIыхухэм ярищIылIэ социальнэ зэгурыIуэныгъэр зыхуэгъэпсар хуэмыщIахэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэщ.

 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.