«Дыдейхэм депцIыжыркъым!» къыхуеджэныгъэм щIэту

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм КъБР-м и Парламентым жэпуэ­гъуэм и 24-м щригъэкIуэкIащ республикэм «Зэдэлэжьэныгъэ» ­зыфIаща жылагъуэ зэхыхьэм и республикэ къудамэм и ещанэ зэIущIэр. 

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и къудамэу къалэхэмрэ районхэмрэ щыIэхэм я лIыкIуэхэри зыхэта зэхыхьэр къыщызэIуихым, зи гугъу тщIы IэнатIэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий къыхигъэщащ:
- Дызэрыт зэманым Урысей Федерацэр зэхэгъэкIыпIэ ин иуващ - зэрыщытауэ, зи щхьэр зыхъумэжыф къэрал лъэщу дыкъызэтенэну хьэмэрэ, КъухьэпIэ хэгъэгу­хэм я унафэщIхэр зэрыхущIэкъуу, цIыкIу-цIыкIуу зэбгрылъэлъыжынкIэ хъуну жы­хуаIэу. Иужьрейм ехьэлIауэ нэхъ шына­гъуэ дыдэу ди политикхэм къалъытэр къэралым алъандэрэ лъабжьэ быдэ хуэхъуу, лъэпкъыбэр зэгурызыгъаIуэу ди цIыхухэм къадекIуэкIа зэхэщIыкIым удын бзаджэ ирахынкIэ зэрыхъунурщ. Абы пап­щIэ УФ-м и жагъуэгъухэм къагъэсэбэпхэм ящыщщ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр ди Те­кIуэныгъэкIэ имыухауэ, СССР-м абы мы­хьэнэшхуэ щимыгъэзэщIауэ зэрагъэIури.   
2025 гъэр псом ди дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ илъэсу къыщIэкIащ. Абы зы Iуэхугъуэу зэрипхащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 мы гъэм зэрырикъуамрэ къэралым и иджырей къыщхьэщыжакIуэхэм Iэтауэ пщIэ зэрыхуэтщIымрэ. Шэч хэлъкъым, Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ди япэ ита ди адэжьхэм фашизмэм текIуэн папщIэ зэрахьа лIыгъэм къызэрыпащэм. АтIэми, къэралым и тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Хэкур гугъуехь нэхъ ин дыдэхэм щыпэщIэувэм деж, Урысейм и лъэпкъыбэ жылагъуэм, и дзэ зэщIэузэдахэм, къулыкъущIэхэм, щIэныгъэлIхэм, егъэджа­кIуэ­хэм, еджакIуэхэм, я гупсысэкIэ, зыпэрыт IэнатIэ емылъытауэ, хьэл-щэн нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщу къагъэлъагъуэр зэрызэкъуэтырщ, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэ-бзыпхъэ нэхъыфIхэр ди щIэгъэкъуэну, зым и пащхьэ адрейм цIыхугъэ нэс зэрыщызэрихьэрщ, - дыщIигъуащ и псалъэм Берд Хьэзрэталий.
Тхьэмадэм зэригъэнэIуамкIэ, гудзакъэ-гулъытэ зыхэлъ ди цIыху минхэм мы зэманым дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэм ахъшэ хузэхалъхьэ, зауэ хуэIухуэщIэ бронежилетхэмрэ хущхъуэхэмрэ къащэху, ерыскъыхэкIхэмрэ щыгъын хуабэхэмрэ зэрагъэпэщ. КъинэмыщIауэ, Урысей ­Федерацэм къыхыхьэжагъащIэ щIыналъэхэм исхэми зэрыкъэралу доIэпыкъу. А псори дэ къызэрыдгурыIуэ хъунур тщыщ дэтхэнэми жэуаплыныгъэ нэс зэрыдбгъэ­дэлъырщ. 
- ТекIуэныгъэр къыщахьыр зэуапIэм и закъуэкъым, - жиIащ Бердым, - ар зыIэрагъэхьэ дзэлIхэм я щIыбагъ дэт цIыхухэм я гуащIэдэкI лэжьыгъэкIи. Ар жаIэрт ди япэ ита ди адэжьхэу Хэку зауэшхуэм хэтахэми абыхэм сыт и лъэныкъуэкIэ защIэзыгъэ­къуахэми. Ди зэманымкIэ къедгъэзэ­кIыжынщи, къыхуеджэныгъэр къызэрыдгурыIуэ хъуну къэслъытэр жылагъуэ лэжьакIуэхэм, волонтерхэм, гудзакъэ зыхэлъ цIыху къызэрыгуэкIхэм дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI псэзэпылъхьэпIэм Iут ди щIалэхэм а IэнатIэ мытыншыр я гулъытэхэмкIэ зэрыщагъэпсынщIэрщ. 
Ди адэжьхэу Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ТекIуэныгъэ Ин къытхуэзыхьахэр щапхъэ тхуэхъукIэрэ, Урысей Федерацэм и лъэр иджырей дунейм щыхигъэ­быдэнымкIэ, псом япэрауэ, дэIэпы­къуэгъу лъэщу дэ диIэр мы иджырей зэпэщIэувэныгъэм хэт ди дзэлIхэрщ, къи­нэ­мы­щIауэ, къэхутэныгъэщIэхэр езыгъэ­кIуэкI ди щIэныгъэлIхэрщ, щэнхабзэм, цIыхухэр егъэджэным, узыншагъэр хъу­мэным телажьэхэрщ, экономикэм зыкъыщезыгъэIэту къэралым зыужьыныгъэ зэпIэ­зэрыт къахуэзыхьхэрщ.
УФ-м мы зэманым къыщыунэхуа «Дыдейхэм депцIыжыркъым!» къыхуеджэныгъэм хэкупсэ мелуанхэр зэкъуигъэуващ. Къэралым и цIыхухэм къабгъэдэкI а хущытыкIэр зауэлIхэми зыхащIэ. Ауэ щы­хъукIи, дэ дыхуиткъым, дазэрыдэIэпы­къум дригъэзэша хуэдэ, ди щIалэхэм зэрызащIэдгъакъуэм кIэрыдгъэхурэ ди гугъэри хэтхыжу, детIысэхыжыну. Ди къэралым и Президент Путин Владимир зэрыжиIауэ, «дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыналъэхэми езы къэралми щызэфIагъэкI лэжьыгъэ иныр ТекIуэныгъэр къэтхьы­нырщ зыхуэунэтIари, дыкъыщыувыIэ хъуну­ри ар зэдгъэхъу­лIа иужькIэщ.…», - къыщыхигъэщащ адэ­кIэ и псалъэм Берд Хьэзрэталий. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм иригъэкIуэкIа мы зэхыхьэм хэтащ, я Iуэху еплъыкIи щыжаIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, УФ-м и Жылагъуэ палатэм лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэмрэ Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэ, «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» зыфIаща урысейпсо жыла­гъуэ-къэрал советым хэт Зорин Владимир, ­Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ ­къудамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеран, дзэ Iуэху хэхам уIэгъэ щыхъуа, КъБР-м и Парламентым и депутат, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым жылагъуэ-хэкупсэ гъэсэ­ныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Шевчук Герман, республикэм и Шэджэм щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм егъэ­джэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI, социальнэ IуэхухэмкIэ тхьэмадэм и къуэдзэ Iэрыпщэ Жаннэ, ­КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс сымэ, нэгъуэщI­хэми.
ЗэIущIэм щIэсахэм IэIэткIэ къызэдащтащ зытепсэлъыхьам теухуа къыхуеджэ­ныгъэр.
ХЬЭТЫКЪУЭ  ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.