ЩIэблэр я чэнджэщ щIагъэдэIу

«Къэрал сыхьэтым» хыхьэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и депутатхэр яIущIащ Налшык къалэм и курыт школ №6-м щеджэхэм.

ЕплIанэ классым кIуэ цIыкIухэм епсэлъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ сымэ. 
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Емуз Нинэ къыхигъэщащ «Къэрал сыхьэтым» хыхьэу КъБР-м и Парламентым кърагъэблэгъахэм псом нэхърэ нэхъыщIэу къыщIэкIар ахэр зэрыарар. Ар тепсэ­лъыхьащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм, цIыхухэр къэрал хабзэхэм пасэу хэгъэгъуэзэным депутатхэм гулъытэ хэха зэрыхуащIым.
ЗэIущIэхэр щекIуэкI пэш нэхъыщхьэм и гугъу щищIым, Емуз Нинэ къыхилъ­хьащ еджакIуэхэр депутат тIысыпIэхэм щысу зы жэрдэм къагупсысу абы папщIэ IэIэт ирагъэкIуэкIыну. Апхуэдэу ныбжьы­щIэхэм электроннэ IэIэткIэ зэдэарэзыуэ даIыгъащ школхэм физическэ щэнхабзэмкIэ дерсхэр нэхъыбэ ящIыну зэры­хуеймрэ класс псоми щIэсхэр шэджа­гъуашхэкIэ къызэрагъэпэщынымрэ теу­хуа я проектыр.
Къардэн Мурат и гъащIэ гъуэгуанэм щытепсэлъыхьым, къыхигъэщащ, абы­хэм я ныбжьым щитым, IэщIагъэ хуэхъунур къыхихауэ зэрыщытар. 
- Сабийм и япэ гъэсакIуэр школ егъэджакIуэхэращ. Набдзэгубдзаплъэу федаIуэ абыхэм къывжаIэмрэ фызыхуаущиймрэ. Школращ псоми я щIэдзапIэр. Абдеж лъабжьэ щывогъуэт, адэкIэ фэ езыр фыхущIэкъун хуейщ фи къэухьым зэрызевгъэужьыным. Лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэхэр щы­псэу ди щIыналъэмрэ къэралымрэ пкъыгъуэ куэду зэхэгъэува пазл инышхуэм ебгъэщхь хъунущ. Дэ абы псори дриIыхьэ цIыкIущ. Дэтхэнэми абы хэлъхьэныгъэ хуищIыфынущи, ехъу­лIэныгъэхэм ерыщу фыхущIэкъу, - жиIащ Къардэным. 
Кансаевэ Еленэ ныбжьыщIэхэм яжри­Iащ цIыхум хъуэпсапIэ иIэн зэрыхуейр. «Мурадышхуэхэр зыхуэвгъэувыж, абы­хэм фызэрыхуэкIуэ­ным фыхущIэкъу. Дыщогугъ нобэрей ди зэхуэсыр къы­ф­щхьэпэну, фи гум къинэну», - жиIащ къэпсэлъам. 
Депутатхэм цIыкIухэр щIагъэдэIуащ езыхэм я сабиигъуэм епха хъыбар гъэ­щIэгъуэнхэм. Абыхэм дыщIагъуащ фIы­уэ еджэным, анэдэлъхубзэхэр ящIэным, зэныбжьэгъугъэм и мыхьэнэр къагу­рыIуэным фIыгъуэ зэрыхэлъыр. 
НыбжьыщIэхэм спортымрэ творчествэмрэ щаIэ зэфIэкIхэр депутатхэм жраIащ, къахьэхуа кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр ирагъэлъэгъуащ. Адэ-анэхэм депутатхэм фIыщIэ хуащIащ ­гуапэу къазэрыIущIам папщIэ икIи къыхагъэщащ зэIущIэр сабийхэм гукъинэж зэращыхъуным шэч къызэрытрамы­-хьэр. 
ЕджакIуэхэм я лъэIукIэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ я гъусэу сурэт зытрагъэхащ. ХьэщIэ цIыкIу­хэм зыщаплъыхьащ республикэм и ха­бзэубзыху IуэхущIапIэм и унэм. 
КъБР-м и Парламентым и
пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ